Хьисэ и хъыбарыр Лукас къызэриІуэтэжамкІэ
Хэзыгъэгъуазэ
Ныбжьэгъу лъапІэхэ!
Іинджылыр Тхыгъэ ЛъапІэм (Библием) и зы Іыхьэщ. Іинджылым нэмыщІ, Тхыгъэ ЛъапІэм хыхьащ Мусэ бегъымбарым итхыжа Теурэтыр, нэгъуэщІ бегъымбархэм я тхылъхэр, икІи Забурыр. Тхьэм цІыху лъэпкъыр гуэныхьым къригъэлыну мурадышхуэ зэриІэр а тхылъхэм къыдагъащІэ. Ауэ а мурадышхуэр нэгъэсауэ белджылы къэзыщІыр Іинджылырщ.
Адыгэхэм хьэрыпыбзэм къыхэтхауэ къэдгъэсэбэп «Іинджыл» псалъэр нэхъапэу алыджыбзэм (пасэрей грекыбзэм) къыхэкІащ «Евангелион» и фІэщыгъэцІэу. «ХъыбарыфІ» жиІэу аращ абы къикІыр. Езы Хьисэ Мэсихь и ущием фІищыжауэ щытащ апхуэдэу. Іинджылыр топсэлъыхь Хьисэ и гъащІэмрэ и лэжьыгъэмрэ, Абы цІыхур зыхуригъэджамрэ зыхуиущиямрэ, и ІуэхущІафэ телъыджэхэм, Ар зэрылІа щІыкІэмрэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжамрэ.
Іинджылым тхылъ тІощІрэ блырэ щызэхуэхьэсащ. Япэ ит тхылъиплІым Хьисэ Мэсихь и дуней гъащІэр къаІуэтэж. Ныбжьэгъу лъапІэ, иджыпсту пІэщІэлъ тхылъыр а тхылъиплІым ящыщ зыщ. Ар ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм и етІуанэ Іыхьэм Лукас итхыжащ. ЩІалэ ныбжьым щитам Лукас щІэныгъэ куу игъуэтауэ щытащ, дохутыр ІэщІагъэм хуеджащ. Мажусий диныр ІэщІыб ищІри, ар Хьисэ и Іумэтым иуващ, Хьисэ лІыкІуэ ищІа Паул щІыгъуу гъуэгуанэ куэд зэпичащ, абы пэжкІэ бгъэдэтащ. Іинджылым и япэ сатырхэм Лукас щыжеІэ нэхъапэм ятхауэ щыта хъыбархэмрэ зытепсэлъыхь Іуэхур зи нэгу щІэкІахэм я гукъэкІыжхэмрэ къызэригъэсэбэпар.
Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм Палестинэм щекІуэкІа Іуэхугъуэхэрщ Іинджылым купщІэ хуэхъуар. А лъэхъэнэм Палестинэр рим императорхэм я ІэмыщІэ илъащ. Ауэ абы щыпсэуа журтхэм я диныр яхъумэжын яхузэфІэкІащ. А диным и лъабжьэр – Теурэт Хабзэр – абыхэм Тхьэм къахилъхьауэ щытащ, Мусэ бегъымбарыр лІыкІуэ къищІри. Мусэ и ужькІэ бегъымбар куэдым жаІэу щытащ Мэсихьыр, Тхьэм и ЛІыкІуэр, дунейм къызэрытехьэнур, Абы цІыхур гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ я ІэмыщІэ къызэрырихынур. И пІалъэр къэсри, Палестинэм щыщ Бэтлъэхьем къалэ цІыкІум къыщалъхуащ цІыхур куэд щІауэ зыпэплъэ Мэсихьыр – Иисус Христос. Ар дунейм къызэрытехьам и хъыбарыр дэтхэнэ цІыхум дежкІи хъыбар гуфІэгъуэщ, ар дэнэ щыпсэуми, сыт хуэдэбзэкІэ псалъэми. Ар зи фІэщ зыщІ цІыхухэр гуэныхьымрэ ажалымрэ къригъэлыну Тхьэм къигъэкІуар Аращ.
Іинджылыр дунейм къызэрытехьар алыджыбзэщ, сыту жыпІэмэ а лъэхъэнэм Палестинэми абы пэгъунэгъу щІыпІэхэми а бзэр щацІыхуу, ирипсалъэу щытащ. Хьисэ и дин лъапІэр къызэрежьэ лъандэрэ блэкІа лІэщІыгъуэ тІощІым ар бзэ куэдыкІейкІэ зэрадзэкІащ.
Іинджылыр адыгэбзэкІэ япэ дыдэ къыщыдэкІар 1993 гъэрщ (Іинджыл псори щызэхуэхьэса «ХъыбарыфІ» тхылъым иту). Ауэ нэхъри ебгъэфІакІуэ мыхъун щыІэкъым. Илъэс пщыкІуплІ дэкІри 2007 гъэм а тхылъым аргуэру хэплъэжщ, хэлэжьыхьыжри, гъэтэрэзауэ щІэрыщІэу къыдагъэкІыжащ. Іинджылыр зэзыдзэкІахэмрэ редакторхэмрэ куэд яхузэфІэкІащ абы и купщІэр адыгэбзэкІэ еджэхэм я деж нахьэсынымкІэ. 1993 гъэм къыдагъэкІа Іинджылми 2007 гъэм къыдэкІами я текстыр нэхъри зэребгъэфІэкІуэфынум шэч хэлъкъым, ар адыгэхэм нэхъ благъэ, гурыІуэгъуэ, зэхэщІыкІыгъуэ ящыхъун папщІэ. Фи пащхьэ итлъхьэ тхылъым елэжьын щаублар 2002 гъэращ икІи, къапщтэмэ, ар щІэрыщІэу зэрадзэкІыжащ.
Хьисэ къыщалъхуари щапІари къуэкІыпІэ хэкущ икІи а щІыпІэм щызекІуэу щыта хабзэхэм щІапІыкІащ. Абы къыхэкІкІэ мы тхылъым и напэкІуэцІхэм къыщыгъэлъэгъуа хабзэхэр, а лъэхъэнэм псэуа цІыхухэм я дуней еплъыкІэр адыгэ тхылъеджэхэм благъэ, гурыІуэгъуэ ящыхъун хуейщ. А лъэхъэнэм Палестинэм щекІуэкІа гъащІэм, диным тхылъеджэ псори щымыгъуэзэнкІэ хъунущи, псалъэ гугъухэм, псалъэ тІорысэхэм я мыхьэнэм ухэзыгъэгъуазэ щапхъэхэр текст щІагъхэм тедзауэ хэдгъэхьащ. * нагъыщэкІэ къыхэгъэщхьэхукІа псалъэхэр гурыІуэгъуэ щыдощІ тхылъым и кІэм ит псалъалъэм. Абы къищынэмыщІауэ, тхылъым и кІэм Палестинэми, Ерусэлими, Тхьэм и Унэми я сурэтхэр щывгъуэтынущ.
Библиер зэдзэкІынымкІэ Институтым и гуапэ хъунущ, мы тхылъымкІэ гу нэхъ зылъыфтахэмрэ фи чэнджэщхэмрэ.
Библиер зэдзэкІынымкІэ Институтым фІыщІэ яхуещІ Лукас къиІуэтэжа Іинджылыр зэзыдзэкІахэмрэ текстым елэжьахэмрэ.
Библиер зэдзэкІынымкІэ Институт
1ПэщІэдзэ Іыхьэ
1 Ди деж къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм теухуа хъыбар кърагъэжьауэ куэдым ятхыж. 2 А Іуэхугъуэхэм къызэрыщІадзэрэ ахэр зи нэгу щІэкІауэ Тхьэм и Псалъэр цІыхум яхэзылъхьэу щытахэм къыджаІэжаращ а хъыбархэм лъабжьэ хуэхъуар. 3 Арати, сэри а Іуэхугъуэхэм я щІэдзапІэ дыдэм щезгъажьэри, къанэ щымыІэу псори щызэхэзгъэкІым, зи пщІэр лъагэ Теофил , хъыбарыр зэкІэлъыкІуэу ныпхуэстхыну мурад сщІащ, 4 узыхуаущия Іуэхум и пэжыпІэр пщІэн щхьэкІэ.
Яхья бегъымбарыр къызэралъхунур мелыІычымкъызэрыжиІар
5 Ехьудейм* и пащтыхь Хьирэд* и тетыгъуэ зэманым Зэчрей и цІэу дин гъуазэ* гуэр псэуащ. Ар Абий къытехъукІыжа дин гъуазэ гупым яхэтащ. Абы и щхьэгъусэ Елисавэ Хьэрун къытехъукІыжахэм ящыщт. 6 Зиусхьэну* Тхьэм и пащхьэм цІыху щыпкъэу итт тІури, Абы и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ ядэбгъуэн щымыІэу ягъэзащІэу. 7 Ауэ ахэр быныншэт, Елисавэ фызмылъхуэти, абы къищынэмыщІауэ тІуми я ныбжьыр фІыуэ хэкІуэтат.
8 Зэчрей зыхэт дин гъуазэ гупым я чэзур къэсауэ, Тхьэм и Унэм* дин Іуэху щилэжьырт зэгуэрым. 9 Дин гъуазэхэм я хабзэм тету пхъэидзэ щащІым, Зиусхьэным и Унэм щІыхьэу, мэ дахэ къызыхих сагъыз Тхьэм папщІэ игъэсын хуейуэ къылъысащ Зэчрей. 10 Тхьэм и Унэр зыдэт пщІантІэм цІыхубэр тхьэ щелъэІурт Зэчрей сагъызыр щигъэс сыхьэтым. 11 Сагъыз гъэсыпІэм ижьырабгъумкІэ Зиусхьэным и мелыІыч Зэчрей къыщыхуэхутащ. 12 Ар щилъагъум, къащтэри, Зэчрей хуабжьу шынащ. 13 Ауэ мелыІычым къыжриІащ:
– Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэІур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елисавэ къуэ къыпхуилъхунущ, уэ абы фІэпщынур Яхьящ. 14 ГуфІэгъуэрэ насыпрэ къыпхудэкІуэнущ абы икІи ар дунейм къызэрытехьам щхьэкІэ цІыху куэд гуфІэнущ. 15 Сыту жыпІэмэ Зиусхьэным и пащхьэм цІыху щэджащэу итынущ ар, сани нэгъуэщІ фади ефэнукъым. И анэм и ныбэм щилъыну зэманым щыщІэдзауэ, Тхьэм и Псэр* и гум хыхьауэ щытынущ ар. 16 Я Тхьэу Зиусхьэным и гъуэгум израил лъэпкъым щыщу куэд тришэжынущ. 17 Тхьэм и Псэр Иляс бегъымбарым* и гум илъу зэрыщытам хуэдэу, абыи и гум илъу икІи Иляс иІа лъэкІыныгъэр иІэу Зиусхьэным ипэ къихуэу цІыхухэм къахыхьэнущ ар. Адэхэмрэ бынхэмрэ зэфІ ищІыжынущ, Тхьэм емыдаІуэхэр цІыху щыпкъэхэм я гъуэгум тришэнущ, израил лъэпкъыр Зиусхьэным и къэкІуэгъуэм хуигъэхьэзырынущ.
18 – Ар зэрыпэжыр дауэ сэ къызэрысщІэнур? – жиІэри еупщІащ Зэчрей мелыІычым. – Сэ лІыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэми и ныбжьыр хэкІуэтащ.
19 – Тхьэм и пащхьэ ит ДжэбрэІилыр сэращ, а хъыбарыфІыр къыпхузигъэхьащ Тхьэм, – жиІащ мелыІычым. 20 – Аращи, и чэзум къэхъун хуейуэ бжесІар уи фІэщ зэрымыхъуам щхьэкІэ уи бзэр иубыдынурэ умыпсэлъэфу ущытынущ, а Іуэхур зэщІэху.
21 Зэчрей Тхьэм и Унэм зэрызыщиІэжьэр ягъэщІагъуэу, цІыхубэр пщІантІэм къыщыпэплъэрт. 22 Ар Тхьэм и Унэм къыщІэкІыжащ, ауэ цІыхухэм епсэлъэфакъым. ИтІанэ къагурыІуащ Тхьэм и Унэм абы телъыджэ гуэр зэрыщилъэгъуар. Зэчрей псэлъэжыфыртэкъым, ІэпэтэрмэшкІэ цІыхухэм зыгуэр яригъэлъагъу фІэкІа.
23 Тхьэм и Унэм щылэжьэн щыхуей махуэхэр щиухым, Зэчрей и унэ кІуэжащ. 24 Абы и ужькІэ куэд дэмыкІыу, Зэчрей и фыз Елисавэ лъэщыджэ хъури, цІыхухэм мазитхукІэ защибзыщІащ. 25 Абы мыпхуэдэу жиІэрт: «Ар къысхуэзыщІар Зиусхьэнырщ, и нэфІ къысщыхуэри, си напэр щІытекІ емыкІур сщхьэщихащ иджы».
Мэрям мелыІычыр къызэрыхуэкІуар
26 Елисавэ мазих пІалъэм иту, Гэлилей хэкум* хыхьэ Нэзэрэт къуажэм дэс пщащэм, МэрямкІэ зэджэм, деж Тхьэм ДжэбрэІил мелыІычыр къигъэкІуащ. Исуф и цІэу Даут бегъымбарым* къытехъукІыжа лІы гуэррэ Мэрямрэ зэрышэн хуейуэ зэгурыІуауэ щытт. 28 Абы деж щІыхьэри, мелыІычым жиІащ:
– Сэлам узох, Тхьэм и нэфІыр зыщыхуа. Зиусхьэным и нэІэ къыптет зэпытщ.
29 МелыІычым къыжриІа псалъэм бзылъхугъэр хуабжьу игъэпІейтеящ икІи абы и сэламым игъэгупсысащ.
30 – Умышынэ, Мэрям, – жиІащ абы, – Тхьэм и нэфІ къыпщыхуащ. 31 Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ бгъуэтынущ, уэ Абы фІэпщынур Хьисэщ . 32 Ар цІыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкІэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы. 33 Екъуб* къытехъукІа лъэпкъым я тепщэу игъащІэкІэ щытынущ, и тепщэныгъэми кІэ иІэнукъым.
34 – Сыхъыджэбздэсу ар дауэ къызэрыхъунур? – еупщІащ Мэрям мелыІычым.
35 – Тхьэм и Псэр къыпхуехынурэ Я Нэхъ Лъагэм и къарур къыпщхьэщыувэнущ. Абы къыхэкІкІэ, къэплъхуну сабийр Тхьэм ейуэ щытынущ икІи Тхьэм и КъуэкІэ еджэнущ Абы. 36 Уи благъэ Елисавэ, сабий иІэнукъым жыхуаІэу щытари, и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуауэ, мазэ еханэм итщ, щІалэ цІыкІу поплъэ; 37 Тхьэм лъэмыкІын зыри щыІэкъым.
38 – Зиусхьэным и ІэмыщІэм силъщ, – жиІащ Мэрям. – Уэ зэрыжыпІам тету ирехъу псори.
Мэрям къигъанэри, мелыІычыр щІэкІыжащ.
Мэрям Елисавэ деж зэрыкІуар
39 Абы и ужькІэ куэд дэмыкІыу, Мэрям зигъэхьэзырри, Ехьудей хэкум и бгылъэ щІыпІэм ит къуажэм пІащІэу кІуащ. 40 Щынэсым, Зэчрей и унэм щІыхьэри, абы Елисавэ сэлам ирихащ. 41 Елисавэ Мэрям и сэламыр щызэхихым, абы и ныбэм илъ сабийм зигъэхъеящ икІи Тхьэм и Псэр Елисавэ и гум хыхьащ. 42 Макъ лъагэкІэ къэпсалъэри, Елисавэ жиІащ:
– ЦІыхубз псоми я нэхъ лейуэ Тхьэр фІыгъуэкІэ къыпхуэупсащ! Къэплъхун хуей сабийм Тхьэм и нэфІыр къыщыхуащ! 43 Си Зиусхьэным и анэр си деж къэкІуэну схуэфащэ сэ? 44 Уи сэламыр щызэхэсхым, си ныбэм илъ сабийм гуфІэгъуэшхуэр иІэу зигъэхъеящ. 45 Зиусхьэным къыжиІар зэрызэщІэнур уи фІэщ хъуащи, гъуэгу махуэ утеуващ.
46 Абы и ужькІэ Мэрям жиІащ:
– Си гущІэм щІыхьышхуэ къыщыхуоуш Зиусхьэным!
47 Си Тхьэу си КъегъэлакІуэм щогуфІыкІыр си псэр,
48 пщІэ зимыІэ сэ, и унэІутым, гу къыслъитащи.
Нобэ щыщІэдзауэ къэхъуну щІэблэ псоми сынасыпыфІэу жаІэнущ,
49 Тхьэ Лъэщым телъыджэлажьэ къысхуищІащи.
ПхуэмыІуэтэну лъапІэщ Абы и цІэр.
50 Зы щІэблэм адрей щІэблэр кІэлъыкІуэу,
Тхьэр псоми яхуэгумащІэщ Ар зылъытэхэм.
51 Іуэху телъыджэ куэд и ІэкІэ зэфІигъэкІащ,
гупсысэ пагэ зигу илъхэм яхурикъуащ.
52 Тепщэхэр я тахътэм къридзыхри,
пщІэ зыхуамыщІ цІыхухэм я пщІэр иІэтащ.
53 ХуэмыщІауэ псэухэм фІыгъуэкІэ яхуэупсащ,
къулейхэр ІэнэщІу иутІыпщыжащ.
54 Ди адэжьхэр зэригъэгугъам тету,
и ІуэхутхьэбзащІэ Израилым дэІэпыкъуэгъу хуэхъуащ,
Ибрэхьимрэ* абы къытехъукІыжахэмрэ игъащІэкІэ яхуэгумэщІэну псалъэ зэритар ищІэжырти.
56 Елисавэ деж мазищ хуэдизкІэ щыхьэщІа нэужь, Мэрям и унэ кІуэжащ.
Яхья бегъымбарыр къызэралъхуар
57 И пІалъэр къэсри, Елисавэ къуэ къилъхуащ. 58 Зиусхьэным абы апхуэдэ фІыгъуэшхуэ къызэрыхуищІар щызэхахым, и гуфІэгъуэр даІыгъын папщІэ, и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ къызэхуэсащ. 59 Махуэ еянэм, сабийр сунэт ящІыну цІыхухэр щызэхуэсым, и адэм и цІэр, Зэчрей, и къуэми фІащыну мурад ящІат. 60 Ауэ сабийм и анэм яхуимыдэу къажриІащ:
– Зэчрейкъым, атІэ Яхьящ абы фІэтщынур.
61 – Апхуэдэу зэджэ уи Іыхьлыхэм яхэткъым, – къыжраІащ абыхэм. 62 ИтІанэ ІэпэтэрмэшкІэ сабийм и адэм еупщІащ цІэуэ фІищынумкІэ.
63 Зэчрей пхъэбгъу кІапэ къригъэхьри, псоми яфІэтелъыджэу, мыпхуэдэу тритхащ: «Абы фІэтщынур Яхьящ». 64 Абдеж дыдэм и бзэр къиутІыпщыжщ, къэпсалъэри, Тхьэр игъэлъэпІащ абы. 65 Я гъунэгъу псори хуабжьу шынат икІи Ехьудей хэкум и бгылъэ щІыпІэхэм а Іуэхум фІэкІа нэгъуэщІ щагъэхъыбарыжтэкъым. 66 А псори зэхэзыхахэм, а Іуэхум егупсысурэ, ягукІэ мыпхуэдэу жаІэрт: «Мы сабийм къыхэкІынур хэту пІэрэ?» Зиусхьэным и нэІэр сабийм зэрытримыгъэкІыр къагурыІуати, арат абыхэм апхуэдэу щІыжаІэр.
Зэчрей Тхьэм и псалъэ къызэрыжиІар
67 Сабийм и адэм и гум Тхьэм и Псэр хыхьэри, мы псалъэхэр къыжиІащ:
68 – Ди Зиусхьэну Израилым ди Тхьэр дывгъэгъэлъапІэ,
и лъэпкъым щІэгъэкъуэн къытхуэхъуащи, щхьэхуитыныгъэ къыдитащи.
69 Пасэ зэманым Тхьэм къыхихауэ щыта бегъымбархэм* я жьэкІэ дыкъызэригъэгугъам тету,
и ІуэхутхьэбзащІэу щыта Даут бегъымбарым къытехъукІауэ,
КъегъэлакІуэ лъэщ къытхуигъэкІуащ.
71 Абы ди бийхэмрэ дыкъэзылъагъу мыхъухэмрэ дакъригъэлынущ.
72 Ди адэжьхэм яхуэгумэщІэну икІи и ЗэухылІэныгъэ лъапІэу* абыхэм ярищІылІар игу иригъэлъыну къигъэгугъащ ахэр.
73 Тхьэм ди адэжь Ибрэхьим псалъэ быдэ иритащ,
ди бийхэм дакъыІэщІихыжыну икІи шынэ дымыщІэу и гъуэгу дытригъэтыну,
75 дыпсэуху гу къабзэрэ напэ хужькІэ и пащхьэ дитын щхьэкІэ.
76 Ауэ уэ, си щІалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркІэ къоджэнущ,
Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цІыхухэм уахыхьэнущи.
77 Зиусхьэным и лъэпкъым я гуэныхьхэр къахуигъэгъуу къызэрыригъэлынур уэ абыхэм яхуэпІуэтэнущ.
78 Зигу дапщэщи къытхуэфІ ди Тхьэм дыгъэ къыкъуэкІым хуэдэу Нэхушхуэ уафэм къытхуригъэхынущ,
79 ажалым и бжьыр зытелъхэмрэ кІыфІыгъэм хэту псэухэмрэ къыттепсэн
икІи мамырыгъэм и гъуэгум дытришэн щхьэкІэ.
80 Сабийр хэхъуэрт, гукІи псэкІи зиужьырт. Тхьэм израил лъэпкъым яхуигъэкІуэху, ар къумым щыпсэуащ.
2Хьисэ къызэралъхуар
1 А махуэхэм Рим къэралыгъуэшхуэм щыпсэу цІыху псори ябжын хуейуэ къайсэр Август унафэ къыдигъэкІащ. 2 Ар къыщыхъуар Курний Сирием и унафэщІу щыщыта зэманырщ, абы щыгъуэщ цІыхухэр япэ дыдэу щабжар. 3 Арати, зрагъэбжын щхьэкІэ, щхьэж и къуэпсыр къыщежьэ жылэм кІуэжащ. 4 Псоми хуэдэу, Исуфи Гэлилей хэкум хиубыдэ Нэзэрэт къуажэм икІри, Ехьудей хэкум ит, Даут къыщалъхуа Бэтлъэхъем къуажэм кІуащ, Исуф езыр Даут къытехъукІыжахэм ящыщти.
5 Зригъэбжыну щыкІуэм, Исуф и къэшэн Мэрям лъэщыджэшхуэ хъуауэ щІыгъут. 6 ЗдэкІуэм нэсауэ, Мэрям и лъхуэгъуэр къэсри, 7 и щыпэлъхуу щІалэ къилъхуащ. Хъыданжэрумэм кІуэцІишыхьри, жэмэщым щІэт шхалъэм дилъхьащ, къуажэм къэкІуа цІыхур зэрыІувым къыхэкІкІэ егъэзыпІэ къалъысатэкъыми.
Мэлыхъуэхэм мелыІыч къазэрыхуехар
8 А щІыпІэм пэмыжыжьэу, мэлыхъуэ гуп губгъуэм ист, я мэл хъушэхэр жэщкІэ яхъумэу.
9 Зиусхьэным и мелыІыч я пащхьэм къихутэри, Зиусхьэным и нэхур абыхэм къатепсащ. Къащытепсэм, хуабжьу шынащ ахэр. 10 Ауэ мелыІычым къажриІащ:
– Фымышынэ! ГуфІэгъуэ иным и хъыбар зэрылъэпкъыу къыфхуэсхьащ. 11 Фыкъезыгъэлынур Даут и къуажэм нобэ къыщалъхуащ. Зиусхьэныр, Мэсихь* хъужыр аращ. 12 Мыпхуэдэущ ар къызэрыфцІыхунур: жэмэщым щІэт шхалъэм дэлъу, сабий къалъхуагъащІэ хъыданжэрумэм кІуэцІышыхьауэ къэвгъуэтынущ.
13 А мелыІычым нэгъуэщІ мелыІыч гупышхуэ напІэзыпІэм гъусэ къыхуэхъури, Тхьэм щІыхь хуащІурэ, жаІащ:
14 – Уафэм щІыхьыр Тхьэм щейщ!
ЩІылъэми Тхьэр зыхуэарэзыхэм я гур гупсэхугъуэкІэ гъэнщІауэ щытщ!
15 МелыІычхэм уафэм заІэтыжа нэужь, мэлыхъуэхэм жаІащ: «ДывгъакІуи, Бэтлъэхъем къыщыхъуауэ Зиусхьэным зи гугъу къытхуищІа Іуэхум девгъэплъ». 16 Арати, ахэр пІащІэу кІуэри, Мэрями, Исуфи, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ. 17 Къыщагъуэтым, сабийм теухуауэ мелыІычым къажриІар Мэрямрэ Исуфрэ хуаІуэтэжащ. 18 Мэлыхъуэхэм я хъыбарыр зэхэзыха псоми ар ягъэщІэгъуащ. 19 Мэрям а псори игу ириубыдэрт икІи егупсысырт. 20 Мэлыхъуэхэм зэхахамрэ ялъэгъуа псомрэ щхьэкІэ Тхьэм щІыхь хуащІрэ щытхъу хужаІэу ягъэзэжащ, мелыІычым къазэрыжриІам хуэдабзэу псори я нэкІэ ялъэгъуати.
Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цІыкІу Тхьэм и Унэм зэрахьар
21 Махуий дэкІауэ, сабийр сунэт ящІын хуей щыхъум, Мэрям лъэщыджэ мыхъу щІыкІэ мелыІычым къыжриІам тету щІалэ цІыкІум Хьисэ фІащащ.
22 Мусэ бегъымбарым къыхуеха Теурэт* Хабзэм и унафэм тету Исуфрэ Мэрямрэ зыщагъэкъэбзэжын хуей махуэхэр блэкІа нэужь, сабийр Ерусэлим яхьащ, Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн папщІэ, 23 сыту жыпІэмэ Зиусхьэным и Хабзэм мыпхуэдэ унафэ итщ: «Щыпэлъхуу дунейм къытехьэ дэтхэнэ хъулъхугъэри Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ». 24 Абы къищынэмыщІауэ, Зиусхьэным и Хабзэм ипкъ иткІэ, абыхэм «губгъуэ тхьэрыкъуитІ е тхьэрыкъуэ шыритІ» къурмэну яукІын хуейт.
