Мы къыдэкІыгъуэм щызэхуэхьэсащ Тхьэм и Псалъэм щыщ тхылъитІ. Тхьэм и Псалъэр – Библиер – дуней псом нэхъ пщІэ зыщыхуащІ икІи щадж тхылъхэм ящыщщ. Абы къыхэкІкІэ, дэтхэнэ цІыхуми, ар къызыхэкІа лъэпкъми, и динми, щыпсэу щІыпІэми емылъытауэ, и бзэкІэ а тхылъым еджэну Іэмал игъуэтын хуейщ. Іэджэ щІауэ цІыхухэр зыгъэпІейтейуэ къекІуэкІ упщІэхэм жэуап ярет Библием: дэнэ дыкъыздикІар, сыт дыщІэпсэур, сыт апхуэдиз мыгъуагъэ дунейм щІытетыр, цІыхур лІэмэ, къыщІэлъыр сыт?

Библиер Хьисэ и Іумэтым итхэм я Тхыгъэ лъапІэщ, ауэ ар зыхуэгъэзар абыхэм я закъуэу зи гугъэхэр щоуэ. Библием щыщ Іыхьэ куэд муслъымэнхэми ягъэлъапІэ – ахэр КъурІэным зи гугъу ищІ бегъымбархэм ятепсэлъыхь тхылъхэрщ. ЗэуIу тщIа тхылъитIым я зыр Даут бегъымбарым и адэжьхэм теухуащ, адрейр зытепсэлъыхьыр Инус бегъымбарырщ.

ТхылъитІми хэзыгъэгъуазэ Іыхьэ яІэщ. Абыхэм къыуагъащІэ тхылъхэр зытеухуар, уи нэгу къыщІагъэхьэ а псор къыщыхъуа зэманыр, щІыпІэр, къаІуатэ Іуэхугъуэхэр щекІуэкІа хэкухэм а зэман жыжьэм я щытыкІар.

Библиер зэдзэкІынымкІэ Институтым икъукІэ и гуапэщ адыгэбзэкІэ еджэхэм Библием щыщ Іыхьэхэр а бзэмкІэ ябгъэдилъхьэныр. Мы тхылъхэр зэдзэкІыным цІыху куэд елэжьащ – зэдзэкІакІуэхэр, щІэныгъэлІхэр, редакторхэр. Абыхэм я лэжьыгъэм папщІэ фІыщІэ ин яхудощІ.

Библиер зэдзэкІынымкІэ Институт

Руфэ и хъыбар

Гузэвэгъуэшхуэ къытепсыхэу, иужьым куэду Тхьэм и нэфІ къызыщыхуа, израил лъэпкъым щыщ зы унагъуэ теухуа хъыбарщ мыр, тхыдэм щыщу. Къыщыхъуар Израилырщ, илъэс минищ хуэдэ и пэкІэ. А зэманым израил лъэпкъым пащтыхь яІэу щытакъым, къэралыр зезыгъакІуэр хеящІэрт. ХеящІэм и къалэныр зэригъэзащІэм къищынэмыщІауэ, гъунэгъу лъэпкъхэр къащытеуэм деж ар дзэ паши хъурт. ЦІыхубэратэкъым хеящІэр тезыгъэувэр, атІэ езы Тхьэм къыхихырт, абы къыхэкІкІэ хеящІэр къулыкъу лъагэт.

Израил лъэпкъыр Зиусхьэну Тхьэм къыщыбгъэдэкІа зэмани щыІащ. Къагъэзэжын папщІэ, абыхэм гъэунэхуныгъэ зэмылІэужьыгъуэхэр, насыпыншагъэхэр къахуигъакІуэрт Тхьэм, зауэ, гъаблэ сыт жыпІэми. Руфэ теухуа тхылъыр къыбгурыІуэн папщІэ, абы щыгъуэ зекІуа хабзэхэм, Мусэ бегъымбарым Теурэтым щитхыжахэм, уащыгъуазэу щытын хуейщ. Мы тхылъым псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуещІ «щэхужакІуэ» цІыхум иІа къалэнхэм. Пасэм Израилым щэхужакІуэ щыхъужыр Іыхьлы гъунэгъут, Теурэт ХабзэмкІэ къалэн хэхахэр иІэу. ЩэхужакІуэм и Іыхьлым и лъапсэр къищэхужын хуейт, абы ар ІэмалыншагъэкІэ ищэн хуей хъумэ, икІи и Іыхьлыр къищэхужын хуейт, ар пщылІыпІэ ихуамэ. И Іыхьлым илъ ищІэжынуи абы къытехуэрт. Бын къыщІэмыну и Іыхьлыр дунейм ехыжмэ, щэхужакІуэм абы и фыз къыщІэнар щхьэгъусэ ищІын хуейт. Абы щыгъуэ япэу къалъху къуэр дунейм ехыжам и къуэу ябжырт, икІи абы къыщІэна мылъкур, лъапсэр зэрыщыту сабийм къылъысырт. Дунейм ехыжар лъэужьыншэу мыкІуэдыжу къанэрт апхуэдэ щІыкІэкІэ.