25 Шемэн и цІэу лІы гуэр Ерусэлим щыпсэуащ а лъэхъэнэм. Ар езыр цІыху щыпкъэт, Тхьэм и жыІэ тІу зымыщІт, Тхьэм Израилым и гуныкъуэгъуэр игъэтІысу и гур фІы щищІыжыну пІалъэм пэплъэрт, Тхьэм и Псэр и гъусэ зэпытт. 26 Тхьэм и Псэм къригъэщІауэ ар щыгъуазэт Зиусхьэным къигъэкІуэн хуей Мэсихьыр и нэкІэ имылъэгъуауэ дунейм зэремыхыжынур. 27 Арати, Шемэн Тхьэм и Псэм къришажьэри, Тхьэм и Унэм щІишащ. Сабийм теухуауэ Теурэт Хабзэм гъэзэщІапхъэу къигъэув псори зэфІагъэкІыну Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цІыкІу Тхьэм и Унэм щыщІахьэм, 28 Шемэн сабийр ІэплІэкІэ къищтэщ, Тхьэм щІыхь хуищІри, жиІащ:
29 – Иджы, Зиусхьэн, уи унэІуту щыт сэ си гур зэгъауэ сыбоутІыпщыж, псалъэ жыпІам тету;
30 лъэпкъ псоми я пащхьэм щыбгъэхьэзыра уи КъегъэлакІуэр си нэкІэ слъэгъуащи.
32 Абы Тхьэм и пэжыгъэм и нэхур мажусий* лъэпкъхэм къатригъэпсэнущ
икІи уи лъэпкъыу уи израилым и щІыхьыр иІэтынущ.
33 Хьисэ теухуауэ Шемэн жиІар Исуфрэ Мэрямрэ яфІэтелъыджэ хъуащ. 34 Ар абыхэм Тхьэм и цІэкІэ яхуэхъуахъуэри, сабийм и анэ Мэрям мыпхуэдэу жриІащ:
– Мы си ІэплІэм илъ щІалэм Израилым и цІыху куэд текІуэдэнущ, куэди къригъэлынущ икІи куэдым ямыдэн нэщэнэ Тхьэм ищІынущ мыр. 35 Апхуэдэу цІыху куэдым я гурылъ щэхухэр нахуэ къэхъунущ. Уэ езым уи псэр, джатэм къиуІам хуэдэу, гукъеяуэм къиуІэнущ.
36 Ашер къытехъукІыжа ФэнуІил ипхъу Хъанэ, Тхьэм и бегъымбарыр, абы щыІэт. И ныбжьыр фІыуэ хэкІуэтат абы. ДэкІуэри, илъэсибл фІэкІа зэдэмыпсэуауэ, 37 и лІыр дунейм ехыжри, фызабэу къэнауэ псэурт ар. И ныбжьыр илъэс пщІейрэ плІырэ ирикъуат. А цІыхубзым Тхьэм и Унэр зэи ибгынэртэкъым. Тхьэр жэщи махуи игъэлъапІэрт, елъэІурт, нэщІ ис зэпытт. 38 Ар асыхьэтым абыхэм къабгъэдыхьэри, Тхьэм щытхъу хужиІащ. Ерусэлим Тхьэм хуит щищІыжынум пэплъэ псоми сабийм и хъыбар яхуиІуатэу щІидзащ итІанэ.
39 Зиусхьэным и Хабзэм тету псори ягъэзэщІа нэужь, Мэрямрэ Исуфрэ Гэлилей хэкум ит я къуажэ Нэзэрэт ягъэзэжащ. 40 Сабийр хэхъуэрт, акъылрэ къарурэ зыхилъхьэрт, Тхьэм и нэфІ къыщыхуэ зэпытт.
НыбжьыщІэ Хьисэ Тхьэм и Унэм зэрыкІуар
41 Хьисэ и адэмрэ и анэмрэ гъэ къэс Ерусэлим кІуэ я хабзэт, ІутІыж* щынэ щаукІ махуэшхуэм хэтыну. 42 Хьисэ и ныбжьыр илъэс пщыкІутІ щрикъум, я хабзэм тету, ахэр Ерусэлим кІуащ, махуэшхуэм хэтыну. 43 Абы и ужькІэ ахэр къежьэжащ, ауэ Мэрямрэ Исуфрэ ямыщІэу, Хьисэ Ерусэлим къыдэнащ. 44 Гъуэгум къадытетхэм Ар яхэт я гугъэу, Мэрямрэ Исуфрэ зы махуэ гъуэгуанэ якІуа нэужь, я благъэхэм, я цІыхугъэхэм деж щІалэр щалъыхъуэн щІадзащ. 45 Щамыгъуэтыжым, абы лъыхъуэурэ, Ерусэлим ягъэзэжащ. 46 Махуищ дэкІауэ, Хьисэ дин егъэджакІуэхэм яхэсу икІи абыхэм жаІэм едаІуэрэ еупщІу Тхьэм и Унэр зыдэт пщІантІэм къыщагъуэтыжащ. 47 КъедаІуэ псоми яфІэтелъыджэт Абы иІэ зэхэщІыкІымрэ и жэуапхэмрэ. 48 Хьисэ къыщалъагъум, Мэрямрэ Исуфрэ ягъэщІэгъуащ.
– Си щІалэ! Сыт къыдэпщІар? – жиІащ и анэм. – Уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэр ди псэм телъу укъыдолъыхъуэ.
49 – Сыт сыкъыщІэфлъыхъуэр? – жиІащ Хьисэ. – Си Адэр здэщыІэм сэри сыщыІэн зэрыхуейр фымыщІэу ара?
50 Ауэ абыхэм къагурыІуакъым Хьисэ жиІам къригъэкІар. 51 Мэрямрэ Исуфрэ я гъусэу Хьисэ Нэзэрэт игъэзэжри, жыІэщІэ цІыкІуу къекІуэкІащ. ЩІалэм дилъагъу Іуэхугъуэ псори зыщимыгъэгъупщэу, и анэм игу ириубыдэрт. 52 Ар хэхъуэрт, хэхъуэхуи и акъылым зиужьырт, Тхьэри цІыхухэри къыхуэгуапэ зэпытт.
3Яхья и ущиехэр
1 Къайсэр Тиберий и тетыгъуэм и епщыкІутхуанэ илъэсым Понтий Пилат* Ехьудейм и унафэщІу щытащ. Хьирэд Гэлилей хэкум и лІыщхьэт; Хьирэд и къуэш ФылыпІ Итурей, Трэхъуэнит хэкухэм я тетт; Лисанэ Абилиней хэкум щытепщэт; 2 Хьэнэнрэ Къаифэсрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэт*. Зэчрей и къуэ Яхья, къумым щыпсэум, Тхьэм и псалъэ къыхуехащ абы щыгъуэ. 3 Яхья Иордан псым и Іэшэлъашэхэр къызэхикІухьурэ, цІыхухэм я гуэныхьыр Тхьэм къахуигъэгъун папщІэ, тобэ къахьыжу зрагъэумэхъын зэрыхуейр яжриІэрт. 4 А Іуэхум теухуауэ Ишаяхь бегъымбарым и тхылъым мыпхуэдэу итщ:
«Къумым джэ макъ къыщоІу:
Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэхьэзыр,
и лъагъуэхэр захуэ хуэфщІ.
5 Дэтхэнэ къуэладжэри тафэ хъунущ,
дэтхэнэ бгыри Іуащхьэри лъахъшэ хъунущ.
Гъуэгу нэшэкъашэхэр занщІэ хъунущ,
гъуэгу кумблІэмбхэр джафэ хъунущ.
6 Тхьэм и цІыхухэр къызэрыригъэлыр псоми ялъагъунущ абы щыгъуэ».
7 Зрагъэумэхъыну къакІуэ цІыхубэм мыпхуэдэу яжриІэрт Яхья:
– Уий, блэщылъхухэ! Тхьэм и губжь къэкІуэнум фыІэщІэкІыфыну фи фІэщ зыщІар хэт? 8 Тобэ къэфхьыжар пэжмэ, фи тобэм хуэфащэ Іуэху влэжь. Ауэ фигукІэ жывмыІэ «Ибрэхьимщ ди адэр». НывжызоІэ, мы мывэхэм Ибрэхьим бын къыхухигъэхъукІын лъэкІынущ Тхьэм. 9 Джыдэр жыгым тешэщІа хьэзырщ. ПхъэщхьэмыщхьэфІ къызыпымыкІэ дэтхэнэ жыгри къраупщІыкІынурэ мафІэм хадзэнущ.
10 – АтІэ сыт дэ тщІэн хуейр? – къеупщІащ цІыхухэр Яхья.
11 – ДжанитІ зиІэм зыри зимыІэм ирырет, ерыскъы зиІэр зимыІэм дрегуашэ! – жиІащ Яхья.
12 Тезыр ахъшэ къыхэзыххэри* зрагъэумэхъыну къакІуэри, Яхья къеупщІащ:
– УщиякІуэ, дэ сыт тщІэн хуейр?
13 – Къыхэфхын хуей ахъшэм нэхъыбэ къыхэвмых, – жиІащ Яхья.
14 – Дэ сыт тщІэн хуейр? – къеупщІащ зауэлІхэр.
– Ахъшэ зыми залымыгъэкІэ къытевмых, пцІы зыми тевмылъхьэ, фи улахуэмкІэ арэзыуэ фыщыт.
15 – Яхья мы-Мэсихьу пІэрэ? – жаІэурэ ягукІэ зэупщІыжырт Мэсихьыр къыщыкІуэнум пэплъэ цІыхухэр.
16 – Сэ псыкІэ фызоумэхъ, – яжриІащ къедаІуэхэм Яхья. – Ауэ сэ нэхърэ ІэджэкІэ нэхъ лъэщ си ужьым итщ. Абы и вакъэ лъэпсыр хуэстІэтэну сэ схуэфащэкъым. Абы мафІэкІэ икІи Тхьэм и ПсэмкІэ фиумэхъынущ. 17 И хьэмыр иригъэкъэбзэн папщІэ, Абы хьэнцэ ІэщІэлъщ, и гуэдзыр гуэным щигъэтІылъынущ, хьэуазэр мыужьых мафІэкІэ игъэсынущ.
18 НэгъуэщІ куэдкІи иущийурэ, Тхьэм и хъыбарыфІыр цІыхухэм яхуиІуатэрт Яхья. 19 ЛІыщхьэ Хьирэд и къуэшыр псэууэ абы и фыз Хьирэдидэ къызэришэжам икІи лейуэ зэрихьам щхьэкІэ Яхья ар игъэкъуаншэрт. 20 Лейуэ зэрихьа псом и щІыІужкІэ Хьирэд Яхья лъэхъуэщым щІригъэдзащ.
Яхья Хьисэ зэриумэхъар
21 Яхья цІыхухэр щиумэхъым, Хьиси абы зригъэумэхъащ. Хьисэ тхьэ зделъэІум, уафэр зэкІэщІэкІри, 22 тхьэрыкъуэм и пкъым и теплъэ иІэу Тхьэм и Псэр къыхуехащ. Уафэм макъ къиІукІащ: «Уэращ фІыуэ слъагъу си Къуэр, си гур хэзыгъахъуэр».
Хьисэ и адэжьхэр
23 Илъэс щэщІым итми арат Хьисэ Тхьэм къыщІигъэкІуа Іуэхугъуэр илэжьын щиублам. ЦІыхухэм ялъытэрт Хьисэ Исуф, Елий, 24 Мэтфат, Лэуий, Мэлхъий, Ений, Исуф, 25 Мэтаф, Іэмэс, Нэум, Хьесли, Нэгей, 26 МэІэт, Мэтаф, Шэмей, Есихь, Ехьудэ, 27 Иухьэнан, Ресэ, Зурабэбыл, ШэлъфэІил, Нер, 28 Мелхий, Іэдий, Куэсэм, Елмэдим, Іэир, 29 Ехъущ, ЕлиІэзэр, Іэюрым, Мэтфат, Лэуий, 30 Шемэн, Ехьудэ, Исуф, Іэюнэм, Елэкъим, 31 Мэлий, Менэ, Мэтафэ, Нэтэн, Даут, 32 Исий, Іубэд, БоІэз, Сэлмэний, Нэхъшун, 33 Іэминэдэб, Рам, Хъэцрэн, Пэрэз, Ехьудэ, 34 Екъуб, Исхьэкъ, Ибрэхьим, Терахъ, Нэхъур, 35 Сэрыху, РэІуу, Пэлэдж, Ебыр, Щэлихь, 36 Къенан, Арпэхшад, Шем, Нухь, Ламэхь, 37 Мэфущэлихь, Хъэнох, Ерэд, Мэхьэлэлил, Къенан, 38 Енус, Сеф, Іэдэм сымэ къатехъукІауэ. Езы Іэдэм Тхьэм ейт.
4Іиблисым Хьисэ гуэныхь иригъэщІэн и гугъэуи ужь къызэритар
1 Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыІукІыжри, Тхьэм и Псэм Ар къумым ишащ. 2 Хьисэ гуэныхь иригъэщІэн и гугъэу, Іиблисыр* Абы и ужь махуэ плІыщІкІэ къыщитащ а щІыпІэм. Хьисэ дзэкъэгъуэ Іухуакъым а махуэхэм, ауэ и кІэм къэмэжэлІащ. 3 Арати, Іиблисым Хьисэ къыжриІащ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, псалъэ жыІи, мы мывэр щІакхъуэ гъэхъу.
4 – Тхыгъэ ЛъапІэм* итщ, – жиІащ Хьисэ, – «ЩІакхъуэ къудейкъым цІыхур зэрыпсэунур».
5 Іиблисым Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дришейщ, дунейм тет пащтыхьыгъуэхэр напІэзыпІэм къригъэлъагъури, 6 мыпхуэдэу къыжриІащ:
– Мы пащтыхьыгъуэхэм я тепщэныгъэри я щІыхьри Уэ уэстынщ, сыту жыпІэмэ ахэр псори сэ си ІэмыщІэм илъщ икІи сызыхуейм изот. 7 Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууврэ щхьэщэ къысхуэпщІмэ, а псори Уэ ууей хъунущ.
8 – Тхыгъэ ЛъапІэм итщ, – жиІащ Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэным и закъуэщ щхьэщэ зыхуэпщІын икІи бгъэлъэпІэн хуейр».
9 Абы и ужькІэ Іиблисым Хьисэ Ерусэлим ишэщ, Тхьэм и Унэм и нэхъ лъагапІэ дыдэм тригъэувэри жриІащ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдежым зедзыхыт; 10 сыту жыпІэмэ Тхыгъэ ЛъапІэм мыпхуэдэу итщ: «Тхьэм и мелыІычхэм укъахъумэну унафэ яхуищІынущ». 11 Мыпхуэдэуи итщ: «Уи лъакъуэмкІэ мывэм ужьэхэмыуэн щхьэкІэ, мелыІычхэм я ІэхэмкІэ уапхъуэтэнурэ уаІыгъынущ».
12 – Тхыгъэ ЛъапІэм итщ, – къитыжащ жэуап Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр бгъэунэхуну ухэмыт!»
13 Арати, Хьисэ гуэныхь зэрыригъэщІэн Іэмал афІэкІ щимыгъуэтыжым, пІалъэр къэсмэ, къигъэзэжыну, Іиблисым Ар къибгынащ.
Хьисэ и лэжьыгъэр Гэлилей хэкум зэрыщиублар
14 Абы и ужькІэ Хьисэ Тхьэм и Псэм къришажьэри, къару иригъэгъуэтауэ, Гэлилейм къишэжащ, икІи и хъыбар а щІыпІэм дэнэкІи щыІуащ. 15 Я тхьэлъэІупІэ унэхэм* цІыхухэр Тхыгъэ ЛъапІэм щыщІигъэджыкІырт Хьисэ, икІи псоми щІыхь къыхуащІырт.
16 Хьисэ щапІа Нэзэрэт къэкІуэжащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, Ар тхьэлъэІупІэ унэм щІыхьащ щэбэт махуэм*. ТхьэлъэІупІэм щІэсхэм Тхыгъэ ЛъапІэм къахуеджэну къэтэджащ Хьисэ. 17 Ишаяхь бегъымбарым и Тхыгъэр тхылъымпІэ шыхьам тету къратащ. Хьисэ Тхыгъэр зэкІуэцІихщ, мыпхуэдэ псалъэхэр здит щІыпІэр къыщІигъэщри, къеджащ:
18 – «Зиусхьэным и Псэр си гум кърилъхьащ.
Ар щІищІар тхьэмыщкІэхэм хъыбарыфІ яхуэсІуэтэн щхьэкІэ сыкъыхихащи, аращ.
Щхьэхуит зэрыхъужынур гъэрхэм яжесІэну,
я нэр къызэрыплъэжынур нэфхэм езгъэщІэну,
гугъу ехьхэм хуитыныгъэ естыну,
19 Зиусхьэным цІыхухэм гущІэгъу къащыхуищІыну зэманыр къызэрысар яхуэсІутэну
сакъыхуигъэкІуащ Тхьэм».
20 Хьисэ Тхыгъэр зэкІуэцІишыхьыжщ, тхьэлъэІупІэ унэм и лэжьакІуэм иритыжри, етІысэхыжащ. Абы щІэс псори, я нэр трамыгъэкІыу, Хьисэ еплъырт.
21 Хьисэ къыпищащ итІанэ:
– ВжесІам федэІуэху, сыкъызыфхуеджа псалъэр зэщІащ.
22 Хьисэ жиІам псори арэзы техъуащ, и псалъэ телъыджэхэри гъэщІэгъуэн ящыхъуащ, икІи зэупщІыжырт: «Мыр Исуф и къуэракъэ?» – жаІэурэ.
23 – Дауи, фэ иджыпсту мыпхуэдэ псалъэжь къызжефІэнущ: «Дохутыр, уэ езыр зыгъэхъуж», е «Кэпэрнэум къуажэм щыблэжьауэ зэхэтха Іуэхугъуэхэм хуэдэ ущапІа лъахэми щылэжь», – жыфІэу. 24 Пэжыр нывжызоІэ, – къыпищащ Хьисэ и псалъэм, – бегъымбарыр щалъхуа щІыпІэм щыпсэухэм ядауэ зэи къэхъуакъым. 25 Пэжыр нывжызоІэ, Иляс бегъымбарым и зэманым илъэсищрэ ныкъуэкІэ уафэр гъэбыдарэ уэшх къемышхыу икІи гъаблэшхуэ къэхъуауэ щыщытам, Израилым фызабэ куэд щыпсэуащ. 26 АрщхьэкІэ абыхэм ящыщу зым дежи игъэкІуакъым Тхьэм Иляс. ЗдигъэкІуар Сидон къалэм пэгъунэгъу Сарептэ жылэм дэс фызабэм дежщ. 27 Абы ещхьу, Елишэ бегъымбарым и зэманым щыгъуи уэшын уз зэфыкІ цІыху куэд Израилым щыпсэуащ, ауэ Елише абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирием щыщ НэІэмин фІэкІ.
28 Ар щызэхахым, тхьэлъэІупІэ унэм щІэс псори къызэрыгъэгубжьщ, 29 къызэрыІэтри, Хьисэ къуажэм къыдахуащ. Я къуажэр зытет Іуащхьэм Хьисэ драшеящ итІанэ, кърадзыхын я гугъэу. 30 Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуакум къыдэкІри къыІукІыжащ.
Хьисэ лІы гуэрым жин бзаджэ къызэрыхихужар
31 Абы и ужькІэ Хьисэ Гэлилейм хиубыдэ Кэпэрнэум къуажэм кІуэри, цІыхухэр щэбэт махуэхэм Тхыгъэ ЛъапІэм щІигъэджыкІын щІидзащ. 32 Псоми яфІэтелъыджэт Хьисэ и ущиекІэр, сыту жыпІэмэ и псалъэхэм тепщэныгъэ яІэт. 33 Жин бзаджэм иІыгъ цІыхухъу гуэр щІэст тхьэлъэІупІэ унэм. МакъышхуэкІэ къэгуоури, мыр жиІащ абы:
34 – Ей, Нэзэрэт щыщ Хьисэ, сыт уи Іуэхуу къытхэлъыр? ДыбгъэкІуэдыну укъэкІуауэ ара? Ухэтми сощІэ сэ. Уэ Тхьэм ури-ЛІыкІуэ лъапІэщ!
35 – Уи жьэр зэтепІи, къыхэкІыж а цІыхум! – жриІащ Хьисэ жиным. Жин бзаджэм а лІыр псоми я пащхьэм щриудри, зыкІи зэран хуэмыхъуу къыхэкІыжащ. 36 Къэхъуар псоми яфІэтелыджэу зэупщІыжырт:
– Мыр зищІысыр сыт? Тепщэныгъэрэ лъэкІыныгъэшхуэрэ иІэу жин бзаджэхэм унафэ яхуещІри, ахэр цІыхухэм къахокІыж.
37 Апхуэдэу Хьисэ и хъыбар а щІыпІэм дэнэкІи щыІуащ.
Хьисэ цІыху куэд зэригъэхъужар
38 ТхьэлъэІупІэ унэм къыщІэкІыжри, Симэн и унэм еблэгъащ Хьисэ. Симэн и щыкъу анэр плъыржьэр гуащІэм хигъэзыхьауэ хэлъти, ар игъэхъужыну Хьисэ къелъэІуащ. 39 Хьисэ сымаджэм щхьэщыхьэри, плъыржьэрыр игъэувыІащ, узри хэкІыжащ. Арыххэти, Симэн и щыкъу анэр къэтэджри, хьэщІэхэм Іэнэ къахуищтащ.
40 Пшапэр щызэхэуэм, уз зэмылІэужьыгъуэ зэфыкІ сымаджэхэр Хьисэ къыхуашэу щІадзащ. Хьисэ и Іэр ятрилъхьэурэ, ахэр игъэхъужырт. 41 «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ», – жаІэурэ, жин бзаджэхэр цІыху куэдым кІийуэ къахэкІыжырт. Ауэ Хьисэ абыхэм яхуидэртэкъым апхуэдэу жаІэну, Ар Тхьэм зэри-Мэсихьыр абыхэм ящІэрти.
42 Нэху зэрыщу, Хьисэ къуажэр ибгынэри, щІыпІэ пхыдза гуэрым кІуащ. Абы цІыху куэд кІэлъежьащ, Ар къалъыхъуэу. Къыщагъуэтым, я щІыпІэр ирамыгъэбгынэн щхьэкІэ, зэтраІыгъэну хэтащ. 43 Ауэ Хьисэ абыхэм яжриІащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэм* теухуа хъыбарыфІыр нэгъуэщІ жылэхэми щысІуэтэн хуейщ Сэ. Аращ Сэ Тхьэм сыкъыщІигъэкІуар.
44 Апхуэдэу, Хьисэ Ехьудей хэкур къызэхикІухьурэ, жылэхэм дэт тхьэлъэІупІэ унэхэм уаз щитырт.
5Игъэсэн папщІэ, Хьисэ япэу къыхиха цІыхуищыр
1 Зэгуэрым, Хьисэ Джэнисэр гуэлым здыІутым, Тхьэм и псалъэм едэІуэну къызэхуэса цІыху гупышхуэр къытегуплІэ хъуащ. 2 Гуэл Іуфэм Іут кхъуафэжьеитІ къилъэгъуащ Хьисэ. Бдзэжьеящэхэр кхъуафэжьейхэм къикІауэ, яхъхэр ягъэкъэбзэжырт. 3 Ар зы кхъуафэжьейм, Симэн ейм, иувэщ, псы Іуфэм мащІэу ІуигъэкІыну елъэІущ, етІысэхри, цІыхухэр иущиин щІидзащ. 4 Псэлъэн иуха нэужь, Симэн мыпхуэдэу жриІащ:
– Кхъуафэжьейр кууупІэмкІэ ныхэгъэхьи, фихъхэр хэвдзэ, бдзэжьей къэвубыдын папщІэ.
5 – УщиякІуэ, – жиІащ Симэн, – дэ жэщ псом демытІысэхыу бдзэжьей дещати, зыри къытхуэубыдакъым. Ауэ Уэ щыжыпІэкІэ, хэздзэнщ.
6 Хъыхэр хадзащ. Щыхадзэм, апхуэдизкІэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэр зэгуэтхъырт. 7 Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжьэгъухэм Іэ хуащІащ, къакІуэу къадэІэпыкъуну. Ахэр къесылІэри, бдзэжьейр кхъуафэжьеитІми ярыз ящІащ, щІелъафэ иджы жыуигъэІэу. 8 Симэн Питрэс ар щилъагъум, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иувэри жриІащ:
– Зи щІыхьыр ин, сыкъэбгынэ, сэ сыгуэныхьлыщ.
9 Езы Симэни, адрей и гъусахэри, Зэвдей и къуэхэу Симэн и лэжьэгъу Екъуби Яхьяи хуабжьу къэшынащ, апхуэдиз бдзэжьей щалъагъум. Хьисэ Симэн жриІащ:
– Умышынэ! Бдзэжьей къэбубыду зэрыщытам хуэдэу, цІыхухэр си Іумэтым къибгъэхьэнущ дяпэкІэ.
11 КхъуафэжьеитІыр ныджэм къытралъэфэжщ, псори къагъанэри, ахэр Хьисэ и ужь иуващ.
Хьисэ уэшын уз зэфыкІ лІы гуэр зэригъэхъужар
12 Хьисэ, жылэ гуэрым дэту, уэшын уз зэфыкІ лІы гуэр къыхуэзащ. Сымаджэм Ар щилъагъум, и щхьэр щІым еІусэу зридзыхри, къелъэІуащ:
– Зи щІыхьыр ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ, – жиІэри.
13 Хьисэ и Іэр ишийщ, абы теІэбэри жиІащ:
– Сыхуейщ, хъуж узыншэ.
Арыххэти, лІым узыр хэкІыжри, узыншэ хъужащ.
14 Хьисэ абы жриІащ:
– Къэхъуар зыми жумыІэж, дин гъуазэм деж кІуэи, зэгъэплъ икІи узэрыхъужам щхьэкІэ, Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн укІ. Ар узэрыхъужамкІэ цІыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунщ.
15 КІуэтэху, Хьисэ и хъыбарым нэхъ зиубгъурт, цІыху нэхъыби къыхуэкІуэрт и псалъэм едэІуэну икІи я узыфэхэр ирагъэхъужыну. 16 Езы Хьисэ щІыпІэ пхыдза щІэх-щІэхыурэ кІуэурэ, тхьэ елъэІурт.