НэгъуэщІ хабзи ущрохьэлІэ Руфэ теухуа тхылъым, тхьэмыщкІэхэмрэ хэхэсхэмрэ къыщхьэщыжу. А хабзэм хуэмыщІахэр хуит ищІырт, гъавэр Іуахыжа нэужь, щхьэмыж кІэрыхуахэр губгъуэм къыщащыпыну. Абы ипкъ иткІэ гъавэр къэзыхыжхэм тхьэмыщкІэхэм папщІэ губгъуэм щхьэмыж къранэн хуейт.

Руфэ теухуа тхылъым наІуэ ещІ Тхьэм израил лъэпкъым зэрыпсэуну хабзэ яхуигъэуву, Тхьэм щыгугъыу икІи и унафэм щІэту псэухэм Абы и нэфІ къащыхуэу зэрыщытар.

НэгъуэщІ лъэпкъым щыщхэри Тхьэм къыхиха лъэпкъым щыщ зэрыхъуфынум, Тхьэм и жьауэ зэрыщІэувэфынум и щапхъэ наІуэщ Руфэ и хъыбарыр. Абы быдэу ди фІэщ ещІ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри, зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, Тхьэм къызэрищтэр. Руфэ нэгъуэщІ лъэпкъ къыхэкІами, Зиусхьэну Тхьэм и лъэпкъым щыщ хъуащ. БоІэз дэкІуэри, абы къуэ игъуэтащ. Пащтыхьышхуэ Даут бегъымбарым и адэ Исий Руфэ и къуэрылъхущ.

1

Елимэлэх и унагъуэр и гъусэу МоІэбей зэрыІэпхъуар

1 ХеящІэхэм я зэману Израилым гъаблэ къыщыщыхъуам щыгъуэ Ехьудей хэкум ит Бэтлъэхъем жылэм щыщ зылІ, и щхьэгъусэри и къуитІри щІыгъуу, МоІэбей къэралым кІуащ, пІалъэкІэ щыпсэуну. 2 А лІым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэІумий, и къуитІым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоІэбей Іэпхъуауэ щыпсэурт.

3 Куэд дэмыкІыу, Елимэлэх, НэІумий и лІыр, дунейм ехыжри, ар и къуитІым къабгъэдэнащ. 4 Ауэрэ и къуитІым моІэб лъэпкъым щыщхэу щхьэгъусэ зрагъэгъуэтащ – зым Іурпэ, адрейм – Руфэ я цІэу. ИлъэсипщІ хуэдизкІэ ахэр а щІыпІэм щыпсэуауэ, 5 Мэхълэни Къилиуэни дунейм ехыжри, НэІумий и щхьэгъусэри и къуитІри имыІэжу къэнащ.

НэІумий Бэтлъэхъем зэригъэзэжар

6 Зиусхьэну Тхьэм и лъэпкъым закъыщІигъакъуэу, гъавэ бэв къаритауэ МоІэбей щагъэхъыбару зэхихри, НэІумий и хэкужьым игъэзэжыну зигъэхьэзыращ и ныситІри и гъусэу. 7 Ахэр щІыгъуу, щыпсэуа щІыпІэр къигъанэри, Ехьудей щІыналъэм кІуэжыну гъуэгу теуващ НэІумий.

8 Куэд ямыкІуауэ, НэІумий и ныситІым яжриІащ:

– Вгъэзэжи, щхьэж и дыщ фекІуэлІэж. Зиусхьэным гущІэгъу къыфхуищІ си къуэ мыгъуэхэми сэри фыкъытхуэгумащІэу зэрыщытам хуэдэу! 9 ПІэщхьагъ дахэ тІуми Зиусхьэным фигъэгъуэтыж!