Хьисэ зи лъэр къыщІэмыувэж лІы гуэр зэригъэхъужар
17 Махуэ гуэрым, Хьисэ цІыхухэр здиущийм, Гэлилеймрэ Ехьудеймрэ я жылагъуэхэми Ерусэлими къикІауэ теурэт егъэджакІуэхэр, фарисейхэр* Абы едаІуэу щыст. Зиусхьэным и къаруушхуэу сымаджэхэр зыгъэхъужыр Хьисэ щІыгъут. 18 Зи лъэр къыщІэмыувэж лІы гуэр цІыхухэм арджэным телъу къахьащ, унэм щІахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэн я мураду. 19 Ауэ цІыхур Іувти, щІахьэфакъым. Апхуэдэу щыхъум, ахэр унащхьэм дэкІуейщ, кхъуэщыныр къытрахри, сымаджэр, арджэным зэрытелъу, ирахьэхри, унэкум хуэзэу Хьисэ и пащхьэ иралъхьащ. 20 Абыхэм я фІэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ сымаджэм жриІащ:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
21 Ар щызэхахым, теурэт егъэджакІуэхэми фарисейхэми ягукІэ мыпхуэдэу жаІащ: «Тхьэр зыгъэикІэ мыр хэт хъуну? Тхьэм нэмыщІ, хэт гуэныхьхэр зыгъэгъуну хуитыр?»
22 Хьисэ ахэр зэгупсысыр ищІэрти, захуигъазэри яжриІащ:
– Апхуэдэ гупсысэхэр щхьэ фигу къэвгъэкІрэ? 23 Сыт нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпІэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, зекІуэ» жыпІэныра? 24 ЦІыхум и Къуэм* гуэныхьхэр игъэгъуну мы дунейм тепщэныгъэ зэрыщиІэр фщІэн щхьэкІэ, – жиІэри, Хьисэ зи лъэр къыщІэмыувэжым жриІащ: – Уэ ныбжызоІэ, къэтэдж, уи арджэныр къащти, уи унэм кІуэж.
25 Абыхэм ялъагъуу, лІыр асыхьэтым къэтэджщ, зытелъа арджэныр къищтэри, Тхьэм фІыщІэ хуищІурэ, и унэм кІуэжащ. 26 Ар псоми яфІэтелъыджэ хъуауэ, Тхьэм щІыхь хуащІрэ хуабжьу шынауэ, жаІэрт: «Дэ нобэ тлъэгъуар телъыджэлажьэщ».
Лэуий Хьисэ и гъэсэн зэрыхъуар
27 Хьисэ жылэм къыдэкІыжащ абы и ужькІэ. Лэуий и цІэу тезыр ахъшэ къыхэзых лІы гуэр ахъшэ къыхэхыпІэм деж щысу къилъагъури, Хьисэ абы жриІащ:
– Си ужь къиувэ!
28 Лэуий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ.
29 ИтІанэ Лэуий и унэм Хьисэ Іэнэшхуэ къыщыхуигъэуващ. Тезыр ахъшэ къыхэзых гупышхуи нэгъуэщІ цІыху Іэджи пэрыст Іэнэм. 30 Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ абыхэм я ІупэфІэгъу теурэт егъэджакІуэхэмрэ, губгъэн хэлъу, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу жраІащ:
– Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ фащІыдефэр, фащІыдэшхэр сыт?
31 – Узыншэхэракъым дохутыр хуейр, атІэ сымаджэхэрщ, – яжриІащ абыхэм Хьисэ. 32 – ЦІыху щыпкъэхэракъым, атІэ гуэныхьлыхэрщ тобэ къэхьыжыным къыхуезджэну сакъызыхуэкІуар.
НэщІым теухуауэ
33 Хьисэ мыпхуэдэу къыжраІащ абыхэм:
– Яхья и гъэсэнхэм нэщІ ис я хабзэщ, тхьэ йолъэІу. Фарисейхэм я гъэсэнхэми ар дыдэр ящІэ, ауэ Уэ уи гъэсэнхэр машхэ, икІи йофэ!
34 – Щауэр я гъусэху, хьэгъуэлІыгъуэм хэт хьэщІэхэр пхуэгъэнэщІыну? – еупщІащ абыхэм Хьисэ. – 35 Ауэ щауэр абыхэм къыщыхашыну махуэр къэкІуэнущ. Мис абы щыгъуэ нэщІ исынухэщ.
36 Хьисэ абыхэм щІагъыбзэ яжриІащ итІанэ:
– ЩыгъыныщІэм щэкІ кІапэ къыпигъэжу щыгъыныжьым тридэркъым зыми, сыту жыпІэмэ щыгъыныщІэр зэІигъэхьэнущ, щыгъыныжьми а щэкІ кІапэр кІэрызэгъэнукъым. 37 Абы ещхьу, санэщІэр зыми фэнд тІорысэм иригъахъуэркъым, сыту жыпІэмэ санэщІэм фэнд тІорысэр къызэгуитхъынурэ санэр къижынущ, фэндри зэІигъэхьэнущ. 38 СанэщІэр фэндыщІэм игъэхъуэн хуейщ. 39 Щыта санэ изыфам санэщІэ ефэн идэнукъым, щыта санэр нэхъыфІщ жиІэнурэ.
6Хьисэ щэбэтым и тепщэщ
1 Зэгуэрым, щэбэт махуэу, Хьисэ гуэдз хьэсэм хэту кІуэрт. И гъэсэнхэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхырт, яІуэтурэ. 2 Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм ар щалъагъум, къыжраІащ:
– Щэбэт махуэм пщІэ мыхъунур щІэфщІэр сыт? – жаІэри.
3 – Даут и гъусахэмрэ езымрэ къыщымэжэлІам абы ищІам фемыджауэ ара? – жиІащ Хьисэ. – 4 Даут Тхьэм и Шэтырым щІыхьэщ, Тхьэм и пащхьэ иралъхьэ щІакхъуэр къищтэри, ишхащ, и гъусэхэми яригъэшхащ, дин гъуазэхэм нэмыщІ, а щІакхъуэр зыми яшх мыхъуну щыта пэтрэ. – 5 Хьисэ ар жиІэри, мыр къыпищащ: – ЦІыхум и Къуэр щэбэтым и тепщэщ.
6 НэгъуэщІ щэбэт махуэ гуэрым тхьэлъэІупІэ унэм щІыхьэри, Хьисэ цІыхухэр Тхыгъэ ЛъапІэм щІигъэджыкІын щІидзащ. Зи Іэ ижьыр гъуа лІы гуэр абы щІэст. 7 Теурэт егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ кІэлъыплъырт, а лІыр щэбэт махуэм игъэхъужмэ, абыкІэ ягъэкъуэншэн я мураду. 8 Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищІэрти, зи Іэр гъуа лІым мыпхуэдэу жриІащ:
– Къэтэджи, утыкум къиувэ.
ЛІыр тэджри, утыкум иуващ.
9 – Сэ фэ сынывоупщІ, – яжриІащ абыхэм Хьисэ. – ФІы пщІэныра хьэмэрэ Іей пщІэныра къезэгъыр щэбэт махуэм? ЦІыхур къебгъэлыныра хьэмэрэ бгъэкІуэдыныра къезэгъыр?
10 Ар жиІа нэужь, Хьисэ, псори къызэхиплъыхьри, зи Іэр гъуа лІым жриІащ:
– Уи Іэр къэший!
ЛІым и Іэр ишийри, узыншэ хъужащ. 11 Хьисэ и пэрыуэгъухэм ар щалъагъум, къызэрыгъэгубжьри, Хьисэ иращІэнумкІэ зэчэнджэщащ.
Хьисэ лІыкІуэ ищІыну къыхихахэр
12 А махуэхэм Хьисэ тхьэ елъэІуну Іуащхьэм дэкІуейри, жэщыр абы щигъэкІуащ, тхьэ елъэІуу. 13 Нэху зэрыщу, и гъэсэнхэр ириджэщ, цІыху пщыкІутІ абыхэм щыщу къыхихри, лІыкІуэ ищІащ. 14 Мис ахэр: Хьисэ Питрэс зыфІищыжа Симэн, Питрэс и къуэш Индрис, Екъуб, Яхья, ФылыпІ, Бартэлим, 15 МатІэ, ТІэмус, Алиф и къуэ Екъуб, зилотхэм ящыщ Симэн, 16 Екъуб и къуэ Ехьудэ икІи Ехьудэ ИшкІэриуэт (иужькІэ Хьисэ епцІыжар).
Гъуэгу махуэ теувахэр
17 Хьисэ абыхэм я гъусэу Іуащхьэм къехыжри, и гъэсэн куэд къыщыпэплъэ тафэм къытехьэжащ. Абыхэм нэмыщІ, Ехьудей псоми, Ерусэлими, хы Іуфэм Іут Тиррэ Сидонрэ пэгъунэгъу жылэхэми къикІауэ цІыху куэд къызэхуэсат. 18 Хьисэ жиІэм едэІуэну икІи я узхэр ирагъэхъужыну арат ахэр къыщІэкІуар. Жин бзаджэм иІыгъхэри хъужырт. 19 Сымаджэ псори зыгъэхъуж къару къызэрыпкърыкІым щхьэкІэ цІыху псори Хьисэ еІусэну щІэкъут.
20 И гъэсэнхэм яхэплъэри, Хьисэ жиІащ:
– Гъуэгу махуэ фытеуващ тхьэмыщкІэхэр,
сыту жыпІэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэтхэр фэращ.
21 Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту мэжалІэхэр,
зывгъэнщІыжынущи.
Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту гъыхэр,
фыгуфІэжынущи.
22 Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦІыхум и Къуэм и гъуэгум фызэрытетым щхьэкІэ цІыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фыкъызыхахумэ, фхуэмыфащэ къывапэсмэ икІи фи цІэр ягъэикІэмэ. 23 ФыгуфІэ а махуэм, фыгуфІэ, фыдэлъей, сыту жыпІэмэ уафэм саугъэт ин къыщыфпоплъэ. Апхуэдэ цІыхухэм я адэжьхэм ар дыдэр пасэрей бегъымбархэми иращІэу щытащ.
24 Ауэ фэ, къулеижьхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
фи гум фІэІэфІхэр зывгъэнщІыху вгъуэтащи.
25 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту зи ныбэ изхэр,
фымэжэлІэжынущи.
Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту дыхьэшххэр,
фыгъыжынущ, фыпыхьэжынущи.
26 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цІыху псори къыфщытхъумэ,
сыту жыпІэмэ а къыфщытхъухэм я адэжьхэри бегъымбар нэпцІхэм ящытхъуу щытащ.
ФІылъагъуныгъэм теухуауэ
27 – Ауэ Сэ къызэдаІуэхэм нывжызоІэ: Фи бийхэр фІыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэм фІы яхуэфщІэ. 28 Къывэбгхэм Тхьэм и нэфІ къащыхуэну фахуелъэІу, фи жагъуэ къэзыщІхэми Тхьэр фІыкІэ къахуэупсэну фахуелъэІу.
29 Уи напэм къеуэм адрей напэ лъэныкъуэр хуэгъазэ. Уи щыгъын щІыІутелъыр птезыхым упэрымыуэу уи джанэри егъащтэ. 30 КъолъэІу дэтхэнэми къыщІолъэІур ет! Уи хьэпшып птезыхым къытепхыжыну и ужь уимыхьэ. 31 ЦІыхухэм зыхуевгъэщІэну фызыхуейр фэри яхуэфщІэ.
32 ФІыуэ фыкъэзылъагъухэм фІэкІа адрейхэр фІыуэ фымылъагъумэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми фІыуэ къэзылъагъухэр фІыуэ ялъагъуж. 33 ФІы къыфхуэзыщІэхэм фІэкІа адрейхэм фІы яхуэвмыщІэмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми ар дыдэр ящІэркъэ? 34 Къэзыпшыныжыну фызыщыгугъхэм фІэкІа нэгъуэщІхэм щІыхуэ евмытмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми езыхэм хуэдэ гуэныхьлыхэм щІыхуэ ират, абы хуэдиз дыдэ къызэрыратыжынур ящІэри. 35 Ауэ фэ фи бийхэр фІыуэ флъагъу, фІы яхуэфщІэ икІи щІыхуэ ефт, къыватыжыну фыщымыгугъми. Абы щыгъуэ саугъэтышхуэ къыфлъысынущ икІи Я Нэхъ Лъагэм и бын фыхъунущ, Тхьэр фІыщІэ зымыщІхэми цІыху ябгэхэми яхуэжумартщи. 36 Фи Адэ лъапІэм хуэдэу гущІэгъулыуэ фыщыт.
Хьэкум зыми тевмыщІыхь
37 – Хьэкум зыми тевмыщІыхьи, фэри къыфтращІыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэм фэри фигъэкъуэншэнукъым. КъывэкъуэншэкІхэм яхуэвгъэгъуи, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ. 38 ЦІыхухэм зыщІэлъэІур ефти, Тхьэм фэри къывитынущ. Пщалъэм изу, зэщыгуарэ зэщыубэжауэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэкІэщ фэри къызэрыфхуапщынур.
39 Ар жиІэри, Хьисэ абыхэм ущие псалъэ яжриІащ:
– Зы нэфыр нэгъуэщІ нэфым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъун лъэкІыну? ТІури мащэм ихуэнукъэ? 40 ЕджакІуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ зыхуагъэІущыр нэгъэсауэ зыдж дэтхэнэри абы хуэдэ мэхъу. 41 Уи нэм щІэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым и нэм щІэлъ пхъэласкІэр щхьэ плъагъурэ? 42 Уэ езым уи нэм щІэлъ бжэгъур умылъагъужу, уи къуэшым дауэ жепІэфрэ: «Си къуэш, уи нэм щІэлъ пхъэласкІэр къыщІэзгъэхыж», – жыпІэу? БзитІщхьитІ! Уэ езым уи нэм щІэлъ бжэгъур къыщІэхыж япэщІыкІэ, итІанэ къэпщІэнущ уи къуэшым и нэм щІэлъ пхъэласкІэр къызэрыщІэпхыжыну щІыкІэр.
Жыгыр зыхуэдэр къызэращІэ щІыкІэр
43 – ЖыгыфІым пхъэщхьэмыщхьэ Іей къыпыкІэркъым, жыг Іейми пхъэщхьэмыщхьэфІ къыпыкІэркъым. 44 Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкІэмкІэщ къызэращІэр. Пыжьейм жызум къыпачыркъым, кхъуэбанэми хъурмэ къыпачыркъым. 45 ЦІыху угъурлым фІыр щихъумэ и гум фІы кърех. ЦІыху ябгэм ер щихъумэ и гум е кърех. Сыту жыпІэмэ цІыхум и гум илъырщ и бзэм къипсэлъыр.
Унэ лъабжьэ нэсыр
46 – Сэ вжесІэр щывмыгъэзащІэкІэ, «Зи щІыхьыр ин, Зи щІыхьыр ин!» къыщІызжефІэр сыт? 47 Си Іумэтым къихьэрэ, си псалъэм едаІуэу, ар зыгъэзащІэ дэтхэнэри зыхуэдэр вжесІэнщ. 48 Унэ щиухуэм щІыр куууэ дэзытІыкІыу унэ лъабжьэр мывэм тезыщІыхьа цІыхум хуэдэщ ар. Псыр къиури, унэм тегуплІащ, ауэ хуэгъэхъеякъым, унэр зэпэщу щІа хъуати. 49 Ауэ си псалъэм едаІуэу ар зымыгъэзащІэр, зи унэр лъабжьэ имыІэу щІым и гущІыІум тезыщІыхьа цІыхум хуэдэщ. Псыр щытегуплІэм, а унэр асыхьэтым къызэтеуэжащ, къутахуэ фІэкІа къэмынэу.
7Римым и дзэзешэм и фІэщхъуныгъэр
1 ЦІыхубэм яжриІа псалъэр щиухым, Хьисэ Кэпэрнэум дыхьащ.
2 Римым и дзэзешэ гуэрым фІыуэ илъагъуу ІуэхутхьэбзащІэ иІэт. Ауэ ар лІэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт. 3 Хьисэ и хъыбар а дзэзешэм щызэхихым, журтхэм я тхьэмадэхэм ящыщ гуэрхэр Абы деж игъэкІуащ, Ар къакІуэу и ІуэхутхьэбзащІэр къригъэлыну. 4 Арати, ахэр Хьисэ деж къакІуэри, хуабжьу къелъэІуурэ мыпхуэдэу къыжраІащ:
– Ар хуэпщІэну хуэфащэщ абы, 5 абы ди лъэпкъыр фІыуэ елъагъу, тхьэлъэІупІэ уни тхуригъэщІащ.
6 Хьисэ абыхэм я гъусэу ежьащ. ЗдэкІуэм щынэблагъэм, дзэзешэм и ныбжьэгъухэр Хьисэ къыпригъажьэри, мыпхуэдэу къыжрыригъэІащ:
– Зи щІыхьыр ин, гугъу зумыгъэхь, си унэ укъихьэну схуэфащэкъым сэ. 7 Аращ сэ езыр уи деж сынэкІуэну сыщІытемыгушхуар, псалъэ жыІи, си ІуэхутхьэбзащІэр хъужынущ. 8 Сэ езыр унафэ сыщІэтщ, сэри си унафэ зауэлІхэр щІэтщ. Зым «модэ кІуэ» жесІэмэ, макІуэ. Адрейм «мыдэ къакІуэ» жесІэмэ, къокІуэ. Си унэІутым «мыр щІэ» жесІэмэ, ещІэ.
9 А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ ар игъэщІэгъуащ икІи зригъэзэкІри, и ужь иту къакІуэ цІыху къомым мыпхуэдэу яжриІащ:
– Пэжыр нывжызоІэ, израил лъэпкъым къыхэкІакъым апхуэдэ фІэщхъуныгъэ Сэ зыдэслъэгъуа.
10 Хьисэ деж лъэІуакІуэ къэкІуахэм ягъэзэжу унэм нэсыжа нэужь, дзэзешэм и ІуэхутхьэбзащІэр хъужауэ ирихьэлІэжащ.
Фызабэ гуэрым и къуэ лІар Хьисэ къызэригъэпсэужар
11 Хьисэ Наин къуажэм кІуэну ежьащ абы и ужькІэ. И гъэсэнхэри нэгъуэщІ цІыху Іэджи щІыгъут. 12 Къуажэ дыхьэпІэм щынэблагъэм, хьэдэ къыдахыу ирихьэлІащ. ЛІар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэт. Къуажэдэс куэди фызабэм щІыгъуу къакІуэрт. 13 Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, и гур щІэузри:
– Умыгъ, ди анэ! – жриІащ. 14 ИтІанэ бгъэдыхьэри, кхъаблэм еІусащ. Хьэдэр зыхьхэр къыщыувыІэм, Хьисэ жиІащ:
– НыбжьыщІэ, уэращ зыжесІэр, къэтэдж.
15 ЛІар къызэфІэтІысхьэри, псалъэу щІидзащ. Хьисэ ар и анэм иритыжащ. 16 Псори хуабжьу шынарэ Тхьэм щІыхь хуащІурэ, мыпхуэдэу жаІэрт:
– Бегъымбарышхуэ къытхуэкІуащ, Тхьэр и лъэпкъым щІэгъэкъуэн къыхуэхъуащ.
17 Арати, Хьисэ и хъыбар Ехьудей псоми абы пэгъунэгъу щІыпІэхэми щызэхахащ.
Яхья бегъымбарым и гъэсэнхэр Хьисэ деж зэригъэкІуар
18 Яхья бегъымбарым и гъэсэнхэм а Іуэхугъуэ телъыджэхэм я хъыбар абы щыхуаІуэтэжым, и гъэсэнхэм щыщу цІыхуитІ ириджэри, 19 Зиусхьэным деж игъэкІуащ, мыпхуэдэу иригъэупщІыну: «Дунейм къытехьэн хуеяр Уэра, хьэмэрэ нэгъуэщІым дыпэплъэн хуей?» 20 Ахэр Хьисэ деж кІуэри еупщІащ:
– УмэхъакІуэ Яхья дыноупщІыну дыкъыпхуигъэкІуащ: «Дунейм къытехьэн хуеяр Уэра, хьэмэрэ нэгъуэщІым дыпэплъэн хуей?»
21 Хьисэ зигу къыдэмыж, сымаджэ куэд игъэхъужырт а зэманым, жин бзаджэхэр цІыхухэм къахихужырт, нэф куэдми я нэр къигъэплъэжырт.
22 – Вгъэзэжи, – яжриІащ Хьисэ къэкІуахэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Яхья хуэфІуэтэж: нэфхэм я нэр къоплъэж, щІакъуэхэм я лъэр зэроубыдыж, уэшын уз зэфыкІхэм я щІыфэр къабзэ мэхъуж, дэгухэм я тхьэкІумэр къеутІыпщыж, лІахэр къотэджыж, тхьэмыщкІэхэм Тхьэм и хъыбарыфІыр хуаІуатэ. 23 Гъуэгу махуэ теуващ СэркІэ шэч къэзымыхьыр.
24 Яхья къигъэкІуахэм ягъэзэжа нэужь, абы и гугъу цІыхубэм яхуищІын щІидзащ Хьисэ:
– Къумым фыщІэкІуар сытыт? Жьым игъэсыс къамылым хуэдэу таучэлмыщІ цІыху феплъыну арат фыщІэкІуар? 25 АтІэ сыт фыщІэкІуар къумым? Щыгъын дахэкІэ хуэпа цІыху флъагъуну фи гугъауэ ара? Дахэу хуэпахэмрэ къулеижьхэмрэ зыщІэсыр пащтыхь сэрейрщ. 26 Хэт атІэ флъагъуну фи гугъар? Бегъымбар? Пэжщ, бегъымбарщ флъэгъуар, ауэ нывжызоІэ, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ инщ. 27 Тхыгъэ ЛъапІэм мыпхуэдэу щыжиІам, Яхьящ зи гугъу ищІар:
«Мис, уяпэ иту си лІыкІуэр нызогъакІуэ,
абы уи гъуэгур пхуигъэхьэзырынущ».
28 НывжызоІэ, фызхэм къалъхуахэм щыщу Яхья нэхърэ нэхъ ин мы дунейм къытехьакъым. Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэтхэм я нэхъ цІыкІу дыдэр Яхья нэхърэ нэхъ инщ.
29 Хьисэ и псалъэр щызэхахым, цІыху къызэхуэсахэми, уеблэмэ тезыр ахъшэ къыхэзыххэми Тхьэм и мурадхэр захуэу ялъытащ, сыту жыпІэмэ абыхэм Яхья зрагъэумэхъакІэт. 30 Ауэ фарисейхэмрэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ Яхья зрагъэумэхъын хуейуэ къалъытатэкъым. Апхуэдэу абыхэм Тхьэм и Іэмырыр ягъэзэщІэн ядауэ щытакъым.
31 – Нобэрей цІыхухэр сытым хуэзгъэдэн? – жиІащ Хьисэ. – Хэт ахэр зэщхьыр? 32 ЦІыху зекІуапІэхэм деж щытІысарэ мыр жаІэурэ, зыр адрейм егуо сабийхэм хуэдэщ ахэр:
«Бжьамий дыфхуепщати, фыкъэфакъым,
гъыбзэ къыфхуитшати, фыгъакъым».
33 Ар щІыжысІэращ, умэхъакІуэ Яхья къэкІуащи, санэ ефэркъым, щІакхъуи ишхыркъым, итІани «ар жин бзаджэм иІыгъщ» жывоІэ. 34 ЦІыхум и Къуэр къыфхуэкІуащи, йофэ икІи йошхэ, ауэ Абы щхьэкІи «мис ныбаблэр, ефэрейр, тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ я ныбжьэгъур» жывоІэ. 35 Ауэ Тхьэм и Іущагъэр къабыл зыщІа псори а Іущагъэр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ.
Хьисэ цІыхубз гуэрым и гуэныхьхэр къызэрыхуигъэгъуар
36 Фарисей гуэрым Хьисэ игъэхьэщІэну иригъэблэгъат. Щригъэблагъэм, абы и унэм щІыхьэри, Ар Іэнэм пэрытІысхьащ. 37 А жылэм гуэныхьщІакІуэу къыщацІыху цІыхубз гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм зэреблэгъар къыщищІэм, алавастрэкІэ зэджэ мывэм къыхэщІыкІа бащирыбэм иту мэ дахэ къызыхих дагъэ лъапІэ здищтэщ, фарисейм и унэм щІыхьэри, 38 Хьисэ и щІыбагъымкІэ къыдэуващ. ИтІанэ и нэпсыр къыщиудри, Хьисэ и лъакъуэр псыф ищІу теткІуащ. ЩытеткІуэм, и щхьэцымкІэ хуилъэщІыжри, ба хуищІурэ, дагъэр хущихуащ. 39 Хьисэ езыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Мыр бегъымбару щытатэмэ, къеІусэ цІыхубзыр зи щІысыр, икІи ар зэрыгуэныхьщІакІуэр ищІэнт». 40 Хьисэ лІым жриІащ:
– Симэн, Сэ зыгуэр бжесІэну сыхуейщ.
– КъызжеІэ, ущиякІуэ, – жиІащ Симэн.
41 – ЛІы гуэрым и щІыхуэ цІыхуитІым ятелът. Зым дыжьын ахъшэ щитху, адрейм тхущІ телът, – жиІащ Хьисэ. – 42 Ауэ щІыхуэр щахуэмыпшыныжым, тІуми яхуигъэгъуащ. АтІэ къызжеІэт, а тІум дэтхэнэра щІыхуэ къезытар нэхъыфІу зылъагъунур?
43 – СызэригугъэмкІэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиІащ Симэн.
– Пэжу уогугъэ, – акъылэгъу хъуащ Хьисэ. 44 Ар цІыхубзым хуеплъэкІри, Симэн жриІащ итІанэ: – Мы цІыхубзыр плъагъурэ? Сэ уи унэ сыкъихьа пэтрэ си лъакъуэр зэрыстхьэщІын псы къызэптакъым, ауэ мыбы и нэпсымкІэ си лъакъуэр схуитхьэщІри, и щхьэцымкІэ схуилъэщІыжащ. 45 Уэ ІэплІэ къысхуэпщІакъым, ауэ Сэ мыбы сызэрыщІэс лъандэрэ мы цІыхубзым увыІэгъуэ имыІэу си лъакъуэм ба къыхуещІ. 46 Уэ хьэщІагъэ къызэпхакъым, си щхьэм дагъэ къыщыпхуэу, мы цІыхубзым си лъакъуэм дагъэ лъапІэ къысхущихуащ. 47 Абы къыхэкІкІэ ныбжызоІэ: и фІылъагъуныгъэр инти, гуэныхь куэд къыхуэгъуащ. Ауэ мащІэ къызыхуэгъуам и фІылъагъуныгъэри мащІэщ.
48 Хьисэ цІыхубзым зыхуигъазэри:
– Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ, – жриІащ.
49 Ар щызэхахым, адрей хьэщІэхэм ягукІэ жаІащ: «Гуэныхь нэгъунэ зыгъэгъу мы лІыр хэт хъуну?»
50 Хьисэ цІыхубзым жриІащ:
– Уи фІэщхъуныгъэм укъригъэлащ. Тхьэм гупсэхугъуэ къуит, кІуэ иджы.
8Хьисэ и Іумэтым ит бзылъхугъэхэр
1 Тэлай дэкІри, Тхьэм и Тепщэныгъэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм яхуиІуатэурэ, Хьисэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикІухьын щІидзащ, и гъэсэн пщыкІутІри и гъусэу. 2 Абыхэм нэмыщІ, жин бзаджэ къызыхихужа икІи игъэхъужа бзылъхугъэ зыбжани щІыгъут Хьисэ. Абыхэм я цІэр мыращ: Хьисэ жин бзаджибл къызыхихужа Мэрям, Магдалэ къуажэм щыщыр, 3 лІыщхьэ Хьирэд и мылъкузехьэ Хузэ и фыз Иухьанэ, Сусанэ, нэгъуэщІхэри. Ахэр я мылъкумкІэ Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ ядэІэпыкъурт.
Жыласэм теухуа щІагъыбзэ
4 Жылэхэм къикІауэ цІыху куэд къыщызэхуэсым, Хьисэ щІагъыбзэ зыщІэлъ хъыбар къригъэжьащ:
5 – Жыласэм жылэ трисэну дэкІащ. Здытрисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦІыхухэм ар щІым хаутэри, къуалэбзухэм зэщІащыпащ. 6 Жылэм щыщ щІы мывалъэми хэхуащ икІи къуэпс идзащ, ауэ псы зэримыгъуэтым къыхэкІкІэ гъужащ. 7 Жылэм щыщ банэми хэхуащ икІи къэкІащ, ауэ банэм абы и къуэпсым зригъэужьакъым. 8 Жылэм щыщ щІыфІми хэхуащ, къэкІащ икІи трисар щэкІэ бэгъуауэ къытрихыжащ.
Ар жиІа нэужь, Хьисэ макъ лъагэкІэ къыпищащ:
– ТхьэкІумэ зиІэм жысІэр зэхрырех.
ЩІагъыбзэм и мыхьэнэр
9 А щІагъыбзэм къикІыр къагуригъэІуэну къелъэІуащ и гъэсэнхэр Хьисэ.
10 – Тхьэм и Тепщэныгъэм и щэхухэр фщІэну хуит фищІащ фэ Тхьэм, – жиІащ Хьисэ. – Ауэ адрей цІыхухэм щІагъыбзэущ ар зэрызэхахынур икІи
«еплъ пэтми ялъагъунукъым,
зэхах пэтми къагурыІуэнукъым».
11 ЩІагъыбзэ зэхэфхам къикІыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэращ. 12 Гъуэгум техуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзых цІыхухэрщ, ауэ иужькІэ Іиблисыр абыхэм къахуокІуэри, зэхаха псалъэр яфІедыгъу, фІэщхъуныгъэ ямыгъуэтын, къемылын щхьэкІэ. 13 ЩІы мывалъэм хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзыхыу ар гуфІэгъуэкІэ зыщтэ цІыхухэрщ. Ауэ я фІэщхъуныгъэм лъабжьэ зэримыІэм къыхэкІкІэ, апхуэдэ цІыхухэм Тхьэр тэлайкІэщ я фІэщ зэрыхъур, я фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэр къалъыкъуэкІа нэужь, Тхьэм и гъуэгум тощхьэрыукІыж ахэр. 14 Банэм хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзыххэрщ. Ауэ зэманыр и пІэм иткъыми, апхуэдэ цІыхухэр гъащІэм пыщІа гугъуехьхэм, мылъку къэлэжьыным, зыгъэтхъэжыным хущІагъэхьэркъым. Ахэр зи къуэпсыр зымыдз къэкІыгъэм хуэдэу къонэ. 15 ЩІыфІым хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр гу хьэлэлым, гу пцІанэм щызыхъумэу икІи къэмыдзыхэу гъавэ бэв къезыхьэлІэж цІыхухэрщ.
Нахуэ къэмыхъужын щэхуи бзыщІыгъи щыІэкъым
16 – Уэздыгъэ пигъанэу кумбыгъэкІэ щІиІубэркъым зыми, е гъуэлъыпІэ щІагъым щІигъэувэркъым, атІэ уэздыгъэ тегъэувапІэм трегъэувэ, къыщІыхьэхэм яхуэнэхун папщІэ. 17 Нахуэ къэмыхъужын щэхурэ къыщІэмыщыжын, къамыщІэжын бзыщІыгъэрэ щыІэкъым. 18 Аращи, фызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъ. Сыту жыпІэмэ зиІэ дэтхэнэми Тхьэм къыхущІигъунущ, зимыІэ дэтхэнэми иІэу къыфІэщІри Тхьэм Іихыжынущ.
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ
19 И анэмрэ и къуэшхэмрэ Хьисэ деж къэкІуащ. Ауэ бгъэдыхьэфыртэкъым, цІыхур Іувти. 20 Хьисэ хъыбар ирагъэщІащ:
– Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну къэкІуауэ щІыбым дэтщ, – жаІэри.
21 – Тхьэм и псалъэр зэхэзыххэу ар зыгъэзащІэхэращ Сэ си анэ, си къуэш хъужхэр, – итыжащ Абы жэуап.
Хьисэ борэныр зэригъэсабырыжар
22 Махуэ гуэрым Хьисэ, и гъэсэнхэр и гъусэу, кхъуафэжьейм итІысхьэри, яжриІащ:
– Девгъажьи, дызэпрывгъэкІ гуэлым.
Арати, ежьахэщ. 23 Кхъуафэжьейм ису здэкІуэм, Ар щхьэукъуащ. Гуэлым борэн къыщыхъейри, кхъуафэжьейм псы къиуэу щІидзащ. Я Іуэхур шынагъуэ хъуат. 24 Апхуэдэу щыхъум, Абы и гъэсэнхэр къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, къыжраІащ:
– УщиякІуэ, ущиякІуэ, детхьэлэ!
Хьисэ къэтэджри, борэнри толъкъунхэри игъэсабырыжащ, дунейри щым хъужащ.
25 – Фи фІэщхъуныгъэр дэнэ щыІэ? – еупщІащ Хьисэ абыхэм.
– Жьыми псыми унафэ яхуэзыщІу зыгъэІурыщІэ мыр хэт хъуну? – жаІэурэ зэупщІыжырт гъэсэнхэр, шынарэ ялъэгъуар яфІэтелъыджэ хъуауэ.
Жин бзаджэхэм яІыгъ цІыху гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
26 Джэрэсин лъэпкъым я хэкум, Гэлилейм къыпэщылъым, нэсащ ахэр. 27 Хьисэ кхъуафэжьейм къыщикІым, жылэм щыщ лІы гуэр, жин бзаджэхэм яІыгъыу, къыхуэзащ. Куэд щІауэ щыгъын щымыгъыу къикІухьырт абы, и унэ исыжтэкъым, щыпсэур кхъэрат. 28 Хьисэ къызэрилъагъуу, и лъакъуэм кІийуэ зыщІидзэри, макъышхуэкІэ жиІащ абы:
– Я Нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ, сыт уи Іуэхуу къысхэлъыр? СынолъэІу, гугъу сумыгъэхь!
29 Абы апхуэдэу щІыжиІар Хьисэ абы хэс жин бзаджэр къыхэкІыжыну унафэ хуищІати, аращ. Жин бзаджэр а цІыхум куэдрэ къыхыхьэурэ, гугъу иригъэхьырт. ГъущІ кІапсэкІэ епхауэ яхъумэрт ар, арщхьэкІэ кІапсэр къызэпиудырти, жин бзаджэм ар къумым ихурт.
30 – Уи цІэр сыт? – еупщІащ абы Хьисэ.
– Дзэщ сэ си цІэр, – къритыжащ абы жэуап. А лІым жин бзаджэ куэд и пкъым хыхьауэ хэсти, арат абы апхуэдэу щІыжиІэр.
31 Жин бзаджэхэр Хьисэ хуабжьу къелъэІуащ, кууупІэ лъащІэншэм имыгъэкІуэну.
32 А щІыпІэм кхъуэ хъушэ щыхъуакІуэрт, Іуащхьэм тету. Кхъуэхэм яхыхьэну хуит ищІыну къелъэІуащ ахэр Хьисэ. КъыщелъэІум, Абы ахэр хуит ищІащ. 33 Жинхэр цІыхум къыхэкІыжри, кхъуэхэм яхыхьащ. Арати, хъушэр зэрехьэжьэщ, нэпкъым елъэри, псым итхьэлащ.
34 Къэхъуар зылъэгъуа кхъуахъуэхэр щІэпхъуэжри, къалэми жылэхэми щаІуэтэжащ ялъэгъуар. 35 Къэхъуам еплъыну цІыхухэр къыдэкІщ, Хьисэ деж къакІуэри, жин бзаджэр къызыхэкІыжа цІыхур хуэпарэ и акъылыр зэтеувэжауэ, Хьисэ и лъакъуэм пэгъунэгъуу щысу кърихьэлІащ икІи хуабжьу шынахэщ. 36 Къэхъуар зи нэгу щІэкІахэм Хьисэ а лІым жин бзаджэхэр къызэрыхихужар яІуэтэжащ. 37 Джэрэсинхэр псори Хьисэ къелъэІуащ я хэкур къибгынэну, сыту жыпІэмэ псори хуабжьу шынат. Хьисэ кхъуафэжьейм итІысхьэри ежьэжащ. 38 Жин бзаджэ къызыхихужа лІыр Хьисэ къелъэІуащ: «Гъусэ сыщІ», – жиІэри. Ауэ лІым мыпхуэдэу жриІэри, Абы ар иутІыпщыжащ:
39 – Уи унэ кІуэжи, Тхьэм къыпхуищІа фІыгъуэшхуэр уи лъэпкъэгъухэм яхуэІуэтэж.
ЛІым къуажэм игъэзэжри, Хьисэ къыхуищІар цІыхухэм яхуиІуэтэжащ.
Хьисэ ажалымрэ узымрэ зэрытекІуар
40 Хьисэ игъэзэжа нэужь, цІыху куэд къыпежьащ, ахэр псори абы къыпэплъэрти. 41 ТхьэлъэІупІэ унэм щылажьэхэм я нэхъыщхьэ гуэр, Яхьир и цІэу, Хьисэ деж къакІуэщ, и лъакъуэм зыщІидзэри, къелъэІуащ и унэм хуеблэгъэну. 42 Абы ипхъу закъуэр, илъэс пщыкІутІым нэблэгъар, лІэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэ хьэлъэу хэлът. Арати, Хьисэ къелъэІуам и гъусэу ежьащ, цІыхубэр къытегуплІэу.
43 Илъэс пщыкІутІ хъуауэ лъы зыщІэкІ цІыхубз гуэр абдеж щытт цІыхухэм яхэту. И мылъкур дохутырхэм ятригъэкІуэда пэтрэ, зыми яхуэгъэхъужатэкъым ар. 44 А цІыхубзыр Хьисэ и щІыбагъымкІэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кІапэм къеІусащ, лъыр асыхьэтуи увыІащ.
45 – Хэт къызэІусар? – щІэупщІащ Хьисэ.
Зыми зыщимыумысыжым, Питрэс жиІащ:
– УщиякІуэ, цІыху цІыкІур къопщІауэ, лъэныкъуиплІымкІи къыщыптогуплІэ.
46 – Хьэуэ, сэ зыгуэр къызэІусащ, – жиІащ Хьисэ. – Сыту жыпІэмэ къару зэрысщІэкІар зыхэсщІащ.
47 ЦІыхубзым зибзыщІыну Іэмал зэримыІэжыр щилъагъум, кІэзызу къыкъуэкІщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщІидзэри, еІусэн хуей щІэхъуари асыхьэтым зэрыхъужари цІыху псоми я пащхьэм щиІуэтэжащ.
48 – Ди шыпхъу, уи фІэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Тхьэм гупсэхугъуэ къуит, кІуэ иджы.
49 Хьисэ и псалъэр нигъэсатэкъым, Яхьир и унэм щыхьэкІуэ къикІыу мыпхуэдэу къыщыжриІам:
– Яхьир, уи пхъур щыІэжкъым. Дин ущиякІуэр лейуэ гугъу йоумыгъэхь.
50 Ар щызэхихым, Хьисэ Яхьир жриІащ:
– Умышынэ. Уи фІэщ щІы закъуи, къелынущ уи пхъур.
51 Хьисэ Яхьир и унэм щынэсым, Питрэс, Яхья, Екъуб икІи хъыджэбз цІыкІу лІам и адэмрэ и анэмрэ нэмыщІ, унэм нэгъуэщІ щІыхьэну хуит ищІакъым. 52 ЦІыху псоми пыхьэрэ гъуэгыу хьэдагъэ ящІырт. Хьисэ абыхэм яжриІащ:
– Фымыгъей. Мыр лІакъым, жейуэ аращ!
53 ЦІыхухэр Хьисэ къыщыдыхьэшхащ, хъыджэбз цІыкІур зэрылІар ящІэрти. 54 Хьисэ абы и Іэр иубыдри мыпхуэдэу жиІащ:
– Пщащэ цІыкІу, къэтэдж!
55 Хъыджэбз цІыкІум и псэр къыхыхьэжри, асыхьэтым къызэфІэуващ. Ар ягъэшхэну унафэ ищІащ Хьисэ. 56 Пщащэ цІыкІум и адэмрэ и анэмрэ телъыджащэ ящыхъуат ялъэгъуар, ауэ Хьисэ абыхэм унафэ яхуищІащ къэхъуар зыми хуамыІуэтэжыну.
9Хьисэ и лІыкІуэ пщыкІутІым къару яриту зэрыригъэжьар
1 Хьисэ и гъэсэн пщыкІутІыр ириджэри, къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ, жин бзаджэхэм ятекІуэн, узыфэхэр ягъэхъужын папщІэ. 2 Арати, Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбар ягъэІуну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ Хьисэ ахэр.
3 – Гъуэгуанэ фыщытехьэкІэ, зыри здевмыхьэжьэ: баши, хъуржыни, щІакхъуи, ахъши, щыгъын леи здэвмыщтэ, – яжриІащ абыхэм Хьисэ. – 4 Сыт хуэдэ жылэ фыдыхьэми, бысым хъуэж фымыщІу зы унэм фыщыхьэщІэ, жылэм фыкъыдэкІыжыху. 5 Фезымыгъэблагъэхэм я жылэм фыкъыщыдэкІыжкІэ фи лъакъуэм трихьа сабэр кІэрывгъэщэщыж, къызэрывэкъуэншэкІамкІэ ар щыхьэт яхуэхъун папщІэ.
6 Арати, Хьисэ и гъэсэнхэм жылэхэр къызэхакІухьын щІадзащ, сымаджэхэр ягъэхъужрэ Тхьэм и хъыбарыфІыр яІуатэу.
7 Хьисэ теухуауэ къекІуэкІ псалъэмакъыр лІыщхьэ Хьирэд щызэхихым, зыхуихьынур имыщІэу хэгупсысыхьащ, Яхья бегъымбарыр къэтэджыжауэ жаІэрти. 8 Языныкъуэхэм Иляс бегъымбарым дунейм къигъэзэжауэ жаІэрт. Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжа хуэдэу зыгъэхъыбари щыІэт. 9 Езы Хьирэд мыпхуэдэу жиІащ: «Яхья и щхьэр сэ пезгъэупщІащ. АтІэ мы зи хъыбар зэхэтхыр хэт хъуну?» Хьирэд езыр щІэкъурт Хьисэ хуэзэну.
Хьисэ цІыху минитху зэригъэшхар
10 Хьисэ и лІыкІуэхэм къагъэзэжри, ящІауэ хъуар яІуэтэжащ. Ахэр гъусэ ищІри, БэтсэидкІэ зэджэ къуажэм кІуащ Хьисэ, абы я закъуэу щыІэну. 11 АрщхьэкІэ цІыхухэм ар къащІэри, кІэлъыкІуащ. Щынэсым, Хьисэ ахэр иригъэблагъэри, Тхьэм и Тепщэныгъэм яхутепсэлъыхьащ, гъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ. 12 Махуэр щыхэкІуатэм, и гъэсэн пщыкІутІыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраІащ:
– ЦІыхухэр жылэ гъунэгъухэм гъакІуэ, жэщыр щрахын унэрэ яшхынрэ къагъуэтын папщІэ, сыту жыпІэмэ мыр щІыпІэ пхыдзащ.
13 – Фэ езым вгъашхэ ахэр, – яжриІащ Хьисэ абыхэм.
– Дэ щІакхъуитхурэ бдзэжьеитІрэ фІэкІ диІэкъым, дыкІуэу цІыху псоми папщІэ шхын къэдмыщэхумэ, – къатыжащ абыхэм жэуап. 14 (ЦІыхухъу къудейуэ минитхум нэблагъэрт ахэр.)
– ЦІыхухэр щэ ныкъуэ хъу гуп-гупурэ евгъэтІысэх, – яжриІащ Хьисэ и гъэсэнхэм.
15 Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу ящІащ, цІыхухэр ирагъэтІысэхащ. 16 Хьисэ щІакхъуитхумрэ бдзэжьеитІымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фІыщІэ хуищІащ ерыскъым щхьэкІэ. ЩІакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ зэпищІыкІри, и гъэсэнхэм яритащ, цІыхухэм хуагуэшын папщІэ. 17 ЦІыхухэр шхащ, псоми загъэнщІащ икІи къадэхуауэ матэ пщыкІутІ зэщІакъуэжащ щІакхъуэрэ бдзэжьейуэ.
Хьисэ зэры-Мэсихьыр Питрэс и фІэщ зэрыхъуар
18 Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ я закъуэу махуэ гуэрым тхьэ елъэІуа нэужь, Хьисэ абыхэм еупщІащ:
– ЦІыхубэм Сэ сыхэту жаІэрэ?
19 – Языныкъуэхэм умэхъакІуэ Яхья къэтэджыжауэ жаІэ уэр щхьэкІэ, нэгъуэщІхэм у-Илясу жаІэ, пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжауэ жызыІи щыІэщ.
20 – АтІэ фэ сыхэту жыфІэрэ? – еупщІащ Хьисэ абыхэм.
– Уэ Тхьэм ури-Мэсихьщ, – жиІащ Питрэс.
21 Хьисэ абыхэм ткІийуэ унафэ яхуищІащ ар зэры-Мэсихьыр ямыгъэхъыбарыну, икІи мыпхуэдэуи яжриІащ:
22 – ЦІыхум и Къуэм хьэзабышхуэ ишэчын хуейщ. Лъэпкъ тхьэмадэхэми, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэми*, теурэт егъэджакІуэхэми ЦІыхум и Къуэр ямыдэу къызыхахунущ, яукІынущ, ауэ ещанэ махуэм лІахэм къахэтэджыкІыжынущ Ар.
23 Си ужь къиувэну хуейм езым и щхьэ Іуэхухэр зыщрегъэгъупщи, Сэр щхьэкІэ гугъу зригъэхьыфу, уеблэмэ и гъащІэр зэрытрахыну Іэщэр махуэ къэс ихьыфу щрет, итІанэ си ужь къреувэ, – яжриІащ псоми Хьисэ. – 24 Сыту жыпІэмэ зи псэр зыхъумэжыну хуейм и псэр фІэкІуэдынущ, ауэ Сэр папщІэ зи псэр зытым и псэр хъума хъунущ. 25 ЦІыхум дунейм тет фІыгъуэр зыІэригъэхьэрэ езыр жыхьэнмэлы хъумэ, е и псэм зэран хуэхъужмэ, сыт и сэбэп? 26 Си ущиемрэ Сэрэ къыттеукІытыхь дэтхэнэми ЦІыхум и Къуэри теукІытыхьыжынущ, езым и щІыхьри, и Адэм и щІыхьри, мелыІыч лъапІэхэм я щІыхьри бгъэдэлъу къыщигъэзэжкІэ. 27 Пэжыр нывжызоІэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр ямылъэгъуауэ дунейм емыхыжын мыбдежым щытхэм къыфхэтщ.
Хьисэ и щІыхьыр и гъэсэнищым къазэрыригъэлъэгъуар
28 А псалъэхэр жиІа нэужь, махуий хуэдиз дэкІауэ, Питрэс, Яхья, Екъуб сымэ зыщІигъури, Хьисэ тхьэ елъэІуну Іуащхьэм дэкІуеящ. 29 Тхьэ зделъэІум, Абы и нэгум зихъуэжащ, и щыгъынри лыдыжу хужьыбзэ хъуащ. 30 Хьисэ цІыхуитІ напІэзыпІэм къыхуэхутэри, къепсэлъэн щІадзащ. Ахэр бегъымбарышхуэу Мусэрэ Илясрэт, тІуми нурыр къащхьэщихырт. Тхьэм и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Ар куэд мыщІэу Ерусэлим щылІэн зэрыхуейм тепсэлъыхьырт ахэр. 32 Питрэс и гъуситІымрэ езымрэ жей къатеуэри, Іурихащ, ауэ къыщызэщыужым, зи щІыхьыр нэхушхуэм хуэдэу нэрылъагъу хъуа Хьисэрэ адрей тІумрэ – Мусэрэ Илясрэ къалъэгъуащ. 33 Мусэрэ Илясрэ Ар къыщабгынэм, Питрэс Хьисэ мыпхуэдэу жриІащ:
– УщиякІуэ, сыту гурыхь мыбдежым дыщытыну. ПщыІищ дгъэувынщ, зыр Уэ, зыр Мусэ, зыр Иляс папщІэ.
Питрэс жиІэр езым ищІэжыртэкъым. 34 Ар щыжиІэм, пшэ Іэрамэ къащхьэщыхьэри, щІихъумащ, щыщІихъумэм, ахэр къэщтащ. 35 Пшэм макъ къыхэІукІащ: «Мыр си Къуэрщ, Къыхэсхаращ. Абы жиІэм федаІуэ». 36 Макъыр увыІэжа нэужь, Хьисэ зыри и гъусэжтэкъым, езым и закъуэт. Абы и гъэсэнхэм ялъэгъуар зыми жрамыІэу а махуэхэм ябзыщІащ.
Хьисэ щІалэщІэ гуэрым жин бзаджэ къызэрыхихужар
37 ЕтІуанэ махуэм ахэр Іуащхьэм къехыжа нэужь, Хьисэ цІыху гупышхуэ къыпежьащ. 38 А гупым лІы гуэр къыхэгуоукІри, мыпхуэдэу жиІащ:
– УщиякІуэ, кхъыІэ, си къуэм схуеплъ, а зыращ сиІэр. 39 Жин бзаджэр къытоуэри, егъэкІий, хуэш къыхегъэхьэри, и жьэм тхъурымбэ къыжьэдэкІыу егъэкІэзыз икІи хуабжьу имыгъэхыщІауэ кІэрыкІыркъым. 40 Уи гъэсэнхэм селъэІуат жиныр къыхахужыну, ауэ зыри яхуещІакъым.
41 – ФІэщхъуныгъэншэу зэкІуэкІа щІэблэ, – жиІащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ иджыри сыфхэтыну? Сыт хуэдизрэ иджыри фысшэчыну? Къашэ мыдэ уи щІалэр.
42 ЩІалэр къыщыбгъэдыхьэм, жин бзаджэм ар ириудри игъэкІэзызащ. Хьисэ жиныр игъэувыІэщ, щІалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ. 43 ЦІыхухэм яфІэтелъыджэ хъуащ Тхьэм и лъэкІыныгъэм и инагъыр.
Хьисэ илэжьа Іуэхугъуэ псори ягъэщІагъуэу цІыхухэр здэщытым, езы Хьисэ и гъэсэнхэм мыр яжриІащ:
44 – Мы вжесІэр фи гум ивубыдэ: ЦІыхум и Къуэр цІыхухэм ІэщІалъхьэнущ.
45 Ауэ абыхэм къагурыІуакъым Хьисэ жиІам къикІыр, а псалъэм и мыхьэнэр абыхэм щабзыщІати. Езыхэри Хьисэ еупщІыну тегушхуакъым.
Нэхъ иныр хэт?
46 Хьисэ и гъэсэнхэм нэхъыщхьэ хъун хуейр яхузэхэмыгъэкІыу зэдауэрт. 47 Хьисэ ахэр зэгупсысыр ищІэрти, сабий гуэр къищтэщ, зыбгъэдигъэувэри, мыпхуэдэу яжриІащ:
48 – Си хьэтыр зылъагъуу мы сабийр езыгъэблагъэм Сэри сригъэблэгъауэ мэхъу. Сэ сезыгъэблагъэм сыкъэзыгъэкІуар иригъэблэгъауэ мэхъу. Нэхъ цІыкІу дыдэу къыфхэтырщ нэхъыщхьэр.
Пэрыуэгъу къыфхуэмыхъур фи телъхьэщ
49 – УщиякІуэ, дэ зыгуэр тлъэгъуащ жин бзаджэхэр цІыхухэм уи цІэкІэ къахихужу, – жиІащ Яхья. – ИкІи пэдубыдащ апхуэдэу имыщІэну, ди гъусэу зэрыщымытым щхьэкІэ.
50 – Пэвмыубыд. Фэ пэрыуэгъу къыфхуэмыхъур фи телъхьэщ, – жиІащ Хьисэ.
Самарейхэм Хьисэ зэрамыдар
51 Тхьэм Хьисэ уафэм щиІэтыжыну махуэр къыщыблагъэм, Абы Ерусэлим кІуэну мурад ищІащ. 52 Арати, Хьисэ лІыкІуэу цІыху зыбжанэ япэ иригъэщащ. Ахэр кІуэри, Самарие* хэкум хиубыдэ жылэ гуэрым дыхьащ, Абы хэщІапІэ къыхуагъэхьэзырыну. 53 Ауэ самарейхэм Ар жылэм дагъэхьэн ядакъым, Ерусэлим кІуэрти. 54 Абы и гъэсэнхэу Екъубрэ Яхьярэ ар щызэхахым, мыр жаІащ:
– Зи щІыхьыр ин, ахэр зысын мафІэ уафэм къедгъэхынщ, ухуеймэ?