Апхуэдэу жиІэу, НэІумий и ныситІым ІэплІэ, ба щахуищІыжым, ахэр къыщиудри, захуэмыубыдыжу къэгъащ.

10 – Хьэуэ, дэри уи гъусэу дынэкІуэнущ уи хэкум, – жаІащ абыхэм.

11 – Хьэуэ, хьэуэ, вгъэзэж, сипхъу цІыкІухэ! – идакъым НэІумий. – Сыт фэ си гъусэу фыныщІэкІуэнур? Сэ згъуэтыжыфыну фэ щхьэгъусэ фхуэхъун къуэ? 12 Вгъэзэж, сипхъу цІыкІухэ, сэ жьы сыхъуащ, дэнэ сыщыдэкІуэжын? Бын згъуэтыжыну сыгугъэми, ныжэбэ лІы сригъусэу итІанэ къуэхэр къэслъхуми, 13 ахэр къэхъуху дауэ фежьэн? Апхуэдиз зэманкІэ фыдэмыкІуэжу дауэ фыдэсын? Хьэуэ, си тІасэхэ! Фэ фи Іуэхум нэхърэ сэ си Іуэхур нэхъ хэплъэгъуэщ – сэ Зиусхьэным и ней къысщыхуэри си гъащІэр дыдж ищІащ!

14 Абдежым абыхэм аргуэру гъын кърагъэжьэжащ. Арати, Іурпэ и гуащэм ІэплІэ, ба хуищІыжри, ежьэжащ, ауэ Руфэ НэІумий имыутІыпщу зыкІэрикъузэрт.

15 – Мес, уи нысэгъум и лъэпкъым, и тхьэхэм я деж егъэзэж, уэри абы и гъусэу гъэзэж, – жриІащ НэІумий Руфэ.

16 АрщхьэкІэ Руфэ жиІащ:

КхъыІэ,

Сыхыумыгъэзыхь укъэзгъэнэну,

Си щІыбыр ныпхуэзгъэзэну.

Уэ уздэкІуэ сэри сыкІуэнущ,

УкъыщыувыІи сыкъыщыувыІэнущ.

Уи лъэпкъри си лъэпкъыу,

Уи Тхьэри си Тхьэу щытынущ.

17 Уэ ущылІэ сэри сыщылІэнущ,

Абдежи сыщыщІалъхьэжынущ.

Зиусхьэным и ней къысщыхуэ,

Си псэр Іуту сэ укъэзгъанэмэ!

18 И гъусэу кІуэну Руфэ мурад быдэ зэрищІар къыщыгурыІуэм, НэІумий ар хигъэзыхьыжакъым. 19 Арати, цІыхубзитІым гъуэгуанэ кІыхьыр зэпачри, Бэтлъэхъем нэблэгъащ. Ахэр къыщалъэгъуам, жылэдэсхэм абыхэм фІэкІа Іуэху яІэжтэкъым. ЦІыхубзхэм ягъэщІагъуэрт:

– А-на, мор НэІумий? – жаІэурэ.

20 – АфІэкІа сэр щхьэкІэ НэІумий жывмыІэ, МарэкІэ фыкъызэджэ, – яжриІащ НэІумий абыхэм. – Ар щІыжысІэр Псори ЗылъэкІым си гъащІэр дыдж Іей ищІащи аращ. 21 Сэ мыбы зыри сыщымыщІэу сыдэкІащ, арщхьэкІэ Зиусхьэным зыри симыІэжу къызигъэгъэзэжащ. Сыт сэ НэІумийкІэ фыкъыщІызэджэнур? Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ, Псори ЗылъэкІым насыпыншэ дыдэ сищІащ.

22 Апхуэдэ щІыкІэкІэ НэІумий МоІэбей къикІыжащ, и нысэр – моІэб лъэпкъым щыщ Руфэ – щІыгъуу. Ахэр Бэтлъэхъем къыщысыжам, хьэр къахыжын щІадза къудейт.

2

Руфэ БоІэз зэрыхуэзар

1 НэІумий зы благъэ гъунэгъу иІэт, и щхьэгъусэмкІэ къыгухьэу – Елимэлэх и унэкъуэщ, къулейуэ икІи пщІэ зыхуащІ цІыхуу. Абы зэреджэр БоІэзт.