55 Хьисэ абыхэм захуигъазэри щаригъэгъэтащ. 56 Ахэр нэгъуэщІ жылэ кІуащ итІанэ.
Хьисэ и гъуэгум утетыныр зыхуэдэр
57 Ахэр гъуэгу тету здэкІуэм, Хьисэ зыгуэрым мыр къыжриІащ:
– Зи щІыхьыр ин, Уэ дэнэ укІуэми, уи ужь ситу сынэкІуэнщ.
58 – Бажэм гъуэ иІэщ, къуалэбзуми абгъуэ иІэщ, ауэ ЦІыхум и Къуэм и щхьэр щигъэтІылъын пІэщхьагъ иІэкъым, – жиІащ Хьисэ.
59 – Си ужь къиувэ, – жриІащ Абы нэгъуэщІ зым.
– Зи щІыхьыр ин, япэщІыкІэ си адэр щІэзгъэлъхьэж, – къитащ абы жэуап.
60 – ЛІахэм я лІахэр езым щІрыралъхьэж, ауэ уэ кІуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр цІыхухэм яжеІэ, – жриІащ абы Хьисэ.
61 НэгъуэщІ гуэрми Хьисэ мыр къыжриІащ:
– Зи щІыхьыр ин, сэ уи ужь сиувэнщ, ауэ япэщІыкІэ си унэм исхэм сэлам езгъэхыж.
62 – Зи Іэр пхъэІэщэм тезылъхьэу къызэплъэкІыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэтыну хуэфащэкъым, – итащ жэуап Хьисэ.
10Хьисэ и гъэсэнхэр Тхьэм хуигъэлэжьэну зэрыригъэжьар
1 Абы и ужькІэ Зиусхьэным и Іумэтым итхэм цІыху блыщІ аргуэру къыхихри, езыр здэкІуэну здигугъэ жылэхэм, щІыпІэхэм тІурытІурэ игъэкІуащ, езым япэ иту. 2 Хьисэ абыхэм мыр яжриІащ:
– Гъавэр бэв хъуащ, ауэ Іузыхыжынухэр мащІэщ. Аращи, хьэсэр зейм фелъэІу гъавэр Іузыхыжынухэр къигъэкІуэну. 3 ФыкІуэ! Щынэм фыхуэдэу, дыгъужьхэм фахызогъэхьэ. 4 Бохъши, хъуржыни, вакъи здевмыхьэжьэ, цІыхухэм сэлам ефхын щхьэкІи фыкъэмыувыІэ, гъуэгуанэ фытету. 5 Зыгуэрым и унэ фыщеблагъэкІэ, япэрауэ, «Тхьэм тыншыгъуэ къывит» жыфІэ. 6 Тыншыгъуэ зыхуэфащэ цІыху а унэм щІэсу къыщІэкІмэ, фызэрыхуэупса тыншыгъуэр абы лъысынущ, щІэмысмэ, тыншыгъуэм фи деж къигъэзэжынущ. 7 Унэ фыздихьам фыщыхьэщІэ, къыфхутрагъэувэр фшхы, фефэ, сыту жыпІэмэ лэжьакІуэм лэжьапщІэ хуэфащэщ. Фыздыхьа жылэм фыдэтыху, унэ хъуэж фымыщІ.
8 Жылэ гуэрым фыдыхьауэ фрагъэблагъэмэ, фагъэшхыр фшхы. 9 Сымаджэхэр вгъэхъуж, Тхьэм и Тепщэныгъэр къазэрыхуэблэгъар яжефІэ. 10 Ауэ жылэ гуэрым фыдыхьауэ зыми фримыгъэблагъэмэ, я уэрамхэм фрикІуэурэ мыр жыфІэ: 11 «Фи къуажэм дыдэтыху, ди лъакъуэм къытрихьа сабэр фхукІэрыдогъэлъэлъыж; ауэ зэвгъащІэ Тхьэм и Тепщэныгъэр къызэрыблэгъар». 12 НывжызоІэ, къемэтмахуэм Сэдом къалэм щыпсэуа цІыхухэм я Іуэхур нэхъ тынш хъунущ фезымыгъэблэгъа жылэм и Іуэхум нэхърэ.
13 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, Хуразин дэсхэ! Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, Бэтсэид дэсхэ! Сыту жыпІэмэ фи уэрамхэм щызлэжьа Іуэху телъыджэхэр Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, куэд щІат а къалэхэм дэсхэр я гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжрэ, щыгъуэ щыгъын ящыгъыу, сахуэ ятепхъауэ тобэ къызэрахьыжрэ. 14 Ауэ къемэтмахуэм Тиррэ Сидонрэ я Іуэхур нэхъ тынш хъунущ фи Іуэхум нэхърэ. 15 Уэри, Кэпэрнэум, уафэм удрахьеин уи гугъэу къыщІэкІынщ. Ущымыгугъ, жыхьэнмэм урадзыхынущ.
16 ИтІанэ Хьисэ и гъэсэнхэм захуигъазэри, жиІащ:
– Фэ къывэдаІуэр Сэ къызэдаІуэу мэхъу, фэ фызымыдэм Сэри симыдэу мэхъу. Сэ сызымыдэм сыкъэзыгъэкІуари имыдэу мэхъу.
Хьисэ иригъэжьа цІыху блыщІым къызэрагъэзэжар
17 Хьисэ иригъэжьа цІыху блыщІым гуфІэу къагъэзэжри жаІащ:
– Зи щІыхьыр ин, уеблэмэ жин бзаджэхэри къыдодаІуэ уи цІэр къыщитІуэм деж!
18 – УафэхъуэпскІым ещхьу Іиблисыр уафэм къызэрехуэхар Сэ слъэгъуащ, – жиІащ Хьисэ. – 19 Мис, Сэ тепщэныгъэ фэстащ блэхэми акърэбхэми зэран къыфхуэмыхъуу фатеувэну, бийм и къару псоми фатекІуэну. Зыри зэран къыфхуэхъуфынукъым. 20 Ауэ фызыщыгуфІыкІын хуейр жин бзаджэхэр къызэрывэдаІуэр аркъым, атІэ фи цІэхэр Тхьэм и тхылъым иритхауэ зэрыщытырщ.
21 Асыхьэтым Тхьэм и Псэм Хьисэ и гур гуфІэгъуэшхуэкІэ игъэнщІри, Хьисэ мыр жиІащ:
– Уафэми щІылъэми щы-Зиусхьэну си Адэ! ФІыщІэ пхузощІ, Іущхэмрэ губзыгъэхэмрэ ящыббзыщІа Іуэхухэр сабийхэм хуэдэу щыт къызэрыгуэкІ цІыхухэм гурыІуэгъуэ ящыпщІащи. Ей, си Адэ, уи ІэмыркІэ къэхъуа Іуэхущ ар!
22 Си Адэм си ІэмыщІэ псори кърилъхьащ. Къуэр зыхуэдэр зыми ищІэркъым Адэм фІэкІ. Ещхьыркъабзэу, Адэри зыхуэдэр зыми ищІэркъым Къуэмрэ Къуэм Адэр зригъэцІыхуну хуейхэмрэ фІэкІ.
23 Ар жиІа нэужь, Хьисэ и гъэсэнхэм захуигъазэри, адрейхэм зэхамыхыу, яжриІащ:
– Гъуэгу махуэ теуващ фэ фи нэм илъагъур зылъэгъуа цІыхухэр. 24 Сыту жыпІэмэ бегъымбар куэдми пащтыхь куэдми ялъагъуну хуеящ фэ флъагъур, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.
ГущІэгъулы нэсым теухуауэ
25 Теурэт егъэджакІуэ гуэр къэуври, Хьисэ игъэунэхун и мураду къеупщІащ:
– УщиякІуэ, сыт сщІэн хуейр, гъащІэ уахътыншэ згъуэтын папщІэ?
26 – Теурэт Хабзэм сыт итыр? – еупщІащ абы Хьисэ. – Абы къибджыкІыр сыт?
27 – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр гукІи, псэкІи, акъылкІи, къарууэ уиІэ псомкІи фІыуэ лъагъу». ИкІи «Уи гъунэгъу цІыхури фІыуэ лъагъу, уи щхьэр зэрыплъагъум хуэдэу», – къитыжащ жэуап теурэт егъэджакІуэм.
28 – Пэжу жыпІащ, – жиІащ Хьисэ. – Мис ахэр гъэзащІи, гъащІэ уахътыншэ бгъуэтынущ.
29 Ауэ теурэт егъэджакІуэм и пщІэр иримыгъэхуэхын щхьэкІэ, Хьисэ еупщІащ аргуэру:
– Хэт сэ си гъунэгъуу слъытэн хуейр?
30 Хьисэ ущие хъыбар къригъэжьащ:
– ЛІы гуэр Ерусэлим икІауэ Ерихъуэ здэкІуэм, хъунщІакІуэхэм яІэщІэхуащ. Абыхэм ар яупцІэнщ, удын ирадзри, гъуэгум ныкъуэлІэу къытранащ. 31 Асыхьэтым, дин гъуазэ гуэр а гъуэгумкІэ кърикІуэрт. Дин гъуазэм ар щилъагъум, гъуэгубгъум зритри блэкІащ. 32 Абы ещхьу, Лэуий къытехъукІа дин лэжьакІуэ гуэр а щІыпІэм щынэсым, гъуэгубгъу зищІри блэкІащ, ар щилъагъум. 33 Ауэ Самарием щыщ лІы гуэр гъуэгуанэ тету абыкІэ блэкІ пэтрэ, лей зылъысар къилъагъури, ар фІэпсэкІуэд хъуащ. 34 Ар абы бгъэдыхьэщ, и уІэгъэхэр санэкІэ хуитхьэщІщ, дагъэ хущихуэри, хуипхэжащ. ТхьэмыщкІэр и шыдым тригъэгъуалъхьэщ, хьэщІэщ гуэрым ишэри, зыхуей хуигъэзащ итІанэ. 35 ЕтІуанэ махуэм дыжьын ахъшэ жьгъеитІ кърихщ, хьэщІэщыр зейм иритри, жриІащ: «Мы лІым схукІэлъыплъ, уэстам нэхърэ нэхъыбэ тебгъэкІуадэмэ, къыщызгъэзэжкІэ уэстыжынщ».
36 УзэреплъымкІэ, хэт а цІыхуищым щыщу лей зылъыса цІыхум гъунэгъу хуэхъуар? – еупщІащ Хьисэ абы.
37 – ЗыфІэпсэкІуэд хъууэ дэІэпыкъуар арщ, – къитыжащ жэуап теурэт егъэджакІуэм.
– АтІэ кІуэи, уэри абы ещхьу щІэ, – жриІащ абы Хьисэ.
Мэрямрэ Мартэрэ
38 АдэкІэ кІуэурэ, Хьисэ и гъэсэнхэр и гъусэу жылэ гуэрым дыхьащ. Щыдыхьэм, Мартэ и цІэу цІыхубз гуэрым иригъэблэгъащ. 39 Мартэм Мэрям и цІэу шыпхъу иІэт. Арати, Мэрям Хьисэ и лъакъуэм пэгъунэгъуу етІысэхри, Зиусхьэным жиІэм едаІуэу щІидзащ. 40 Мартэ хьэщІэхэр зэригъэхьэщІэным пылът. Ар Хьисэ бгъэдэкІуатэри, жриІащ:
– Зи щІыхьыр ин, си шыпхъум лэжьыгъэ псори си пщэ къызэрыдилъхьар къыпфІэмыІуэхуу ара? Іуэхур къыздигъэпсынщІэну схужеІэт.
41 – Ей Мартэ, Мартэ! – жиІащ Зиусхьэным. – Уэ куэдым уолІалІэ, куэдым уогугъу, 42 ауэ зыт узыхуэныкъуэр. Мэрям нэхъыфІыр къыхихащи, ар абы зэи ІэщІахыфынукъым.
11Хьисэ и гъэсэнхэм тхьэ елъэІукІэ зэраригъэщІар
1 ЩІыпІэ гуэрым щыІэу, Хьисэ тхьэ елъэІурт. Щиухым, и гъэсэнхэм ящыщ зы къелъэІуащ:
– Зи щІыхьыр ин, Яхья и гъэсэнхэм тхьэ елъэІукІэ зэраригъэщІам хуэдэу дэри дыгъащІэ, – жиІэри.
2 Хьисэ къажриІащ:
– Тхьэ фыщелъэІукІэ, мыпхуэдэу жыфІэ:
«Ди Адэ, уи цІэр цІыхухэм ялъытэу ирехъу,
Уи Тепщэныгъэр кърекІуэ.
3 Дызыхуей щІакхъуэ Іыхьэм зы махуи дыщумыгъащІэ.
4 Ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу,
сыту жыпІэмэ дэри мыхъун къыдэзыщІэу гуэныхь къэзыхьхэм яхудогъэгъу.
Гуэныхь къыдэзыгъэхь Іуэхугъуэхэм дащыхъумэ».
5 Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иІэу жытІэнщ, – къыпищащ Хьисэ. – Ар и ныбжьэгъум деж жэщыбгым макІуэри жреІэ: «КхъыІэ, щІакхъуищ щІыхуэу къызэт. 6 Гъуэгуанэ тету си ныбжьэгъу гуэр си унэ къихьащи, езгъэшхын сиІэкъым». 7 И унэ исыжыр унэм къыщІопсэлъыкІри, мыдрейм къыжреІэ: «Сызумыхуэ, бжэр згъэбыдэжащ, зэрыунагъуэу дыгъуэлъыжакІэщ, сыкъэтэджу уэстыфынукъым». 8 Пэжыр нывжызоІэ, я ныбжьэгъугъэм къыхэкІыу иримытми, зэрыхуІумыкІыжым щхьэкІэ къэтэджынурэ зыщІэлъэІур иритынущ.
9 Апхуэдэу щыщыткІэ, Сэри нывжызоІэ, фелъэІуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, Тхьэм къывигъэгъуэтынущ; бжэм фытеуІуи, Тхьэм къыфхуІуихынущ; 10 сыту жыпІэмэ Тхьэм хэт елъэІуми, зыщІэлъэІур къритынущ, къэзылъыхъуэми къилъыхъуэр къригъэгъуэтынущ; бжэм теуІуэми къыхуІуихынущ. 11 И къуэр бдзэжьей жиІэу къелъэІумэ, абы блэ езытын фэ къыфхэт? 12 Хьэмэрэ джэдыкІэ жиІэу къуэр адэм елъэІумэ, адэм абы акърэб къыхуишиину? 13 Аращи, фэ фызэрыбзаджэу фи бынхэм фІы щахуэфщІэфкІэ, уафэр зи хэщІапІэ фи Адэ ЛъапІэм и Псэр дауэ къахуримыгъэхынрэ Абы къелъэІухэм?
Хьисэрэ БэІэлзэбулрэ
14 Хьисэ бзагуэ гуэрым и бзэр зыІыгъ жин бзаджэр къыхихужат. Къыщыхихужым, цІыхухэм яфІэтелъыджэу, бзагуэм и бзэр къиутІыпщыжащ. 15 АрщхьэкІэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаІащ:
– Жин бзаджэхэм я пашэ БэІэлзэбул и къарукІэщ Абы жинхэр цІыхухэм къазэрыхихужыр.
16 НэгъуэщІ гуэрхэми, Хьисэ ягъэунэхун я мураду, уафэм нэщэнэ гъэщІэгъуэн гуэр къахуригъэхыну къыхуагъэуващ.
17 Абыхэм я гум илъыр ищІэрти, Хьисэ мыр яжриІащ:
– Зэмызэгъыу зызыгуэша дэтхэнэ къэралми лъапсэрыхыр къыхуэкІуэнущ, зэмызэгъыу зызыгуэш унагъуэри къутэжынущ. 18 Абы хуэдэу, Іиблисымрэ и жинхэмрэ зэмызэгъыу загуэшмэ, абы и тепщэныгъэр дауэ къызэтенэн? Апхуэдэу щІыжысІар Сэ жинхэр цІыхухэм БэІэлзэбул и къарукІэ къахэсхужу къыстыволъхьэри аращ. 19 Нэхъри, Сэ БэІэлзэбул и къарукІэ жинхэр цІыхухэм къахэсхужмэ, фэ фи гъэсэнхэми абы и къарукІэ цІыхухэм жинхэр къыхахужу мэхъу. Мис а фи цІыхухэм фэ фызэрыщыуэр ІупщІ къащІынущ. 20 Аращи, Сэ цІыхухэм жинхэр къазэрыхэсхужыр Тхьэм и къарур армэ, абы щыгъуэ Тхьэм и Тепщэныгъэр фи деж къэсащ.
21 ІэщэкІэ узэдауэ зи пщІантІэр зыхъумэ цІыху лъэрызехьэм и мылъкур къыщымыщІІауэ къызэтенэнущ. 22 Ауэ езым нэхърэ нэхъ лъэщ къытеуэрэ къытекІуэмэ, зыщыгугъа Іэщэр трихынурэ, къыІэрыхьа мылъкур и цІыхухэм яхуигуэшынущ.
23 Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу къэзмыугъуейр зэран къысхуохъу.
ЦІыхум къыхахужа жин бзаджэм къыщигъэзэж щыІэщ
24 – Жин бзаджэр цІыхум къыхэкІыжа нэужь, псыншэ щІыпІэхэм къыщекІухь, тыншыпІэ лъыхъуэу. Апхуэдэ тыншыпІэ щимыгъуэтым, мыр жеІэ: «СыкъызыхэкІа цІыхум деж згъэзэжынщ». 25 ИкІи егъэзэжри, и псэупІэу щытар зэщІэпхъэнкІарэ зэлъыІухауэ ирохьэлІэж. 26 Абы щыгъуэ ар макІуэ, езым нэхърэ нэхъ бзаджэжу жин бзаджибл гъусэ ещІри, цІыхум и пкъым хохьэж. Апхуэдэ цІыхум и иужьрей щытыкІэр и япэрей щытыкІэм нэхърэ нэхъыкІэ мэхъу.
27 А псалъэхэр Хьисэ щыжиІэм, цІыхубэм зы бзылъхугъэ гуэр къыхэпсэлъыкІри, Хьисэ къыжриІащ:
– Уэ зи ныбэ уилъамрэ зи быдзышэ узэфамрэ насыпыфІэщ!
28 – Тхьэм и псалъэм едаІуэу ар зыгъэзащІэхэрщ насыпыфІэр! – къитыжащ Хьисэ жэуап.
Хьисэ нэщэнэщІэкъухэм жэуап зэраритар
29 ЦІыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ:
– Мы щІэблэр зэкІуэкІа щІэблэщ. Нэщэнэ къалъыхъуэ, ауэ абыхэм нэщэнэ кърагъэлъагъунукъым Инус бегъымбарым и нэщэнэм фІэкІ. 30 Инус Нинуй къалэм дэс цІыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъуам хуэдэу, ЦІыхум и Къуэри мы щІэблэм нэщэнэ яхуэхъунущ. 31 ИпщэкІэ щыІа пащтыхьыгъуэм и пащтыхь гуащэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, мы щІэблэр игъэкъуэншэнущ, сыту жыпІэмэ а пащтыхь гуащэр щІым и гъунэм къикІри, Израилым къэкІуауэ щытащ, Сэлмэн* и ущие Іущхэм едэІуэн папщІэ. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщІэр Сэлмэн и пщІэм йобэкІ. 32 Нинуй къалэм а зэманым щыпсэуа цІыхухэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ нобэрей щІэблэр ягъэкъуэншэнущ, сыту жыпІэмэ абы щыгъуэ Нинуй дэсахэм тобэ къахьыжауэ щытащ, Инус и уазым едаІуэри. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщІэр Инус и пщІэм йобэкІ.
ГущІэм къыщыблэн хуей уэздыгъэр
33 – Уэздыгъэр пигъанэу къуэгъэнапІэм къуигъэувэркъым зыми, е Іубауэ щыт кумбыгъэм щІигъэувэркъым, атІэ тегъэувапІэм трегъэувэ, къыщІыхьэхэм къахуэнэхун папщІэ. 34 Іэпкълъэпкъым и уэздыгъэр цІыхум и нитІырщ. Нэр узыншэмэ, цІыхум и Іэпкълъэпкъри зэрыщыту нэхукІэ гъэнщІауэ щытынущ. Нэр мыузыншэмэ, Іэпкълъэпкъыр кІыфІыгъэм зэщІищтауэ щытынущ. 35 Уэ пхэлъ нэхур кІыфІыгъэ зэрымыхъуным хуэсакъ. 36 Аращи, уи Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту нэхукІэ гъэнщІарэ кІыфІыгъэ лъэпкъ хэмылъу щытмэ, уипкъри нэхуу щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.
Хьисэ фарисейхэмрэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ сэтей къызэрищІар
37 Хьисэ псэлъэн иуха нэужь, Ар фарисей гуэрым и унэ иригъэблэгъащ игъэхьэщІэну. Унэм щІыхьэри, Хьисэ Іэнэм пэрытІысхьащ. 38 Журтхэм я хабзэм тету, Абы и Іэр имытхьэщІу Іэнэм зэрыпэрытІысхьар щилъагъум, фарисейм игъэщІэгъуащ.
39 – Фэ, фарисейхэм, фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм я ІуплъапІэр вгъэкъабзэ щхьэкІэ, фи кІуэцІыр нэпсеягъэрэ бзаджагъэкІэ гъэнщІауэ щытщ, – жиІащ Зиусхьэным. 40 – Акъылыншэхэ! ІуплъапІэр къэзыгъэщІа Тхьэр аракъэ кІуэцІри къэзыгъэщІар. 41 Фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм ярылъыр псапэу вгуэши, фиІэ псори къабзэ хъунущ.
42 Ауэ фэ, фарисейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи хадэм къытекІ шхынхэлъхьэ удзхэри къэвмыгъанэу я Іыхьэ пщІанэр Тхьэм и Унэм фохь, ауэ захуагъэмрэ Тхьэм хувиІэн хуей фІылъагъуныгъэмрэ гулъытэншэу къэвгъэнащ. Захуагъэрэ фІылъагъуныгъэрэ зыхэлъ Іуэхухэрат япэрауэ влэжьын хуейр, Іыхьэ пщІанэри тын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэу.
43 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фарисейхэр, сыту жыпІэмэ тхьэлъэІупІэ унэм фыщыщІыхьэкІэ жьантІэмкІэ фоунэтІ, цІыху зэхуэсыпІэхэм деж пщІэ лей къыщыволъыхъуэ.
44 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, цІыхухэр зытеувэр ямыщІэххэу зи гущІыІу яутэ кхъащхьэ хэкІуэдэжахэм фахуэдэщи.
45 Теурэт егъэджакІуэхэм ящыщ зым Хьисэ къыжриІащ абы щыгъуэ:
– УщиякІуэ, а уи псалъэхэмкІэ дэри ди жагъуэ къыбощІ.
46 – Теурэт егъэджакІуэхэри гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиІащ Хьисэ. – ЦІыхухэм яхуэмыхьын хьэлъэ ятыволъхьэри, а ятефлъхьа хьэлъэр ядэвгъэпсынщІэн щхьэкІэ, зыри фщІэркъым.
47 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фи адэжьхэм яукІа бегъымбархэм фэ кхъэлэгъунэ яхувогъэуври. 48 Фи адэжьхэм зэрахьа лейр зэрадэфІыгъыр абыкІэ къывогъэлъагъуэ: абыхэм бегъымбархэр яукІыу щытащ, фэ а бегъымбархэм кхъэлэгъунэ яхувощІ. 49 Мис аращ Тхьэ Іущым мыпхуэдэу къыщІыжиІар: «Си бегъымбархэри си лІыкІуэхэри абыхэм я деж згъэкІуэнущ. Ауэ языныкъуэхэр яукІынущ, адрейхэр гугъу ирагъэхьынущ. 50 Дунейр къызэрыхъурэ бегъымбархэм ялъу щІэблэ псоми ягъэжар мы щІэблэм япшыныжынущ. 51 Іэбил деж къыщыщІэдзауэ, къурмэн телъхьэпІэмрэ Тхьэм и Унэмрэ я зэхуакум даукІыхьа Зэчрей бегъымбарым деж щиухыжу, бегъымбар псоми я лъыр мы щІэблэм япшыныжынущ». Сэри щыхьэт сытохъуэ абыхэм я лъыр мы щІэблэм зэрырагъэпшыныжынумкІэ.
52 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ теурэт егъэджакІуэхэр, сыту жыпІэмэ щІэныгъэр щыгъэтІылъа гъэтІылъыпІэм и ІункІыбзэІухыр зыІэщІэфлъхьащи, фэри абы фыщІыхьэркъым, щІыхьэну хуейхэри щІэвгъэхьэркъым.
53 Хьисэ абы къыщІэкІыжа нэужь, теурэт егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ губжьауэ упщІэ гугъу куэд Хьисэ ирату щІадзащ, 54 щагъауэу зэрагъэкъуэншэжын псалъэ къыжьэдашын я гугъэу.
12ФэрыщІагъэм зыщыфхъумэ
1 ЦІыхубэр мин бжыгъэкІэ къызэхуэсауэ зэжьэхэуэ-зэрыпІытІ щыхъум, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ япэщІыкІэ:
– Тхьэвым пщагъэ зэрыхэлъым хуэдэу, фарисейхэм фэрыщІагъэр яхэлъщи, абы зыщыфхъумэ. 2 Нахуэ къэмыхъужын щэхурэ къыщІэмыщыжын бзыщІыгъэрэ щыІэкъым. 3 КІыфІу жыфІа псалъэр цІыхухэм нэхуу зэхахыжынущ, пэшым щэхуу щыжыфІар унащхьэм тету къаІуэтэжынущ.
ЦІыхухэм фащымышынэу, Тхьэм фыщышыни, нэхъыфІщ
4 – Си ныбжьэгъухэм нывжызоІэ, фаукІын нэхъыбэ нэгъуэщІ зыри къывэзымыщІэфынухэм фащымышынэ. 5 Сэ вжесІэнщ фызыщышынэн хуейр: фиукІа нэужь, жыхьэнмэм фыхидзэну къару зиІэр арщ фызыщышынэн хуейр. Мис Абы фыщышынэ. 6 Бзу цІыкІуитхур ахъшэ жьгъеитІ къудейщ зэращэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абыхэм языхэзи зыщигъэгъупщэркъым Тхьэм. 7 Фэ фи щхьэц налъэ нэгъунэ Тхьэм ибжауэ щытщ. Фымышынэ! Бзу Іэджэ нэхърэ фынэхъ лъапІэщ фэ.