2 МоІэбей щыщ Руфэ НэІумий махуэ гуэрым жриІащ:

– Хуит сыпщІамэ, губгъуэм сыдэкІынти, гуапэу къызэплъ зыгуэрым и ужь ситу щхьэмыж кІэрыхуахэр къэсщыпынт.

– КІуэ, сипхъу цІыкІу, – хуигъэдэхащ НэІумий.

3 Губгъуэм дэкІри, абы хьэр къэзыхыжхэм я ужь иту щыпэн щІидзащ. Ар здэкІуар Елимэлэх и унэкъуэщ БоІэз и щІапІэу къыщІэкІащ.

4 Езы БоІэзи, Бэтлъэхъем къикІри, абы ирихьэлІэу и лэжьакІуэхэм къахыхьащ.

– Зиусхьэным къывдигъэпсынщІэ! – сэлам ярихащ абыхэм.

– Зиусхьэным и нэфІ къыпщыхуэ! – къратыжащ жэуап.

5 – Хэтхэ ей хъуну мо цІыхубз цІыкІур? – жиІэри БоІэз и лэжьакІуэхэм я нэхъыжьым еупщІащ.

6 Абы жэуап къритыжащ:

– Ар НэІумий МоІэбей къыщикІыжым и гъусэу къэкІуа моІэб цІыхубзырщ. 7 «КхъыІэ, хъуну щытмэ, хьэр къэзыхыжхэм я ужь ситу кІэрыхуа щхьэмыжхэр пхыр зэхуакухэм къыщызгъэщып», – жиІэри къызэлъэІуащ. Нышэдибэ лъандэм, губгъуэм къызэрыкІуэрэ иджыри къэс, и щхьэр къимыІэтауэ мэлажьэ, пщыІэ лъабжьэм тІэкІу зэрыщетІысэхар хыумыбжэмэ.

8 БоІэз Руфэ бгъэдыхьэри жриІащ:

– Мыдэ къызэдаІуэт, ди шыпхъу, мыбдеж уІукІыу нэгъуэщІ губгъуэ щыпакІуэ умыкІуэ. Си унэІут цІыхубзхэм я гъусэу мыбдеж къанэ. 9 Си лІыщІэхэм дэнэ деж щыІуахыжми уакІэлъыплъурэ, си унэІут цІыхубзхэм якІэлъыкІуэ. Си лІыщІэхэм уи гугъу къамыщІыну унафэ яхуэсщІащ. Псы пхуэлІэхуи си унэІутхэм къахь кхъуэщынхэм ярытым щыщ ефэ.

10 И щхьэр щІым нэсу, Руфэ БоІэз щхьэщэ хуищІри, жиІащ:

– Сыт апхуэдизу уи нэфІ къыщІысщыхуар? Апхуэдиз гулъытэ сыт хамэ къэралым щыщым щІыхуэпщІыр?

11 БоІэз жэуап къритыжащ:

– Сэ зэхэсхащ, уи щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужь, уэ уи гуащэм хуэпщІа псор – уи адэ-анэри уи хэкури къэбгъанэу, умыцІыху лъэпкъым удэпсэуну укъызэрыкІуар. 12 ІуэхуфІу пщІа псори Зиусхьэным бэгъуауэ къыпхуищІэж! Зи жьауэм ущІэтыну укъызыхуэкІуа Израилым и Тхьэу Зиусхьэным фІыгъуэу щыІэр къыпхуищІэ!

13 – ДяпэкІи апхуэдэу фІыуэ Тхьэм укъысхущигъэт, зи пщІэр лъагэ хъун, – жиІащ абы. – Си гур фІы схуэпщІащ, сэ – уи пщылІым – дахэ къызжепІащ, уи унэІутхэм я зым сримыуасэ пэт.

14 Шэджагъуашхэр къыщысым, БоІэз къеджащ абы:

– КъакІуи, къыддедзакъэ. ЩІакхъуэ къащти, серчэм хэгъапщІэ.

Ар къакІуэу лэжьакІуэхэм къащыбгъэдэтІысхьэм, БоІэз абы хьэ гъэлыгъуа къритащ. Абы зыхуейм хуэдиз ишхри, къыдэхуащ. 15 Ар къэтэджыжу адэкІэ щыпэну ежьэжа нэужь, БоІэз и лІыщІэхэм унафэ яхуищІащ:

– Пхырхэм деж щыщыпэми, абы и гугъу фымыщІ. 16 Фэ езым пхырхэм щыщ щхьэмыжхэр хузэвдзэкІыурэ къыхуэвгъанэ, къищыпын щхьэкІэ, икІи евмыхъуэныж.