Хьисэ зылъытэр Тхьэм илъытэнущ
8 – НывжызоІэ, си Іумэтым зэритыр цІыхухэм щимыбзыщІу къыжызыІэ дэтхэнэри Тхьэм и мелыІычхэм я пащхьэм щилъытэжынущ ЦІыхум и Къуэм. 9 Ауэ цІыхухэм я пащхьэ иувэрэ къысхуэмейуэ, симыдэу къыжызыІэм Сэри сызэрыхуэмейр, зэрызмыдар Тхьэм и мелыІычхэм я пащхьэ къыщыжысІэнущ. 10 ЦІыхум и Къуэм щхьэкІэ псалъэ мыхъумыщІэ жызыІэм Тхьэм къыхуигъэгъунущ. Ауэ Тхьэм и Псэм мыхъумыщІэ хужызыІэм Тхьэм къыхуигъэгъунукъым. 11 ТхьэлъэІупІэ унэм щызэхуэсахэм я пащхьэ фагъэкъуэншэну фыщрашэкІи, унафэщІхэм е лІыщхьэхэм я пащхьэм фыщрагъэувэкІи зызэрывгъэхеину щІыкІэм фемыгугъу, 12 а дакъикъэм жыфІэнур Тхьэм и Псэм фи гум кърилъхьэнущ.
Къулей акъылыншэм теухуауэ
13 ЦІыхубэм здыхэтым, Хьисэ лІы гуэр къелъэІуащ:
– УщиякІуэ, си къуэшыр ди адэм къыщІэнамкІэ къыздэгуэшэну схужеІэ, – жиІэри.
14 – Апхуэдэ Іуэхухэр зэхэзгъэкІыну хьэмэрэ щІэингуэшу сыщытыну сэ зыми сигъэувакъым, – иритыжащ Хьисэ абы жэуап. 15 Хьисэ цІыхухэм яжриІащ итІанэ:
– Фысакъ! Щхьэхуещагъэм зыщыфхъумэ, сыту жыпІэмэ цІыхум сыт хуэдэ мылъку бгъэдэлъами, цІыху гъащІэр мылъку къудейкІэ къапщытэркъым.
16 Ар жиІэри, щІагъыбзэ зыщІэлъ хъыбар къригъэжьащ:
– ЦІыху къулей гуэрым и щІым гъавэ бэв къытекІат. 17 «СщІэнур сыт? – жиІащ абы игукІэ. – Гъавэр здыщІэслъхьэн сиІэкъым». 18 ИтІанэ жиІащ: «Мыращ сщІэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэжынщи, нэхъ Іэхуитлъэхуиту щІэрыщІэу езгъэщІынщ. Гъавэу къытесхар абы ирезгъэлъхьэнщ, си хъугъуэфІыгъуэхэри абы щызгъэтІылъынщ. 19 ИтІанэ сигукІэ жысІэнщ: Илъэс ІэджэкІэ узрикъун хъугъуэфІыгъуэ уиІэщ. Зыгъэпсэху, ефэ, ешхэ, уи нэгу зегъэужь». 20 Ауэ Тхьэм абы къыжриІащ: «Акъылыншэ! Ныжэбэ уи псэр хезгъэхынущ. Хэт зылъысынур уэ зэхуэпхьэса мылъкур?» 21 Тхьэм и гур хэзыгъахъуэ ІуэхухэмкІэ къулей зимыщІу, зи щхьэр къулей зыщІыж дэтхэнэми аращ къыщыщІынур, – къыщІигъуащ Хьисэ.
Ерыскъым нэхърэ гъащІэр нэхъапэщ
22 – Абы къыхэкІкІэ нывжызоІэ, – яжриІащ Хьисэ и гъэсэнхэм, – «Сыт тшхынур?» жыфІэу фызэрыпсэуным фытемыгузэвыхь, е «Сыт щыттІэгъэнур?» жыфІэу фи Іэпкълъэпкъым щхьэкІэ фымыгузавэ. 23 Ерыскъым нэхърэ гъащІэр нэхъапэкъэ, щыгъыным нэхърэ Іэпкълъэпкъыр нэхъапэкъэ? 24 Феплъыт къуаргъхэм. Абыхэм жылэ трасэркъым, гъави Іуахыжыркъым, гуэни гъавэ гъэтІылъыпІи яІэкъым, итІани ахэр Тхьэм егъашхэ. АтІэ фэ фынэхъ лъапІэкъэ а къуалэбзухэм нэхърэ? 25 А Іуэхухэм тегузэвыхь пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэткІэ нэхъ мыхъуми зи гъащІэм хэзыгъэхъуэн зылъэкІынур? 26 АтІэ а мащІэ тІэкІур щыфхузэфІэмыкІкІэ, нэгъуэщІым сыт фыщІытегузэвыхьыр?
27 Удз гъагъэхэм феплъыт: ахэр гугъу ехьыркъым, цыи яджыркъым. Ауэ нывжызоІэ, апхуэдизу зызыгъэщІэращІэу щыта пащтыхь Сэлмэн а цІыкІухэм щыщ дэтхэнэри зэрыхуэпам хуэдэу зихуапэу щытакъым. 28 АтІэ нобэ гъагъэ пэтми, пщэдей хьэкум ирадзэну удзыр Тхьэм апхуэдизу щихуапэкІэ, фэ абыхэм нэхърэ ІэджэкІэ нэхъыфІу фихуэпэнукъэ, фІэщхъуныгъэ зи мащІэхэ? 29 Фшхынымрэ фызэфэнымрэ щхьэкІэ фымыгузавэ икІи фемылІалІэ. 30 Мажусийхэм аращ къызыкІэлъажыхьыр. Фи Адэр фызыхуэныкъуэ псоми зэрыщыгъуазэр фигу ивгъэлъ. 31 Тхьэм и Тепщэныгъэр къэфлъыхъуи, адрей фызыхуэныкъуэ псори Тхьэм къывитынущ.
32 Фымышынэ, гуартэ мащІэ. Фи Адэм и Тепщэныгъэр къывитыну хуейщ. 33 Фи мылъкур фщэжи, къыщІэкІар къулейсызхэм яхуэвгуэш. Жьы мыхъун бохъшэ зыІэрывгъэхьэ, зыхэмыщІын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт, абы дыгъу дэкІуеифынукъым, хъуным зыри щыхуэшхынукъым. 34 Сыту жыпІэмэ фи мылъкур здэщыІэм фигури щыІэнущ.
Мэсихь къыщигъэзэжкІэ фызэрыхуэзэнымхуэхьэзыру фыщыт
35 – Зи бгыр щІэкъузарэ зи уэздыгъэр къаблэ цІыхум хуэдэу фыпсэу. 36 Зи тхьэмадэр хьэгъуэлІыгъуэм къикІыжыным пэплъэрэ, къэсыжа нэужь, бжэм къызэрытеуІуэу къыщІэзыгъэхьэжыну хьэзыр ІуэхутхьэбзащІэм хуэдэу фыщыт. 37 Тхьэмадэм къигъэзэжа нэужь, мыжеяуэ зрихьэлІэж ІуэхутхьэбзащІэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоІэ, тхьэмадэм и бгыр щІипхэнурэ, ІуэхутхьэбзащІэхэр иригъэфэу-иригъашхэу езыр ящхьэщытынущ. 38 Ар жэщ ныкъуэуи нэхущуи щрет, тхьэмадэр сыт хуэдэ зэманым къэкІуэжми, мыжеяуэ зрихьэлІэж ІуэхутхьэбзащІэхэр гъуэгу махуэ теуващ. 39 Мыр зэвгъащІэ: дыгъуакІуэр къыщыкІуэну сыхьэтыр унэр зейм ищІатэмэ, ар абы унэм къыщІигъэхьэнутэкъым. 40 Фэри хуэхьэзыру фыщыт, сыту жыпІэмэ фыщыпэмыплъэ сыхьэтым къигъэзэжынущ ЦІыхум и Къуэм.
41 – Зи щІыхьыр ин, – жиІащ Питрэс, – къыжыпІа щІагъыбзэр зыхуэгъэзар уи гъэсэнхэм ди закъуэ, хьэмэрэ цІыху псоми яхуэгъэзауэ щыт?
42 – Тхьэмадэм адрей ІуэхутхьэбзащІэхэр зи ІэмыщІэ ирилъхьэу игъуэу псори игъэшхэн хуейуэ дзыхь зыхуищІа цІыху пэжым, губзыгъэм хуэдэу фыщыт, – итыжащ жэуап Хьисэ. 43 – Тхьэмадэм къыщигъэзэжкІэ, унафэ ищІам темыкІауэ зрихьэлІэж ІуэхутхьэбзащІэр гъуэгу махуэ теуващ. 44 Пэжыр нывжызоІэ, тхьэмадэм и мылъку псори а ІуэхутхьэбзащІэм дзыхь хуищІынущ. 45 Ауэ а ІуэхутхьэбзащІэм игукІэ «Си тхьэмадэм щІэх къигъэзэжынукъым» жиІэрэ, цІыхухъуи цІыхубзи къимыгъанэу ІуэхутхьэбзащІэ псори иубэрэжьу, ефэ-ешхэу, фадэкІэ иригъэлейуэ щытмэ, 46 щыпэмыплъэ махуэм, щимыгугъэ сыхьэтым тхьэмадэм къигъэзэжынурэ, а ІуэхутхьэбзащІэр тІууэ зэгуиупщІыкІынущ икІи Тхьэр зымылъытэ цІыху псоми къалъысыну Іыхьэр абыи лъигъэсынущ.
47 И тхьэмадэм и унафэм щыгъуазэу щыта пэтрэ зызымыгъэхьэзыра, е и тхьэмадэр зыхуейр зымыгъэзэщІа ІуэхутхьэбзащІэм удын куэд къытехуэнущ. 48 Ауэ и тхьэмадэм и унафэм щымыгъуазэу удын къызыпэкІуэ Іуэху зылэжьа ІуэхутхьэбзащІэм удыну къытехуэнур мащІэщ. Тхьэм куэд зритам куэдкІэ еупщІыжынущ, куэд дзыхь зыхуищІам нэхъыбэж къритыжыну хуигъэувынущ.
Зы унэ ис цІыхухэм я акъыл зэтемыхуэж хъунущ
49 – ЩІылъэм мафІэ ездзыну аращ Сэ сыкъыщІэкІуар. ИкІи сытым хуэдэу сыхуейт Сэ ар иджы къызэщІэнэну. 50 Ауэ хьэзаб куэд сшэчын хуейуэ Сэ иджыри къыспэщылъщ, икІи ар щызэфІэкІынум пэплъэ си псэр хуабжьу гугъу йохь. 51 ЩІылъэм тет цІыхухэм зэгурыІуэныгъэ къахуэсхьыну сыкъэкІуа фи гугъэу къыщІэкІынщ фэ. НывжызоІэ, аракъым сыкъыщІэкІуар. АтІэ цІыхухэр зэхэзгъэкІыну аращ сыкъыщІэкІуар. 52 ДяпэкІэ, зы унэ ис цІыхуитхум я акъыл зэтемыхуэж хъунущ: цІыхуищым адрей тІум жаІэр ямыдэу, цІыхуитІми мыдрей щым жаІэр ямыдэу хъунущ.
53 Адэм жиІэр къуэм имыдэу,
къуэм жиІэр адэм имыдэу;
анэм жиІэр пхъум имыдэу,
пхъум жиІэр анэм имыдэу;
гуащэм жиІэр нысэм имыдэу,
нысэм жиІэр гуащэм имыдэу хъунущ.
Дызэрыт зэманыр щІэн зэрыхуейр
54 – КъухьэпІэмкІэ къыщежьауэ къакІуэу пшэ щыфлъагъукІэ, «Уэшх къешхынущ» жывоІэ асыхьэтым икІи апхуэдэуи мэхъу, – яжриІащ Хьисэ цІыхубэм. 55 – ИпщэкІэ къикІыу жьы къыщепщэм деж «Хуабей хъунущ» жывоІэ икІи апхуэдэуи мэхъу. 56 ФэрыщІхэ! УэфІ хъунуми уэлбанэ хъунуми уафэм и теплъэмкІэ къывощІэф, атІэ иджы дызэрыт зэманыр щхьэ къыфхуэмыщІэрэ?
Уи дэуэгъум узэрекІужыным и ужь ит
57 – Тэмэмыр фэ езым щхьэ зэхэвмыгъэкІрэ? 58 Псалъэм папщІэ, уи дэуэгъур уи гъусэу хеящІэм деж ущыкІуэкІэ, гъуэгу удытетыху, узэрекІужыным и ужь ит. Армыхъумэ, уи дэуэгъум хеящІэм уритынущ, хеящІэм лъэхъуэщтетым уІэщІилъхьэнущ, лъэхъуэщтетым лъэхъуэщым ущІидзэнущ. 59 НыбжызоІэ, къанэ щымыІэу уи щІыхуэр умыпшынауэ, укъаутІыпщынукъым.
13Хьисэ цІыхухэр тобэ къэхьыжыным къызэрыхуриджар
1 Тхьэм къурмэн хуащІыну Гэлилейм къикІа цІыхухэм я къурмэнхэр щыфІагъэжым, Пилат ахэр укІыкІейуэ зэрыригъэукІар Хьисэ къедаІуэу щыт гуэрхэм къыжраІэжащ. 2 Ар щызэхихым, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриІащ:
– Ахэр адрей я лъэпкъэгъухэм нэхърэ нэхъ гуэныхьщІакІуэу щыта фи гугъэу ара апхуэдэ лей къащІылъысар? 3 Аракъым нывжызоІэ! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкІуэдэнущ. 4 Хьэмэрэ СилэумкІэ зэджэу щыта чэщанэжьыр къыщыуам, абы щІипІытІауэ щыта цІыху пщыкІуийр Ерусэлим дэс адрейхэм нэхърэ нэхъ къуаншэт? 5 Нэхъ къуаншэтэкъым! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкІуэдэнущ.
Жыг гъуам теухуа щІагъыбзэ
6 Хьисэ щІагъыбзэ къригъэжьащ итІанэ:
– Зыгуэрым и жызум хадэм хъурмей къыщыкІырт. Жыгым къыпыкІаІамэ еплъыну хадэр зейр щыкІуэм, жыгым къыпыкІаІауэ игъуэтакъым. 7 Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм жызумгъэкІым мыпхуэдэу жриІащ: «Илъэсищ хъуауэ мы жыгым зыгуэр къыпыкІэІамэ сеплъыну сыкъокІуэ, ауэ зыри пызгъуэтыркъым. КъиупщІыкІ адэ, щІыр щхьэ игъэхьэулеин хуей абы?» 8 ЖызумгъэкІыр хадэр зейм елъэІуащ: «Зи щІыхьыр ин, иджыри зы илъэскІэ игъэт. Жыгыр къэстІыхьынщи, вэнывей щІэслъхьэнщ, 9 хэт ищІэрэ, етІанэгъэ къыпыкІэнкІэ хъунущ. КъыпымыкІэмэ, къибупщІыкІыжынщ» жиІэри.
Фыз ныкъуэдыкъуэ гуэр Хьисэ щэбэтмахуэм зэригъэхъужар
10 Щэбэт махуэу Хьисэ тхьэлъэІупІэ унэ гуэрым цІыхухэр Тхыгъэ ЛъапІэм щыщІигъэджыкІырт. 11 Илъэс пщыкІуий лъандэрэ и тхыр къэгъэшарэ жин бзаджэм зыкъримыгъэузэхужу бзылъхугъэ гуэр абы щІэтт. 12 Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриІащ:
– ЦІыхубз, уи узыр пхэкІыжащ.
13 Ар жиІэщ, и Іэр трилъхьэри, цІыхубзым асыхьэтым зыкъиузэхужащ. ЦІыхубзым Тхьэм фІыщІэшхуэ хуищІащ. 14 Хьисэ щэбэт махуэу ар зэригъэхъужам щхьэкІэ тхьэлъэІупІэ унэм и тетыр къэгубжьри, цІыхухэм мыпхуэдэу яжриІащ:
– Тхьэмахуэ махуиблым щыщу махуихыр лэжьыгъэм хухахауэ щытщи, мис а махуихым фыкъакІуэурэ зывгъэхъуж, щэбэтым фыкъыщІэкІуэн щыІэкъым.
15 – ФэрыщІхэ! – жриІащ Зиусхьэным абы. – Фивхэр, фи шыдхэр щэбэт махуэм къыкІэрыфтІэтыкІыу псафэ фшэркъэ дэтхэнэ зыми? 16 Апхуэдэу щыщыткІэ, Іиблисым илъэхъауэ илъэс пщыкІуий лъандэрэ иІыгъ мы цІыхубзыр, Ибрэхьим къытехъукІахэм ящыщыр, Іиблисым и бжьым дауэ къыщІэзмышыжынрэ щэбэт махуэм?!
17 Хьисэ ар щыжиІэм, и пэрыуэгъу псори укІытэжащ, ауэ адрей цІыхухэр Хьисэ илэжь Іуэху телъыджэхэм щыгуфІыкІащ.
Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт?
18 – Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт? – жиІащ Хьисэ. – Сытым хуэзгъэдэну ар? 19 Ар андэгурэдэгум и жылэ цІыкІум хуэдэщ. ЦІыху гуэрым а жылэр къищтэри, и хадэм щыхисащ. Щыхисэм, жыгым хуэдэу къэкІри, къудамэ щІагъхэм къуалэбзухэм абгъуэ щІащІыхьащ.
20 АтІэ сытым хуэзгъэдэну Тхьэм и Тепщэныгъэр? – къыпищащ Хьисэ. – 21 Ар пщагъэм хуэдэщ. Бзылъхугъэ гуэрым пщагъэ къищтэщ, хьэжыгъэ Іэнлъищрэ пщагъэмрэ зэхипщэри игъэувыжащ, тхьэвыр тэджыху.
ЩІыбым фыкъызэрыдэмынэным и ужь фит
22 Хьисэ Ерусэлим здэкІуэм, къалэхэм, жылэхэм дыхьэурэ, цІыхухэр иущийрт. 23 Абы зыгуэр къеупщІащ:
– Зи щІыхьыр ин, къемэтмахуэм цІыху мащІэ тІэкІу фІэкІа къемылыну ара?
24 – Куэбжэ зэвымкІэ фызэрыдыхьэным и ужь фит Іэмал зэриІэкІэ, – итыжащ Хьисэ жэуап, – сыту жыпІэмэ, нывжызоІэ, цІыху куэд дыхьэну хэтынущ, ауэ дыхьэфынукъым. 25 Унэр зейр къэтэджрэ куэбжэр къигъэбыдэжа нэужь, «Зи щІыхьыр ин, куэбжэр къытхуІух» жыфІэрэ куэбжэм фытеуІуэу щІыбым фыкъыдэнэнущ. Ауэ унэр зейм мыпхуэдэу къывжиІэнущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикІами, сщІэркъым». 26 Фэ мыпхуэдэу жыфІэнущ абы щыгъуэ: «Дэ уи гъусэу дефэу, дешхэу, ди уэрамхэм дыщыбущийуэ щытакъэ?» 27 Ауэ абы мыпхуэдэу жэуап къывитыжынущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикІами, сщІэркъым. Си пащхьэм фикІ, бзаджащІэхэ!» 28 Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ, бегъымбархэри я гъусэу, Тхьэр щытепщэ щІыпІэм хэщІапІэ къащылъысауэ, ауэ фэ фыкъыІуахужу щыфлъагъукІэ, фыпыхьэнущ, фи ІэфракІэм федзэкъэжынущ. 29 ЦІыхухэр къуэкІыпІэмкІи, къухьэпІэмкІи, ищхъэрэкІи, ипщэкІи къикІынурэ, Тхьэр щытепщэ щІыпІэм къыщаІэтыну гуфІэгъуэшхуэм хэтынущ. 30 Иджыпсту я ужь итхэр я пэ иувэнущ, я пэ итхэр я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.
Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим!
31 Абы хэту фарисей гуэрхэр къакІуэри, Хьисэ къыжраІащ:
– Мы щІыпІэр къыубгынэмэ, нэхъыфІщ, Хьирэд уригъэукІыну хэтщ.
32 – ФыкІуи, а бажэм мыпхуэдэу схужефІэж, – яжриІащ абыхэм Хьисэ, – «Сэ ноби пщэдеи цІыхухэм жинхэр къахэсхужу икІи згъэхъужу сахэтынущ, ауэ махуэ ещанэм си Іуэхур сыухынущ». 33 Сэ ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкІи сыкъэмыувыІэу сыздэкІуэм сыкІуэн хуейщ, сыту жыпІэмэ бегъымбарыр Ерусэлим фІэкІа нэгъуэщІ щІыпІэ щаукІынкІэ Іэмал зимыІэщ.
34 Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим! Тхьэм и бегъымбархэр зэтезыукІэу, Тхьэм и лІыкІуэхэр зи уэрамхэм мывэкІэ щаукІ. Къуалэбзум и шыр цІыкІухэр и дамэ щІагъым щызэрызэхуишэсым хуэдэу, сэри сыт хуэдизрэ уи бынхэр зэкъуэт сщІыуэ зэхуэсшэсыну сыхэта, ауэ фэ вдакъым. 35 Иджы фи Унэр нэщІ хъуауэ фэ къыфхуонэж. НывжызоІэ, «Зиусхьэным и цІэкІэ къытхуэкІуэращ щІыхьыр зейр» жыфІэху, сыкъэфлъагъужынукъым.
14Бэг уз зэфыкІ лІы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
1 Щэбэт махуэу, фарисейхэм я унафэщІ лІы гуэрым Хьисэ иригъэблагъэри, Іэнэ къыхуищтащ. ХьэщІэхэм я нэр Абы трамыгъэкІыу кІэлъыплъырт. 2 ЦІыхур зыгъэбэг уз ефыкІыу лІы гуэр Хьисэ и пащхьэм къиуващ. 3 Хьисэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ фарисейхэмрэ захуигъазэри, мыпхуэдэу еупщІащ:
– Щэбэт махуэм цІыхур бгъэхъуж хъуну, хьэмэрэ мыхъуну? – жиІэри.
4 Зыри жаІэртэкъым. ЩыжамыІэм, Хьисэ сымаджэм теІэбэщ, игъэхъужри иутІыпщыжащ. 5 Мыдрейхэм яжриІащ итІанэ:
– Зыгуэрым фи къуэр е фи выр псым хэхуэмэ, асыхьэтым къыхэфхыжынукъэ, ар щэбэт махуэу щыт пэтми?
6 Зыри къыжраІэфакъым абыхэм.
Зызыгъэлъагэм и пщІэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщІэр Тхьэм иІэтынущ
7 ХьэщІэхэм тІысыпІэ хэплъыхь ящІу щилъагъум, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриІащ:
8 – ГуфІэгъуэ зиІэ гуэрым уригъэблагъэмэ, жьантІэм умыкІуэ, уэ нэхърэ зи пщІэр нэхъ лъагэ гуэр кърагъэблэгъауэ къыщІэкІмэ, 9 уезыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу къыбжиІэнущ: «Мыр а уздэщысым деж гъэтІысыт». Уи напэр текІауэ ІэнэкІэм укъыпытІысхьэжын хуей хъунущ абы щыгъуэ. 10 Ауэ уэ ущрагъэблагъэкІэ, кІуэи, Іэнэм и кІэ дыдэм деж щетІысэх, уезыгъэблэгъам мыпхуэдэу къыбжиІэн щхьэкІэ: «Ныбжьэгъу, мыдэ къыдэкІуэтейт». Іэнэм къыбдыщыс псоми ялъагъуу уи пщІэр лъагэ хъунущ абы щыгъуэ. 11 Аращи, зызыгъэлъагэм и пщІэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщІэр Тхьэм иІэтынущ.
12 Хьисэ езыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу жриІащ итІанэ:
– Шэджагъуэм е пщыхьэщхьэм Іэнэ къыщыпщтэкІэ, уи ныбжьэгъуи, уи къуэши, уи Іыхьлыи, уи гъунэгъу къулейхэми уемыджэ, сыту жыпІэмэ абыхэм уэри урагъэблэгъэжынурэ яхуэпщІар къыпхуащІэжа хуэдэу хъунущ. 13 Ауэ уэ Іэнэ къыщыпщтэкІэ, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, щІакъуэхэр, нэфхэр егъэблагъэ. 14 Мис абы щыгъуэ гъуэгу махуэ утеуващ, абыхэм яхуэпщІар къыпхуащІэжыфынукъыми. Ауэ уэ Тхьэм къыпхуищІэжынущ цІыху щыпкъэ лІахэр къыщытэджыжыну махуэм.
Тхьэр къыщоджэм деж жыІэщІэу щыт
15 Іэнэм къыдыщыс гуэрым ар щызэхихым, Хьисэ къыжриІащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэр нахуэу къэлъэгъуа нэужь, абы къыщаІэтыну гуфІэгъуэм хэтынур гъуэгу махуэ теуващ.
16 – ЛІы гуэрым Іэнэшхуэ къигъэуври, цІыху куэдым еджащ, – жиІащ Хьисэ. 17 – Іэнэм пэрытІысхьэн щыхуей сыхьэтыр къыщысым, и унэІутыр зэджахэм я деж игъакІуэри, Іэнэр зэрыхьэзырыр яжрыригъэІащ. 18 Ауэ зэгурыІуа нэхъей псори къелъэІужащ зэрыхуемыблэгъэфым щхьэкІэ губгъэн яхуимыщІыну. Зым мыпхуэдэу къиІуэхуащ: «Сэ щІы Іыхьэ къэсщэхуащи, сыкІуэу семыплъу хъунукъым, кхъыІэ, губгъэн къысхуумыщІ». 19 Адрейми мыпхуэдэу къиІуэхуащ: «ТанипщІ къэсщэхуащи, я щытыкІэм сеплъыну сокІуэри, кхъыІэ, емыкІу къысхуумыщІ». 20 Ещанэми мыпхуэдэу жиІащ: «Фыз къэсшащи, сынэкІуэфынукъым». 21 Арати, унэІутым къигъэзэжри, къыжраІар и тхьэмадэм хуиІуэтэжащ. Апхуэдэу щыхъум, Іэнэ къызэтезыгъэувар къэгубжьри, и унэІутым жриІащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми уэрам зэвхэми псынщІэу ирикІуи, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, щІакъуэхэр си унэ къишэ». 22 УнэІутым къыщигъэзэжым, и тхьэмадэм жриІащ: «Зи щІыхьыр ин, уи унафэр згъэзэщІащ, ауэ иджыри тІысыпІэ нэщІ Іэнэм иІэщ». 23 Тхьэмадэм унэІутым жреІэ абы щыгъуэ: «Къалэм дэкІи, губгъуэ гъуэгухэм техьэ, бжыхь лъабжьэхэр щІэщыкІ икІи къыпхуэзэу хъуар си деж къэкІуэну къытегъэхьэ, си унэм цІыхур щІэз хъун щхьэкІэ. 24 НывжызоІэ, хъыбар зэзгъащІэу къэмыкІуахэм щыщу зыри си Іэнэ къэтІысынукъым».