17 Руфэ пщыхьэщхьэ хъуху губгъуэм щыщыпащ. Къищыпа хьэр иІуэжри, ефэ нэблагъэу къыщІэкІащ. 18 Ар Руфэ жылэм къихьыжа нэужь, и гуащэм илъэгъуащ абы къищыпар зыхуэдизыр. Руфэ щагъэшхам къыдэхуар къызыкъуихри и гуащэм иритащ.

19 И гуащэр къеупщІащ абы:

– Дэнэ нобэ ущыщыпар? Дэнэ ущылэжьар? Зиусхьэным и нэфІ къыщыхуэ уэ гу къыплъызытам!

Арати, Руфэ и гуащэм жриІащ щылэжьар хэт дежми.

– Нобэ сэ сыщыщыпа щІапІэр зейм зэреджэр БоІэзщ, – жиІащ абы.

20 – Зиусхьэным и нэфІ къыщыхуэ абы! – жриІащ НэІумий и нысэм. – Абы лІахэри псэухэри и гущІэгъум дыхинакъым.

ИкІи дыщІигъужащ:

– А лІыр дэ ди благъэ дыдэщ, зи жьауэ дыщІэзыгъэувэну къызытехуэ ди щэхужакІуэхэм щыщщ.

21 МоІэбей щыщ Руфэ и псалъэм къыпищащ:

– А лІым сэ иджыри «Си лэжьакІуэхэм яригъусэ, си гъавэр псори кърахьэлІэжыху», – къызжиІащ.

22 НэІумий и нысэ Руфэ жриІащ:

– Сыту фІыт, сипхъу цІыкІу, абы и унэІут цІыхубзхэм уазэригъусэнур, нэгъуэщІ гуэрым и губгъуэм лей къыщыптехьэнкІи хъунт.

23 Арати, Руфэ БоІэз и унэІут цІыхубзхэм ягъусэурэ щыпащ, хьэри гуэдзри кърахьэлІэжыху. Ар и гуащэм и гъусэу псэурт.

3

Руфэрэ БоІэзрэ хьэмым

1 Руфэ и гуащэ НэІумий къыжриІащ зэгуэрым:

– Уэ пІэщхьагъ зэрозгъэгъуэтыжыным сегугъун хуейкъэ, сипхъу цІыкІу, уи насыпыр зэтеувэжын щхьэкІэ? 2 Зи унэІут цІыхубзхэм уаригъуса а БоІэз дэ ди Іыхьлыкъэ? НтІэ, къэдаІуэ, ныщхьэбэ абы хьэмым хьэр щыщІегъэпщ. 3 Аращи, зыгъэкъабзэ, мэ гуакІуэ къызыпих дагъэ зыщыхуэ, уи щыгъын нэхъыфІхэр зыщытІагъи, хьэмым кІуэ. Ауэ абы зыкъомыгъэлъагъу, ефэн-ешхэн иухыху. 4 Ар щыгъуэлъкІэ кІэлъыплъи, здэгъуэлъыр зэгъащІэ. ИтІанэ кІуэи, и лъапэм деж къэІэти, гъуэлъ. Абы къыбжиІэнщ пщІэнур.

5 – Псори уэ зэрыжыпІам хуэдэу сщІэнщ, – жэуап къритыжащ Руфэ.

6 Ар хьэмым кІуэри, и гуащэм унафэ къызэрыхуищІам тету псори ищІащ.

7 БоІэз и ефэн-ешхэныр иухри, гукъыдэжыфІ иІэ хъуауэ, гъавэ самэм и къуагъым щыгъуэлъащ. Руфэ щэхуу къыбгъэдыхьэщ, и лъапэм деж къиІэтри, гъуэлъащ. 8 Жэщыбгым БоІэз къыхэщтыкІщ, зигъазэри, и лъапэм деж цІыхубз щылъу къилъэгъуащ.

9 – Ухэт уэ? – щІэупщІащ ар.

– Сэ сы-Руфэщ, уи унэІутырщ, – жиІащ Руфэ. – Уи щыгъын кІапэр къыстеубгъуэ , сыту жыпІэмэ уэ ди щэхужакІуэ Іыхьлы гъунэгъухэм уащыщщ.

10 – Зиусхьэным и нэфІыр къыпщыхуэ, ди шыпхъу, – жиІащ БоІэз. – Мы ІуэхуфІ уэ пщІар уи гуащэм иджыри къэс хуэпщІа псом нэхърэ нэхъыфІыжщ, уэ щІалэхэм, къулейуи тхьэмыщкІэуи ирехъуи, къакІэлъыбжыхьакъым. 11 Иджы, ди шыпхъу, умышынэ. Сэ уэ узыщІэлъэІуа псор пхуэсщІэнщ. Ди жылэм дэс псоми ящІэ уэ цІыхубзым пщІэ зэрыпхуэфащэр. 12 Пэжщ, сэ сыщэхужакІуэ гъунэгъущ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ гъунэгъужи щыІэщ. 13 Мыбдеж нэху къыщекІи, пщэдджыжь абы укъишэну хуеймэ, хъарзынэщ – апхуэдэу ирехъу. Ауэ ар хуэмеймэ, сэ укъызошэ. Ар пэжщ Зиусхьэныр зэрыщыІэр зэрыпэжым хуэдэу. Мыбдеж щыжей, нэху щыху.

14 Ар абы и лъапэм деж нэху къыщекІащ, ауэ жьы дыдэу къэтэджащ, иджыри зы цІыхур адрейм къимыцІыхуфыну кІыфІу. «Зыми къремыщІэ хьэмым цІыхубз къызэрыкІуар», – жиІащ БоІэз.

15 Абы Руфэ жриІащ:

– Мыдэ къащтэт птеубгъуа уи ІэлъэщІыр.

Руфэ и ІэлъэщІыр зытрихри, къыхуишиящ, БоІэз абы хьэ пщалъих трикІутэри, дэІэпыкъуурэ къригъэщтащ. БоІэз жылэм игъэзэжащ абы и ужькІэ.

16 Руфэ и гуащэм деж къэкІуэжа нэужь, НэІумий къеупщІащ:

– Дауэ хъуа, сипхъу цІыкІу?

Арати, Руфэ абы жриІэжащ БоІэз къыхуищІа псор, 17 икІи къыпищащ:

– Абы «Уи гуащэм деж ІэнэщІу умыгъэзэж», – жиІэри, мы хьэ пщалъихыр къызитащ!

18 НэІумий жиІащ:

– УмыпІащІэ, сипхъу цІыкІу, плъагъункъэ а Іуэхур зэриухынур. А лІым и гур зэгъэнукъым, нобэ ар зэфІимыгъэкІауэ.

4

БоІэз Руфэ къызэришар

1 Абы хэту, цІыхур щызэхыхьэ хабзэ жылэ дыхьэпІэм деж кІуэри щытІысащ БоІэз. Арати, зи гугъу ищІа и унэкъуэщ щэхужакІуэр щыблэкІым: «Къэгъази моуэ къэтІыс, си къуэш», – жиІэри еджащ. Абы къигъазэри, тІысащ.

2 БоІэз жылэ хасэм щыщу тхьэмадипщІ къишэри, ахэри игъэтІысащ.

3 Абы и ужькІэ и унэкъуэщ щэхужакІуэм зыхуигъазэри жриІащ:

– НэІумий, МоІэбей къикІыжам, ди къуэш Елимэлэх къыщІэна и щІапІэр ещэж. 4 Сэ къэслъытащ уэ абы щыгъуазэ усщІыну си къалэну, икІи мыбдеж щыт псори, лъэпкъым ди нэхъыжьыфІхэри ди щыхьэту, ар къэпщэхуну ухуеймэ, бжесІэну. Уэ къэпщэхужмэ, хъарзынэщ, ауэ плъэмыкІынумэ, сщІэн щхьэкІэ, къызжеІэ. Уэр фІэкІа ар къищэхужыну зыри хуиткъым, уэ къыпкІэлъыкІуэр сэращ.

– Сэ къэсщэхужынущ ар, – жиІащ абы.

5 Апхуэдэу щыхъум, БоІэз жиІащ:

– НэІумий деж ар къыщыпщэхуж махуэм щхьэгъусэу къэпшэн хуейщ фызабэ Руфэ, моІэб лъэпкъым щыщыр, Мэхълэн мыгъуэм къыщІэнар. Фэ къуэ вгъуэта нэужь, Мэхълэн мыгъуэм и къуэпсыр абы зэфІигъэувэжын икІи и мылъкури къыхуэнэн щхьэкІэ.