Хьисэ и Іумэтым уитыныр Іуэху тыншкъым
25 Хьисэ и гъусэу цІыху куэд кІуэрт. Абыхэм захуигъазэри яжриІащ:
26 – Си Іумэтым итхэм я адэ-анэхэм, я фызхэм, я бынхэм, я къуэшхэм, я шыпхъухэм, уеблэмэ я псэм нэхърэ нэхъыфІу сыкъамылъагъумэ, си гъэсэн хъунукъым. 27 Си ужь къиувэу Сэр щхьэкІэ гугъу зезымыгъэхьыфыр, уеблэмэ и гъащІэр итыну мыхьэзырыр си гъэсэн хъунукъым. 28 Фэ фщыщ гуэрым чэщанэ иухуэну мурад ищІмэ, тІысу текІуэдэнур къипщытэнукъэ япэщІыкІэ, лэжьыгъэр и кІэм нигъэсыфынрэ нимыгъэсыфынрэ ищІэн щхьэкІэ? 29 Армырамэ, лъабжьэр игъэувауэ, чэщанэр хунэмыгъэсыжмэ, ар зылъагъухэм ауан къащІынущ, 30 мыпхуэдэу жаІэурэ: «Мы лІым чэщанэ иухуэну щІидзат, ауэ хунэгъэсыфакъым».
31 Хьэмэрэ мыпхуэдэ жытІэнщ: нэгъуэщІ пащтыхьым езэуэну зызыгъэхьэзыр пащтыхьыр тІысу япэщІыкІэ егупсысынукъэ минипщІ фІэкІа мыхъу и дзэмкІэ мин тІощІ хъууэ къыхуэкІуэ дзэм езэуэфынрэ емызэуэфынрэ? 32 Емызэуэфынумэ, бийр жыжьэ щІыкІэ и лІыкІуэхэр игъэкІуэнурэ, зэгурыІуэныгъэ къарищІылІэну иригъэлъэІунущ.
33 Абы ещхьу, фэ фщыщ дэтхэнэ зыми и гур и мылъкум къыбгъэдимыгъэкІмэ, си гъэсэн хъунукъым.
Шыгъур мышыугъэмэ, сыт и сэбэп?
34 – ЗэрыфщІэщи, шыгъур фІыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр щІэкІмэ, ар зыкІи шыугъэ пхуэщІыжынукъым. 35 Ар зыкІи къыпхуэгъэсэбэпынукъым итІанэ, уеблэмэ щІым хэбдзэми, щІыр абыкІэ пхуэгъэпшэрынукъым. Апхуэдэ шыгъур, зыкІи щымыгугъыжу, хыфІадзэж. ТхьэкІумэ зиІэм жысІэр зэхрырех.
15Мэл кІуэдам теухуа щІагъыбзэ
1 Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыуэ ялъытэхэмрэ Хьисэ жиІэм едэІуэну къекІуалІэрт. 2 Фарисейхэмрэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ ар яфІэмыфІу, мыпхуэдэу жаІащ:
– Мыбы гуэныхьлыхэр зрегъэгъусэ, абыхэм ядошхэ.
3 Хьисэ щІагъыбзэ къригъэжьащ абы щыгъуэ:
4 – Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иІэу жытІэнщ. АтІэ а мэлхэм щыщ зы абы фІэкІуэдмэ, ежьэу мэл кІуэдар къигъуэтыжыху къилъыхъуэнукъэ, мэл бгъущІрэ бгъур губгъуэм къринэу? 5 Къигъуэтыжа нэужь, и дамэм гуфІэу трилъхьэнурэ, 6 и унэм кІуэжынущ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриІэнущ: «Си мэл кІуэдар къэзгъуэтыжащи, фыкъакІуи, фыкъыздэгуфІэ!» 7 НывжызоІэ, ещхьыркъабзэу, тобэ къыщІахьыжын щхьэусыгъуэ зимыІэ цІыху щыпкъэ бгъущІрэ бгъум елъытауэ, тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщІакІуэ закъуэм щхьэкІэ уафэм щыІэну гуфІэгъуэр нэхъ инщ.
Дыжьын кІуэдам теухуа щІагъыбзэ
8 – Е цІыхубз гуэрым дыжьын жьгъеипщІ иІэу жытІэнщ. АтІэ а дыжьынипщІым щыщу абы зы фІэкІуэдмэ, уэздыгъэр пигъанэу набдзэгубдзаплъэу унэр къипхъэнкІыурэ лъыхъуэнукъэ, дыжьыныр къигъуэтыжыху? 9 Къигъуэтыжа нэужь, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриІэнущ: «СфІэкІуэдауэ щыта си дыжьыныр къэзгъуэтыжащи, фыкъакІуи, фыкъыздэгуфІэ!» 10 НывжызоІэ, ещхьыркъабзэу, Тхьэм и мелыІычхэри мэгуфІэ тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщІакІуэм щхьэкІи.
Къуэ щхьэрыуам теухуа щІагъыбзэ
11 – ЛІы гуэрым къуитІ иІэт, – жиІащ Хьисэ. – 12 НэхъыщІэм адэм мыпхуэдэу жриІащ: «Ди адэ, уи щІэиным щыщу къыслъысын хуейр къызэт». Апхуэдэу щыхъум, адэм мылъкур зэшхэм яхуигуэшащ. 13 Куэди дигъэкІакъым, къылъысар зэщІикъуэри, къуэ нэхъыщІэр щІыпІэ жыжьэ гуэрым кІуащ. А щІыпІэм щыІэху, мыхъумыщІэ псэукІэм зритри, и мылъкур Іисраф ищІащ абы. 14 И мылъкум щыщу зыри къуэмылъыжу къыщынэм, а щІыпІэм гъаблэшхуэ къыщыхъури, ар къулейсыз дыдэ хъуащ. 15 Апхуэдэу щыхъум, щІалэр а щІыпІэм щыщ лІы гуэрым деж кІуэри, хуэлІыщІэну гурыІуащ. ЛІым ар и губгъуэм игъэкІуащ, и кхъуэ хъушэр иригъэгъэхъуну. 16 Кхъуэм ирагъэшх Іусыр ишхыну ехъуапсэ хъуат щІалэр, ауэ кхъуэ Іуси зыми къритыртэкъым. 17 ЩІалэр зыщІэгупсысыжри, мыпхуэдэу жиІащ: «Си адэм сыт хуэдиз лІыщІэ иІэми, псоми яшхын пэрыхьэту ягъуэт, сэ мыбы шхын щхьэкІэ сыщолІэ. 18 Си адэм деж сыкІуэжынщи, мыпхуэдэу жесІэнщ: Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкІащ, 19 сыуикъуэу жысІэнуи схуэфащэкъым, лІыщІэу сыкъащтэ». 20 Ар жиІэщ, тэджри, и адэм деж кІуэжыну ежьащ.
Адэм и къуэр къэкІуэжу жыжьэу щилъагъум, и гур щІэузащ, итІанэ пежажьэщ, зридзри, ІэплІэ, ба хуищІащ. 21 ЩІалэм и адэм жриІащ: «Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкІащ, сыуикъуэу жысІэнуи схуэфащэкъым». 22 Ауэ адэм унэІутхэм мыпхуэдэу яжреІэ: «Щыгъын нэхъыфІ дыдэр псынщІэу къыхущІэфхи, къыщыфтІагъэ, и Іэм Іэлъын Іэрыфлъхьэ, и лъакъуэми вакъэ лъыфтІагъэ. 23 Танэ гъэшха къыщІэфши, фІэвгъэж, дыгуфІэнщ, танэр тшхынщ. 24 Си къуэр лІати, къэпсэужащ, кІуэдати, къэдгъуэтыжащ!» Арати, гуфІэгъуэр яублащ.
25 Адэм и щІалэ нэхъыжьыр губгъуэм щыІэт абы щыгъуэ. КъыщыкІуэжым, унэм къэблэгъэжауэ, макъамэ макърэ Іэгуауэ макърэ пщІантІэм къыдэІукІыу зэхихащ. 26 Щызэхихым, унэІутхэм ящыщ зы ириджэри, гуфІэгъуэр къыщІаІэтам и щхьэусыгъуэм щІэупщІащ. 27 «Уи къуэшыр къекІуэлІэжащ, – жиІащ унэІутым. – Уи адэм ар псэууэ, узыншэу къызэрыІэрыхьэжам щхьэкІэ танэ гъэшха фІыдигъэгъэжащ». 28 Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, дыхьэжын идакъым. Ауэ адэр къыдэкІри, къеубзэу къелъэІуащ: «Ныдыхьэж, си къуэ», – жиІэри. 29 Къуэ нэхъыжьым адэм мыпхуэдэу жриІащ: «Сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэми, зэи уи унафэ сыщІэкІакъым. ИтІани зы чыцІ къызэпту си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ ди нэгу зедбгъэгъэужьакъым. 30 Ауэ уи мылъкур куэпэчхэм ятезыгъэкІуэда уи къуэр къекІуэлІэжати, танэ гъэшха хуэбукІащ». 31 Адэм мыпхуэдэу жиІащ абы щыгъуэ: «Си щІалэ! Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ, сиІэ псори ууейщ. 32 Дымынэщхъейуэ дынэщхъыфІэн, дыгуфІэн хуейт иджыпсту, уи къуэшыр лІати, къэпсэужащ, кІуэдати, къэдгъуэтыжащ».
16Гуэнтет хьэрэмыгум теухуа щІагъыбзэ
1 Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ итІанэ:
– ЦІыху къулей гуэрым гуэнтет иІэт. Гуэнтетым уи мылъкур Іисраф пфІещІ, жаІэри къулейм бзэгу хуахьащ. 2 Арати, абы гуэнтетыр ириджэри, къеупщІащ: «Уэр щхьэкІэ жаІэу зэхэсхыр сыт? Си мылъкур зэрызепхьэмкІэ жэуап тэмэму къызэтыт, уэ си мылъкур афІэкІ пІэщІэлъыжынукъым».
3 «Сыт иджы сщІэнур? – жиІащ гуэнтетым игукІэ. – Си тхьэмадэм си лэжьыгъэр стрехыж. ЩІы къысхуэтІынукъым, факъырэІус сыщІэлъэІуну си дзэр мэш. 4 Си лэжьыгъэр стрихыжмэ, цІыхухэм я унэ сыщІагъэхьэн щхьэкІэ, сщІэнур къэсщІащ». 5 Арати, гуэнтетым и тхьэмадэм и щІыхуэ зытелъ цІыхухэр зырызурэ къриджэу щІидзащ. «Си тхьэмадэм ептыжын хуейуэ дапщэ птелъыр?» – еупщІащ гуэнтетыр зым. 6 «Дагъэ фэндырищэ стелъщ», – жиІащ абы. «Мис уи щІыхуэ тхылъыр, тІыси, щэм и пІэкІэ псынщІэу щэ ныкъуэ итхэ». 7 Гуэнтетыр къыкІэлъыкІуэм еупщІащ: «Уэ дапщэ птелъыр?» «Гуэдз къэпищэ стелъщ», – жиІащ абыи. «Уи щІыхуэ тхылъыр къащти, пщІей итхэ», – жиІащ гуэнтетым.
8 Тхьэмадэр гуэнтет хьэрэмыгум щытхъуащ губзыгъэу къызэрыщІэкІам щхьэкІэ; сыту жыпІэмэ Тхьэм и бынхэм елъытауэ, мы дуней нэпцІым и бынхэр нэхъ губзыгъэу къыщІокІ, езыхэм ещхь гуэрхэм Іуэху щыдащІэкІэ. 9 НывжызоІэ, мы дуней нэпцІым щывиІэ мылъкумкІэ ныбжьэгъу зэвгъэгъуэт, фи мылъкур фыуха нэужь, мыкІуэдыжын псэупІэхэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкІэ.
10 МащІэмкІэ пэж цІыхур куэдымкІи пэжу щытынущ. МащІэмкІэ пэжу щымытыр куэдымкІи пэжу щытынукъым. 11 Мы дуней нэпцІым пыщІа мылъкур дзыхь зыхуащІ хъун цІыхуу фыщымытмэ, хэт фэ мылъку нэсыр фи ІэмыщІэм изылъхьэнур? 12 Хьэмэрэ хамэ мылъкур дзыхь зыхуащІ хъун цІыхуу фыщымытмэ, фэ езым фыфей хъун мылъку хэт къывэзытынур? 13 Зы лІыщІэр тхьэмадитІым зэуэ хуэлІыщІэн лъэкІынукъым; сыту жыпІэмэ зыр фІыуэ имылъагъуу, адрейр илъагъуу щытынущ; зым хуэпэжу, адрейм нэмыплъ ириту щытынущ. Тхьэми мылъкуми зэхуэдэу фыхуэлэжьэн флъэкІынукъым.
14 Ахъшэ фІыуэ зылъагъу фарисейхэм ар щызэхахым, Хьисэ ауан къащІащ. 15 Ауэ Хьисэ абыхэм яжриІащ:
– ЦІыху щыпкъэу адрейхэм закъыщывгъэхъу щхьэкІэ, фи гум илъыр Тхьэм ещІэ. ЦІыхухэм пщІэ зыхуащІ Іуэхугъуэхэр Тхьэм дежкІэ гущыкІыгъуэщ.
Тхьэм и Хабзэр зэи кІуэдыжынукъым
16 – Теурэтымрэ бегъымбархэм я тхылъхэмрэщ щыІар, Яхья къэкІуэху. Иджы Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр яІуатэу щІадзащ икІи абы и жьауэм щІэувэну хэти хуабжьу щІокъу. 17 Уафэри щІылъэри нэхъ кІуэдыжыгъуафІэ хъунущ Теурэт Хабзэм зы хьэрф хэкІуэдыкІыным нэхърэ.
Фыз игъэкІыжыным теухуауэ
18 – Зи фыз изыгъэкІыжу нэгъуэщІ фыз къэзышэжым зинэ ищІауэ мэхъу. Абы хуэдэу, кърагъэкІыжа фыз къэзышэми зинэ ещІэ.
Къулеижьымрэ Лазыррэ
19 – Къулеижь гуэр псэурт, – къыпищащ Хьисэ. – Абы зыкърихыу зихуапэрт, махуэ къэс ефэу, ешхэу, и нэгу зригъэужьу псэурт. 20 Къулеижьым и куэбжэм деж зы факъырэ Іулът, Лазыр и цІэу. Лазырым и щІыфэр бэгум зэщІищтат. 21 Къулеижьым и Іэнэм къехуэх кІэрыхубжьэрыхухэмкІэ и ныбэм из ищІыну хъуапсэрт ар. Хьэхэр къыбгъэдэлъадэурэ, и щІыфэм тет бэгухэм къебзейрт. 22 Арати, факъырэр лІащ икІи мелыІычхэм ар Ибрэхьим деж яхьри бгъэдагъэтІысхьащ. 23 Къулеижьри лІэри щІалъхьэжащ. Жыхьэнмэм щыІэу и псэм хьэзабыр телъу, и нэр иІэтщ, дэплъейри, жыжьэу Ибрэхьим илъэгъуащ, Лазыри абы бгъэдэсу. 24 Щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущІэгъу къысхуэщІ. Лазыр къысхуэгъакІуи, и Іэпэр псым хищІэурэ си бзэгур схуегъэгъэупщІыІу, сыту жыпІэмэ мы мафІэ сызыхэтым хуабжьу гугъу сыщохь».
25 «Си щІалэ, – жиІащ Ибрэхьим, – уигу къэгъэкІыж дунейм ущытетам уэ фІыгъуэ ущымыщІэу, Лазыр гугъу ехьу зэрыщытар. Иджы ар мыбы щотынш, уэ абы гугъу ущохь. 26 Абы къищынэмыщІауэ, фэрэ дэрэ дякум щыхупІэ куу дэлъщ, мыбы никІыу абы нэкІуэну хуейр нэмыкІуэфын икІи абы къикІыу мыбы къэкІуэну хуейр къэмыкІуэфын щхьэкІэ».
27 «АтІэ ди адэ, – жиІащ къулейуэ щытам, – сынолъэІу, си адэм и унэм Лазыр схуэбгъэкІуэну. 28 Къуэшитху сиІэщи, ахэри мы хьэзаб шэчыпІэм къэмыкІуэн щхьэкІэ, сакъыну схужрегъэІэж».
29 «Абыхэм Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэр яІэщ, а тхылъхэм ярытым тету ирепсэу», – жиІащ Ибрэхьим.
30 «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим, – жиІащ къулеижьу щытам, – лІахэм я лІыкІуэу зыгуэр яхуэкІуэмэ, тобэ къахьыжынущ».
31 «Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэм ярытым тету мыпсэумэ, лІахэм зыгуэр къахэтэджыкІыжми, я фІэщ хъунукъым», – къитыжащ жэуап Ибрэхьим.
17Хьисэ и гъэсэнхэр зэриущияр
1 – ЦІыхур гуэныхьым тезыгъэгушхуэ гуэр сыт щыгъуи щыІэнущ. Ауэ гъуэгу мыгъуэ теуващ цІыхур гуэныхь щІэным тезыгъэгушхуэр, – яжриІащ Хьисэ и гъэсэнхэм. 2 – Апхуэдэ цІыхум дежкІэ и пщэм щхьэл мывэ иращІэрэ хым хадзэмэ, нэхъыфІщ мы къызэрыгуэкІ цІыхухэм ящыщ зы гуэныхь щІэным тригъэгушхуэ нэхърэ. 3 Аращи, фысакъ! Уи къуэшым гуэныхь зыпылъ Іуэху илэжьмэ, гуэныхь къызэрихьар жеІи, тобэ къихьыжмэ, хуэгъэгъу. 4 Уеблэмэ зы махуэм къриубыдэу блэнейрэ къокъуэншэкІрэ гуэныхь къихьмэ, хуэгъэгъу, къигъэзэжрэ, «сыхущІегъуэжащ» къыбжиІэху.
5 – Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ ин тхуэщІ, – къелъэІуащ Зиусхьэным и лІыкІуэ пщыкІутІыр.
6 – Андэгурэдэгум и жылэм хуэдиз хъун фІэщхъуныгъэ фиІэу мы жыгым «Уи лъабжьэ дыдэм деж зыкъыщыхэтхъи, хым зыщыхэсэ» жефІэмэ, къывэдэІуэнущ, – жиІащ Зиусхьэным.
7 – Фэ фщыщ гуэрым и унэІутым щІы ивэу е мэл игъэхъуу жытІэнщ. АтІэ унэІутыр губгъуэм къикІыжа нэужь, «ПсынщІэу къакІуи, Іэнэм къэтІыс» жепІэну абы? 8 Си гугъэкъым жепІэну. Абы и пІэкІэ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр икІи уи бгыр щІэпхи, сышхэху, сефэху къысщхьэщыт, итІанэ уэ езыр шхэ икІи ефэ» жыпІэнукъэ? 9 Уи унафэр зэригъэзащІэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэпщІыну уи унэІутым? Си гугъэкъым хуэпщІыну. 10 Фэри вгъэзэщІэн хуей къалэныр щывгъэзащІэкІэ, мыпхуэдэу жыфІэ: «Мыхьэнэ зимыІэ дыунэІутщ дэ, длэжьын хуейр длэжьауэ аркъудейщ».
Уэшын уз зэфыкІ лІипщІ Хьисэ зэригъэхъужар
11 Ерусэлим щыкІуэм, Хьисэ Самариемрэ Гэлилеймрэ я кум дэту кІуэцІрыкІащ. 12 Жылэ гуэрым щыдыхьэм, уэшын уз зэфыкІ лІипщІ къыІущІащ. Хьисэ пэІэщІэу къэувыІэри, 13 макъышхуэкІэ къэджащ ахэр:
– Хьисэ! УщиякІуэ! ГущІэгъу къытхуэщІ.
14 Хьисэ ахэр щилъагъум, мыпхуэдэу яжриІащ:
– ФыкІуи, дин гъуазэхэр зэвгъэплъ.
Сымаджэхэр ежьэри, гъуэгу тетыхукІэ узыр япкърыкІыжащ. 15 Сымаджэу щыта лІипщІым ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкІэ щІыхь хуищІурэ къигъэзэжщ, 16 и нэкІумкІэ щІым еІусэу Хьисэ и лъабжьэм зыщІидзэри, фІыщІэшхуэ хуищІащ. А лІыр езыр Самарие хэкум щыщт, хамэт.
17 – Псори фыхъужатэкъэ? – жиІащ Хьисэ. – АтІэ адрей бгъур дэнэ здэщыІэр? 18 Къигъэзэжу Тхьэм щІыхь хуэзыщІын къахэмыкІауэ ара абыхэм, мы хамэ цІыхум фІэкІа? – 19 Хьисэ а цІыхум мыпхуэдэу жриІащ итІанэ: – Уи фІэщхъуныгъэм уигъэхъужащ, тэджи, кІуэж.
Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщысыну пІалъэм фарисейхэр щІоупщІэ
20 – Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщысынур дапщэщ? – жаІэу фарисейхэр Хьисэ щеупщІым, мыпхуэдэу къажриІащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэр нэрылъагъуу къэкІуэнукъым, 21 икІи «Мес е мис ар» жаІэнукъым, сыту жыпІэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэр фэ езым къыфхэтщ.
22 Хьисэ и гъэсэнхэм мыр яжриІащ итІанэ:
– ЦІыхум и Къуэм и махуэхэм щыщ зы «тлъагъужарэт» щыжыфІэну зэман къэкІуэнущ, ауэ флъагъужынукъым. 23 «Мыдэ щыІэщ ар», е «модэ щыІэщ» къывжаІэнущ, ауэ факІэлъемыжьэ апхуэдэу жызыІэхэм, фи пІэ фисыж, 24 сыту жыпІэмэ уафэм и зы гъунэм къыщыщІэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскІым уэгур къызэригъэнэхум хуэдэу, ЦІыхум и Къуэри къэлъэгъуэнущ, мы дунейм къыщигъэзэжкІэ. 25 Ауэ япэщІыкІэ гугъуехь куэд игъэвын икІи мы щІэблэм ямыдэу зыхахун хуейщ ар.
26 ЦІыхум и Къуэм и къэгъэзэжыгъуэм и пэ къихуэу дунейм и щытыкІэнур Нухь и зэманым дунейм и щытыкІам ещхьыркъабзэу щытынущ. 27 Нухь и зэманым цІыхухэр ефэу, ешхэу, фыз къашэу, лІы дэкІуэу щытащ, Нухь кхъухьым щитІысхьа махуэм нэсыху. ИтІанэ псыдзэр къащІэуэри псори хэкІуэдащ. 28 ЛутІ и зэманми дунейр апхуэдэу щытащ: цІыхухэр ефэу, ешхэу, зыгуэр къащэхуу, ящэу, гъавэ ягъэкІыу, унэ яухуэу. 29 Ауэ ЛутІ Сэдом къалэм къыщыдэкІа махуэм мафІэрэ тхъуэбзащхъуэрэ къалэм къытехэри, псори зэтрисхьащ.
30 ЦІыхум и Къуэр цІыхухэм къащыхуэлъэгъуэну махуэми дунейр апхуэдэу щытынущ. 31 А махуэм унащхьэм тетыр къремых унэм щІэлъ и щыгъыныр къищтэну, губгъуэм итми и унэм иремыгъэзэж. 32 ЛутІ и фызым къыщыщІар фигу къэвгъэкІыж. 33 Зи псэр зыхъумэжыну хуейм и псэр фІэкІуэдынущ, зи псэр зытым и псэр хъума хъунущ. 34 НывжызоІэ, а жэщым цІыхуитІ зы пІэм хэлъу щытынущ, ауэ мелыІычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ. 35 ЦІыхубзитІ зэгъусэу хьэжэнущ, ауэ мелыІычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ. 36 ЦІыхуитІ губгъуэм итынущ, ауэ мелыІычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ.
37 – Зи щІыхьыр ин, дэнэ ар къыщыхъунур? – еупщІащ цІыхухэр Хьисэ.
– Хьэдэ здэщыІэм хьэдэ зышх бгъэжьхэр къыщетІысэхынущ, – къаритыжащ жэуап Хьисэ.
18Фызабэмрэ хеящІэмрэ ятеухуа щІагъыбзэ
1 Хьисэ и гъэсэнхэр тхьэ елъэІу зэпыту щытын щхьэкІэ икІи я гур зэи мыкІуэду дунейм тетын папщІэ, щІагъыбзэ зыщІэлъ хъыбар яжриІащ:
2 – Къалэ гуэрым зы хеящІэ дэст, Тхьэми щымышынэу, цІыхухэми ящымыукІытэу. 3 А къалэм фызабэ гуэри дэст. Фызабэр хеящІэм къыкІэлъикІухьурэ елъэІурт: «Си дэуэгъум лей къыскІэлъызэримыхьэн щхьэкІэ, къысщхьэщыж», – жиІэурэ. 4 Фызабэр зыщІэлъэІур хеящІэм къыхуимыщІэурэ зэманыфІ дэкІауэ, игукІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэм сыщымышынэми, цІыхухэм сащымыукІытэми, 5 мы фызабэр си ужь икІын папщІэ, сыкъыщхьэщыжынщ, къыскІэлъижыхьурэ си щхьэр симыгъэужэгъун щхьэкІэ».
6 ЦІыху щыпкъэу щымыт пэтми, а хеящІэм жиІэм феплъыт, – къыпищащ Зиусхьэным. – 7 АтІэ Тхьэм къыхихахэу жэщи махуи абы елъэІу цІыхухэм ар дауэ къащхьэщымыжынрэ? Дауэ зыпигъэплъэн ахэр, лей къатехьэху? 8 НывжызоІэ, щІэх дыдэ къащхьэщыжынущ. Ауэ ЦІыхум и Къуэм къигъэзэжа нэужь, мы дунейм Абы фІэщхъуныгъэ щигъуэтыжыну пІэрэ?