6 Ар унэкъуэщ щэхужакІуэм идакъым:

– Абы щыгъуэм сэ а щІапІэр къысхуэщэхужынукъым, сыхилъэфэнкІэ сошынэри. Уэ езым къэщэхуж, сэ апхуэдэу схуэщІэнукъым, – жиІащ.

7 (Япэм щыгъуэ Израилым хабзэ яІащ щІапІэр щащэж-къыщащэхужым деж лъэныкъуитІым языхэзым и вакъэ лъэныкъуэр зылъихрэ адрейм ириту. Апхуэдэ щІыкІэкІэ я зэгурыІуэныгъэм къару игъуэтырт.)

8 Арати, унэкъуэщ щэхужакІуэм, БоІэз «Уэ езым къэщэхуж» жриІэри, и вакъэ лъэныкъуэр лъихащ.

9 Апхуэдэу щыхъум, БоІэз лъэпкъым и нэхъыжьхэми цІыхубэми захуигъэзащ:

– Нобэ фэ фыщыхьэтщ Елимэлэхи, Къилиуэни, Мэхълэни яйуэ щыта псори НэІумий деж къызэрыщысщэхужым. 10 КъищынэмыщІауэ, Мэхълэн къыщІэна фызабэ Руфэ, МоІэбей щыщыр, щхьэгъусэу къызошэ: дунейм ехыжам и щІэиныр езым и щІэблэм къылъысыжу, и къуэпсыр лъэпкъым хэмыкІуэдыкІыжын, и цІэри и Іыхьлыхэм ящымыгъупщэжу, жылэм и тхыдэм къыхэнэн щхьэкІэ. А псом фэ нобэ фрищыхьэтщ!

11 Лъэпкъым и нэхъыжьхэми абдежым щызэхуэса псоми «дрищыхьэтщ» жаІащ, икІи БоІэз къехъуэхъуащ мы псалъэхэмкІэ:

Уи унэ къихьэ цІыхубз цІыкІур

Израил и унагъуэр зыгъэбэгъуа

Рэхъелэрэ ЛеІэрэ хуэдэу,

Зиусхьэным быныфІэ ищІ!

Ефрафэ и деж къулей ущыхъуи,

Бэтлъэхъем уи цІэр щрагъэлъапІэ!

12 А цІыхубз цІыкІумкІэ

Уэ къыпщІэхъуэну щІэблэр

Тэмар Ехьудэ къыхуилъхуа Пэрэз

И лъэпкъым хуэдэ Зиусхьэным ищІ!

Даут бегъымбарым и лІакъуэр

13 Апхуэдэ щІыкІэкІэ БоІэз Руфэ къишэри, щхьэгъусэ хуэхъуащ. БоІэз абы бгъэдыхьэри, Руфэ Зиусхьэным и фІыгъэкІэ уэндэгъу хъури, къуэ игъуэтащ. 14 ЦІыхубзхэм НэІумий къыжраІэрт:

Зиусхьэным и шыкурщ!

Нобэ быныншэу укъигъэнакъым,

УзыпІыжыну къуэ уигъэгъуэтащ!

Уи щІалэ цІыкІум и цІэр

Израилым лъапІэ щрехъу!

15 Абы уэ гъащІэр ІэфІ пщищІыжынущ,

Уи жьыщхьэ узыхуей ухуигъэзэнущ!

Ар къэзылъхуар уи нысэ цІыкІуу

ФІыщэу укъэзылъагъурщ,

УэркІэ къуибл нэхърэ нэхъыфІырщ!

16 НэІумий сабий цІыкІур къищтэри, ІэплІэкІэ кърихьэкІыу, и куэщІым ису ипІащ. 17 Гъунэгъу фызхэм «НэІумий къуэ къыхуалъхуащ» жаІэрт. Абы цІэуэ Іубэд фІащащ. Ар Даут и адэ Исий и адэжырщ.

18 Пэрэз и къуэпсыр мыращ:

Пэрэз и къуэщ Хъэцрэн,

19 Хъэцрэн и къуэщ Рам,

Рам и къуэщ Іэминэдэб,

20 Іэминэдэб и къуэщ Нэхъшун,

Нэхъшун и къуэщ Сэлмэний,

21 Сэлмэний и къуэщ БоІэз,

БоІэз и къуэщ Іубэд,

22 Іубэд и къуэщ Исий,

Исий и къуэщ Даут.