Фарисеймрэ тезыр ахъшэ къыхэзыхымрэятеухуа щІагъыбзэ
9 Езыхэм цІыху щыпкъэу забжыжрэ адрейхэр зыгъэикІэхэм Хьисэ щІагъыбзэ зыщІэлъ хъыбар яжриІащ:
10 – Тхьэ елъэІуну Тхьэм и Унэм цІыхуитІ щІыхьат. ТІум я зыр фарисейт, адрейр тезыр ахъшэ къыхэзыххэм ящыщт. 11 Фарисейр увауэ, Тхьэм гукІэ елъэІурт: «Ди Тхьэ, цІыху хъунщІакІуэхэм, бзаджащІэхэм, зинэ зыщІэхэм, е мыбдежым щыт тезыр ахъшэ къыхэзыхым сызэремыщхьым щхьэкІэ фІыщІэ пхузощІ. 12 Тхьэмахуэм къриубыдэу тІэунейрэ сонэщІ, къысхэхъуэу хъуам щыщу Іыхьэ пщІанэр уи Унэм сохь». 13 Тезыр ахъшэ къыхэзыхыр нэхъ пыІукІуэтауэ и бгъэгум иуэжу щытт, и нэр къиІэту уафэм дэплъеин темыгушхуэу. Ар мыпхуэдэут тхьэ зэрелъэІур: «Ди Тхьэ, сыгуэныхьлыщ, гущІэгъу къысхуэщІ». 14 НывжызоІэ, фарисейракъым Тхьэм игъэхеижауэ Тхьэм и Унэм къыщІэкІыжар, атІэ тезыр ахъшэ къыхэзыхыращ. Сыту жыпІэмэ зызыгъэлъагэм и пщІэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщІэр Тхьэм иІэтынущ.
Фапэрымыуэу, сабийхэр си деж къэвгъакІуэ
15 Хьисэ сабий цІыкІухэр къыхуашэрт, и ІэмкІэ трагъэІэбэну. И гъэсэнхэм ар щалъагъум, Хьисэ зыри бгъэдамыгъэхьэ хъуащ. 16 Ауэ Хьисэ сабийхэр зыбгъэдишэри, мыпхуэдэу жиІащ:
– Сабийхэм фапэрымыуэу, си деж къэвгъакІуэ, сыту жыпІэмэ абыхэм хуэдэщ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэтхэр. 17 Пэжыр нывжызоІэ, сабийм хуэдэу Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэмыувэм абы егъэзыпІэ къыщылъысынукъым.
Къулеигъэм теухуа ущие
18 УнафэщІ гуэр Хьисэ къеупщІащ:
– Зи гур фІыкІэ гъэнщІа ущиякІуэ, гъащІэ уахътыншэ къыслъысын папщІэ, сыт сщІэн хуейр? – жиІэри.
19 – Зи гур фІыкІэ гъэнщІа ущиякІуэкІэ укъыщІызэджэр сыт? – жиІащ Хьисэ. – Тхьэм и закъуэщ зи гур фІыкІэ гъэнщІар. 20 Теурэтым ит унафэхэр пщІэркъэ: зинэ умыщІэ, цІыху умыукІ, умыдыгъуэ, щыхьэт нэпцІу утыку уимыхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщІэ яхуэщІ.
21 – А псори си щІалэгъуэ лъандэрэ согъэзащІэ, – жиІащ унафэщІым.
22 Ар щызэхихым, Хьисэ унафэщІым мыпхуэдэу жриІащ:
– Зыщ уэ узыхуэныкъуэу къэнар. УиІэу хъуар щэжи, къыщІэкІыр факъырэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ щыбгъуэтынущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итІанэ.
23 Хьисэ и псалъэр щызэхихым, унафэщІым и гум щІыхьащ ар, хуабжьу къулейти. 24 Ар абы и гум зэрыщІыхьар щилъагъум, Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ:
– Къулейхэр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэувэн жыхуэпІэр хуабжьу гугъущ. 25 Махъшэр мастэнэм нэхъ тыншу икІынущ, къулейр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щІэмыувэурэ.
26 – АтІэ хэт абы щыгъуэ къелыфынур? – къедаІуэхэр къеупщІащ Хьисэ.
27 – ЦІыхум ялъэмыкІыр Тхьэм лъокІ, – къитыжащ Хьисэ жэуап.
28 – Дэ диІа псори къэдгъанэри, уи ужь диуващ, – жиІащ Питрэс.
29 – Пэжыр нывжызоІэ, – жиІащ Хьисэ, – зи унэр, е зи фызыр, е зи къуэшыр, е зи адэ-анэр, е зи быныр Тхьэм и Тепщэныгъэм папщІэ къэзыгъанэм 30 мы дунейм ІэджэкІэ нэхъыбэ щигъуэтыжынущ, къэкІуэну дунейми гъащІэ уахътыншэ щиІэ хъунущ.
Хьисэ зэраукІынур икІи лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынурещанэу къызэрыжиІар
31 И гъэсэн пщыкІутІыр лъэныкъуэкІэ Іуишри, Хьисэ мыпхуэдэу яжриІащ:
– Мис, Ерусэлим докІуэ. ЦІыхум и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятхауэ щыта псори абы щызэщІэнущ. 32 Ар мажусийхэм ІэщІалъхьэнущ, абыхэм Ар ауан ящІынущ, ягъэпудынущ, еубжьытхынущ, 33 щІопщкІэ еуэнущ икІи яукІынущ, ауэ махуищ дэкІынурэ, лІахэм къахэтэджыкІыжынущ.
34 Ауэ Хьисэ зи гугъу ищІар абыхэм къагурыІуакъым. А псалъэм и мыхьэнэр абыхэм дежкІэ щІэхъумати, зыри зэхащІыкІакъым.
Хьисэ нэф гуэрым и нэр къызэригъэплъэжар
35 Хьисэ Ерихъуэ къалэм гъунэгъу щыхуэхъуам, нэф гуэр гъуэгу Іуфэм Іуст, факъырэІус къыхихыу. 36 ЦІыху гупышхуэ блэкІыу щызэхихым, нэфыр щІэупщІащ: «Къэхъуар сыт?» – жиІэри. 37 «Нэзэрэт щыщ Хьисэ блокІ», – жаІэу къыщыжраІэм, 38 ар макъышхуэкІэ джащ:
– Хьисэ, Даут и Къуэ , гущІэгъу къысхуэщІ! – жиІэри.
39 Япэ иту кІуэ цІыхухэм нэфым и жьэр зэтрипІэну унафэ хуащІащ. АрщхьэкІэ нэфыр нэхъ иныжу кІийрт:
– Даут и Къуэ, гущІэгъу къысхуэщІ! – жиІэурэ.
40 КъэувыІэри, нэфыр къыбгъэдашэну унафэ ищІащ Хьисэ. Нэфыр гъунэгъу къыщыхуэхъум, Хьисэ абы еупщІащ:
41 – Сыт пхуэсщІэну узыхуейр? – жиІэри.
– Зи щІыхьыр ин, си нитІыр къысхуэгъэплъэж, – лъэІуащ нэфыр.
42 – Ирехъу апхуэдэу, къреплъэж, – жиІащ Хьисэ. – Уи фІэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.
43 Нэфым и нитІыр асыхьэтым къэплъэжри, Тхьэм фІыщІэ хуищІурэ, Хьисэ и ужь иуващ. Къэхъуар зылъэгъуа псоми Тхьэм щІыхь хуащІащ.
19Зэхей и гъащІэм зэрызихъуэжар
1 Хьисэ Ерихъуэ къалэм дыхьэри кІуэцІрыкІащ. 2 Зэхей и цІэу цІыху къулей гуэр дэст а къалэм, тезыр ахъшэ къыхэзыххэм я нэхъыщхьэу. 3 Хьисэ зригъэлъагъуну хуейт Зэхей, ауэ езыр зэрылІы цІыкІум щхьэкІэ мо цІыху гупышхуэм къахухэлъагъукІыртэкъым Ар. 4 Хьисэ зригъэлъагъун папщІэ, цІыхухэм я пэ илъадэри, Зэхей тут жыгым дэпщеящ, Хьисэ абыкІэ блэкІын хуейти. 5 А жыгым гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ Зэхей худэплъейри, мыпхуэдэу жриІащ:
– Зэхей, псынщІэу къех жыгым, нобэ уи унэ сынихьэн хуейщ.
6 Жыгым псынщІэу къехыжри, гуфІэгъуэр иІэу, Зэхей Хьисэ иригъэблэгъащ. 7 Хьисэ абы и унэм зэреблэгъар цІыхухэм щалъагъум, ар яфІэмыфІ хъуауэ, псоми жаІащ:
– ЦІыху гуэныхьщІакІуэм и унэ щхьэ еблэгъа Ар?
8 Зэхей къэтэджри, Зиусхьэным мыпхуэдэу жриІащ:
– Зи щІыхьыр ин, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкІэхэм яхуэзгуэшынщ, зыгуэр къэзгъэпцІамэ, къызэрызгъэпцІам хуэдиплІ естыжынщ.
9 – Нобэ мы унэм щІэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриІащ Хьисэ Зэхей. – Мы лІыри Ибрэхьим къытехъукІахэм ящыщщ. 10 КІуэдыпІэм ихуа цІыхухэр къигъуэтыжу къригъэлын щхьэкІэщ ЦІыхум и Къуэр мы дунейм къыщІэкІуар.
УнэІутипщІым ятеухуа щІагъыбзэ
11 ЦІыхухэр Хьисэ къедаІуэу здэщытым, щІагъыбзэ яжриІащ. Хьисэ Ерусэлим пэгъунэгъу хъуати, Тхьэм и Тепщэныгъэр асыхьэт дыдэм къэлъэгъуэну я гугъэт цІыхухэм.
12 Ауэ щыхъум, Хьисэ къригъэжьащ:
– Пщы гуэр щІыпІэ жыжьэ ежьэну зигъэхьэзырат, езыр зи унафэ щІэтым тепщэныгъэ къриІыхыу къигъэзэжыну. 13 Ауэ япэщІыкІэ и унэІутхэм ящыщу пщІыр ириджэщ, ахъшэ зыдэлъ бохъшэ зырыз къаритри, къажриІащ: «Сыкъэтыху, ахъшэр Іуэху гуэрым хэфлъхьи, вгъэлажьэ». 14 Езы пщыр и лъэпкъэгъухэм ялъагъу хъуртэкъыми, «Ар ди тепщэ хъуну дыхуейкъым» жрырагъэІэн папщІэ, пщыр здэкІуам деж абыхэми лІыкІуэ ягъэкІуащ.
15 ЯгъэкІуа пэтми, пщым тепщэныгъэ зыІэригъэхьэри, къигъэзэжащ. Къигъэзэжа нэужь, ахъшэ зрита унэІутипщІыр ириджэри, ахъшэм къыхагъэхъуарэ къыхамыгъэхъуарэ еупщІащ. 16 Зыр къакІуэри мыпхуэдэу жиІащ: «Зи щІыхьыр ин, уи ахъшэ къызэптам хуэдипщІ къыхэзгъэхъуащ». 17 «Дэгъуэщ, уунэІутыфІщ, – жиІащ пщым. – Іуэху мащІэ дзыхь зыхуащІ хъун цІыхуу укъызэрыщІэкІам щхьэкІэ къалипщІым я унафэщІу узогъэув». 18 ЕтІуанэ унэІутри къакІуэри, жиІащ: «Зи щІыхьыр ин, уи ахъшэм хуэдитху къезгъэлэжьащ». 19 «Уэри къалитхум я тет узощІ», – жриІащ пщым абыи.
20 КъыкІэлъыкІуэ унэІутри къакІуэри, жиІащ: «Зи щІыхьыр ин, мис уи ахъшэр, хъыданым кІуэцІылъу щызгъэлъащ. 21 ЦІыху гущІэгъуншэу узэрыщытым щхьэкІэ сыпщышынащ, щумыгъэтІылъам къыщыбощтэ, тумысар Іубохыжри». 22 «Уэ езым къыбжьэдэкІа псалъэмкІэ узгъэкъуэншэнущ, унэІут мыхъумыщІэ, – жриІащ пщым абы. – ЦІыху гущІэгъуншэу сызэрыщытри, щызмыгъэтІылъам къызэрыщысщтэри, тезмысар зэрыІусхыжри щыпщІэкІэ, 23 си ахъшэр щхьэ Іуэху гуэрым хыумылъхьарэ, сыкъэкІуэжа нэужь, хэхъуэ сиІэн щхьэкІэ?»
24 Апхуэдэу щыхъум, пщым къыбгъэдэтхэм яжриІащ: «Мыбы иІыгъ ахъшэр къеІыфхи, пщІы зиІэм ефт». 25 «Зи щІыхьыр ин, абы пщІы иІэкъэ?» – жаІащ абыхэм. 26 «НывжызоІэ, зиІэм иджыри къратынущ, зимыІэм иІэри къытрахынущ, – жиІащ пщым. – 27 Тепщэ сахуэхъуну хуэмея си бийхэри мыдэ къафши, си пащхьэм щывукІ».
Хьисэ Ерусэлим зэрыдыхьар
28 Ар жиІэри, Хьисэ ЕрусэлимкІэ иунэтІащ. 29 ЗейтункІэ зэджэ Іуащхьэм къетІысэкІауэ къыІус жылэхэу Бэтфагрэ БэтэІинрэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъэсэнхэм щыщ цІыхуитІ абы игъэкІуащ, 30 мыпхуэдэу яжриІэри:
– Къыфпэщылъ жылэм фыкІуи, жылэм фыщыдыхьэкІэ, цІыху зэи темысауэ шыд шыщІэ епхауэ фрихьэлІэнущи, къыкІэрыфтІэтыкІи, къафшэ. 31 «Щхьэ къыкІэрыфтІэтыкІрэ?» жиІэу зыгуэр къывэупщІмэ, «Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ» жыфІэ.
32 Арати, ахэр кІуэри, Хьисэ къазэрыжриІам тету шыд шыщІэр къагъуэтащ. 33 Шыд шыщІэр къыщыкІэратІэтыкІым, ар зейхэр къеупщІащ:
– Щхьэ къыкІэрыфтІэтыкІрэ? – жаІэри.
34 – Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ, – ятащ абыхэм жэуап.
35 Шыд шыщІэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр траубгъуэри, Хьисэ трагъэтІысхьащ. 36 Ар шыд шыщІэм тесу здэкІуэм, цІыхухэм я щыгъыныр гъуэгум хутраубгъуэрт, пщІэ зэрыхуащІыр абыкІэ къагъэлъагъуэу. 37 Гъуэгум Зейтун Іуащхьэм зыкъыщригъэзыхым деж Хьисэ щынэсым, и гъэсэн къомым гуфІэгъуэр яІэу Тхьэм макъышхуэкІэ щытхъу хужаІэу щІадзащ, Іуэху телъыджащэхэр зэралъэгъуам щхьэкІэ. 38 Абыхэм мыпхуэдэу жаІэрт:
«Зиусхьэным и цІэкІэ къытхуэкІуэ пащтыхьыращ щІыхьыр зейр!
Уафэм мамырыгъэ щреІэ!
Уафэр зи хэщІапІэ Тхьэшхуэм псоми щІыхь хуращІ!»
39 ЦІыхубэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ зыкъыхуагъазэри къыжраІащ:
– УщиякІуэ, уи гъэсэнхэм я жьэр зэтрапІэну яжеІэ.
40 – НывжызоІэ, – жиІащ Хьисэ, – абыхэм я жьэр зэтрапІэмэ, мывэхэр макъышхуэкІэ джэнущ.
41 Хьисэ Ерусэлим нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ, къалэр щилъагъум, и гур къызэфІэзэрыхьарэ и нэпсым къызэпижыхьауэ, жиІащ:
42 – Мамырыгъэм ухуэзышэ гъуэгур уэ, Ерусэлим, нобэ къэплъэгъуатэмэ, сыгуфІэнут. Ауэ уэ ар иджыпсту къыбгурыІуэркъым. 43 Уи бийхэм щІы зэтетхъуакІэ укъыщаухъуреихьыну махуэхэр къыпхуэкІуэнущ. Укъаувыхьынурэ, лъэныкъуиплІымкІи къыщобгъэрыкІуэнущ. 44 Уэри уи цІыхухэри щІым щыщ фащІыжынущ, мывитІ зэтелъу къызэтранэнукъым, Тхьэм укъыщригъэлыну пІалъэр къызэрысар къызэрыбгурымыІуам щхьэкІэ.
Хьисэ сатуущІэхэр Тхьэм и Унэм къызэрыщІихужар
45 Хьисэ Тхьэм и Унэм щІыхьэри, сатуущІэхэр къыщІихун щІидзащ, 46 мыпхуэдэуи яжриІащ:
– Тхыгъэ ЛъапІэм и напэкІуэцІхэм Тхьэм мыпхуэдэу къыщыжеІэ: «Си Унэр тхьэлъэІупІэ унэ хъунущ», фэ ар хъунщІакІуэ тІысыпІэ фщІащ.
47 Хьисэ цІыхухэр Тхьэм и Унэм щиущийрт махуэ къэс. Ауэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, теурэт егъэджакІуэхэри, лъэпкъ тхьэмадэхэри Хьисэ зэрагъэкІуэдыным и ужь итт. 48 АрщхьэкІэ зэрагъэкІуэдын Іэмал къахуэгъуэтыртэкъым, Хьисэ цІыхур Іуву епщІауэ едаІуэрти.
20Лъэпкъ тхьэмадэхэр Хьисэ къызэреупщІар
1 Махуэ гуэрым, Хьисэ Тхьэм и Унэм цІыхухэр щиущийрэ, Тхьэм и хъыбарыфІыр иІуатэу здэщытым, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэр, теурэт егъэджакІуэхэр, лъэпкъ тхьэмадэхэр къыбгъэдыхьэри, къеупщІащ:
2 – ПщІэ псори пщІэну тепщэныгъэ къозытар къыджеІэт. Хэт хуит узыщІар?
3 – Сэри зы упщІэ фэстынущи, жэуап къызэфт, – жиІащ Хьисэ. – 4 ЦІыхухэр иумэхъыну Яхья къэзыгъэкІуар хэт? Тхьэра хьэмэрэ цІыхухэра?
5 – «Тхьэращ къэзыгъэкІуар» жытІэмэ, «атІэ Яхья жиІар щхьэ фи фІэщ фымыщІарэ?» къыджиІэнущ, – жаІащ абыхэм, зэчэнджэщри. – 6 «ЦІыхухэращ къэзыгъэкІуар» жытІэмэ, цІыхубэр мывэкІэ къыдэуэурэ даукІынущ, Яхья бегъымбару ялъытэри. – 7 Арати, Яхья къэзыгъэкІуар ямыщІэу жаІащ абыхэм.
8 – Абы щыгъуэ Сэри вжесІэнукъым сщІэр сщІэну хуит сызыщІар хэтми, – жиІащ Хьисэ.
ЖызумгъэкІ бзаджэхэм теухуа щІагъыбзэ
9 Хьисэ цІыхухэм щІагъыбзэ яжриІащ итІанэ:
– ЛІы гуэрым жызум хадэ игъэтІысри, жызумгъэкІхэм пІалъэкІэ яритащ. Яритри, езыр зыкъомрэ къэтыну ежьащ. 10 Жызумыр къыщыпачыж зэманыр къыщысым, и жызум Іыхьэр къригъэхьыну и унэІутхэм ящыщ зы жызумгъэкІхэм деж игъэкІуащ. Абыхэм унэІутыр яубэрэжьри, ІэнэщІу къаутІыпщыжащ. 11 Апхуэдэу къыщращІэм, зы унэІут игъэкІуащ аргуэру. АрщхьэкІэ ари къаубэрэжьщ, лей кърахри, ІэнэщІу къаутІыпщыжащ. 12 Ещанэуи зы унэІут игъэкІуащ, ауэ ари къауІэри, хадэм кърадзыжащ. 13 Апхуэдэу щыхъум, жызум хадэр зейм мыпхуэдэу жиІащ: «Сыт сщІэн? ФІыуэ слъагъу си къуэр згъэкІуэнщ, хэт ищІэрэ, абы пщІэ къыхуащІынкІэ мэхъу». 14 АрщхьэкІэ жызумгъэкІхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщри жаІащ: «Жызум хадэр зейм и мылъку псори къызыхуэнэнур мыращи, ар дывгъэукІи, мылъкур дыдей хъунущ». 15 Арати, щІалэр хадэм кърадзыжри яукІащ.
– Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищІэнур? – щІэупщІащ Хьисэ. – 16 ЯрищІэнуращ: къигъэзэжынурэ, жызумгъэкІхэр зэтриукІэнущ, жызум хадэр нэгъуэщІхэм яритынущ.
– Тхьэм къимыгъэхъукІэ апхуэдэ! – жаІащ цІыхухэм, ар щызэхахым.
17 Хьисэ абыхэм яхэплъэри, къыпищащ:
– Тхыгъэ ЛъапІэм ит мы псалъэхэм къикІыр сыт:
«УхуакІуэхэм зрамыпэсу хыфІадзэжа мывэр
унэ лъабжьэм и къуапэр зэрагъэбыдэ мывэ нэхъыщхьэ хъуащ»?
18 А мывэм теджалэ дэтхэнэри зэгуиудынущ, езы мывэр зытехуэ дэтхэнэри щІипІытІэнущ.
19 А щІагъыбзэр теурэт егъэджакІуэхэмрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ яхуэгъэзауэ зэрыщытыр къащыгурыІуэм, Хьисэ абдеж дыдэм щаубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цІыхубэм ящышынэрти, и гугъу ящІын тегушхуакъым.
Тезыр ахъшэм теухуауэ
20 Арати, теурэт егъэджакІуэхэмрэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ Хьисэ кІэлъыплъу щІадзащ. Абы къищынэмыщІауэ, щыпкъафэ зэтрагъэуауэ цІыху зыбжанэ кІэщІаутІыпщхьащ, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн псалъэ гуэркІэ къаубыду, Римым къигъэкІуа унафэщІым ирырагъэубыдын я гугъэу. 21 Ахэр Хьисэ къеупщІащ:
– УщиякІуэ, уи псалъэхэр зэрыпэжри, цІыхухэр пэжыгъэм тету зэрыбущийри, зэхэгъэж зэрумыщІри, Тхьэм и гъуэгур цІыхухэм пэжу зэребгъащІэри дощІэ. 22 АтІэ, дэ къайсэрым тезыр ахъшэ етт хъунрэ мыхъунрэ къыджеІэт.
23 Хьисэ абыхэм я бзаджагъэм гу щылъитэм, мыпхуэдэу яжриІащ:
24 – Зы динар сывгъэлъагъут. Хэт и сурэт абы тедзар? Хэт и цІэ абы тетыр?
– Къайсэрым и сурэтырщ, – жаІащ абыхэм.
25 – АтІэ апхуэдэу щыщыткІэ, къайсэрым ефтын хуейр къайсэрым ефт, Тхьэм ефтын хуейр Тхьэм ефт, – жиІащ Хьисэ.
26 Арати, цІыхухэм ялъагъуу къахуэубыдакъым Хьисэ абыхэм, уеблэмэ и жэуапыр яфІэтелъыджэ хъуауэ сабырыжащ.
ЛІахэр къызэрытэджыжынур Хьисэ къызэрыжиІар
27 ЛІахэр къызэрытэджыжынур зи фІэщ мыхъу садукейхэм ящыщ зыбжанэ Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщІащ:
28 – УщиякІуэ, Мусэ и Теурэтым итщ зыгуэрым и къуэшыр дунейм ехыжрэ и фызыр быныншэ фызабэу къанэмэ, лІар щІэблэншэ мыхъун щхьэкІэ, лІам и къуэшым фызабэр къишэжын хуейуэ. 29 Зэшибл псэурт. Нэхъыжьым фыз къишэри, сабий имыгъуэтауэ, дунейм ехыжащ. 30 Абы и ужькІэ етІуанэм и фызащ а цІыхубзыр, 31 итІанэ ещанэми и фызащ. Апхуэдэу зэшиблми я фызу щытащ ар, ауэ зэшиблри лІэжащ, сабий къащІэмынэу. 32 Заул дэкІри, езы фызри дунейм ехыжащ. 33 АтІэ зэшиблми я фызу щыта цІыхубзыр хэт зылъысынур лІахэр къыщытэджыжкІэ?
34 – Мы дунейм тет цІыхухэм зэрышэ я хабзэщ, – жиІащ Хьисэ. – 35 Ауэ лІахэм къахэтэджыкІыжу, къэкІуэну дунейм щыпсэуну зыхуагъэфэщэнухэр дэкІуэу, фыз къашэу щытынукъым. 36 ИкІи зэи лІэжынукъым, атІэ мелыІычхэм хуэдэу щытынущ. Ахэр Тхьэм и бынщ, Тхьэм лІахэм къахигъэтэджыкІыжащи. 37 Ауэ лІахэр къызэрытэджыжынур фщІэну фыхуеймэ, а Іуэхум и пэжыпІэр пыжьей чыцэм теухуа хъыбарым, Теурэтым итым, Мусэ нахуэу къыщегъэлъагъуэ. Мусэ Зиусхьэным абдежым зэреджэр Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я Тхьэущ. 38 Тхьэр лІахэр аркъым зи Тхьэр, атІэ псэухэрщ, Тхьэм дежкІэ псори псэущ.
39 Хьисэ ар щыжиІэм, теурэт егъэджакІуэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаІащ:
– Дэгъуэу жыпІащ, ущиякІуэ.
40 Арати, тегушхуэу, Хьисэ нэгъуэщІ гуэркІэ еупщІын къахэкІакъым абыхэм афІэкІ.
Мэсихьыр зи къуэр хэт?
41 Хьисэ аргуэру абыхэм еупщІащ:
– Мэсихьыр Даут и къуэу цІыхухэм щхьэ жаІэрэ? 42 Езы Даут Забурым* и напэкІуэцІхэм мыпхуэдэу къыщыжеІэ а Іуэхум теухуауэ:
«Зиусхьэным си Зиусхьэным къыжриІащ:
Уи бийхэр лъэгущІэтын пхуэсщІыху,
си ижьырабгъумкІэ къыщыс».
44 Аращи, езы Даут Мэсихьым ЗиусхьэнкІэ йоджэ. Апхуэдэу щыщыткІэ, Мэсихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур?
ФэрыщІагъэм зыщыфхъумэ
45 ЦІыхубэр къедаІуэу здэщытым, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ:
46 – Щыгъын кІыхь зыщыгъыу къэзыкІухьын зыфІэфІхэу, цІыху зэхуэсыпІэхэм деж сэлам къыщрахкІэ зи гур зыгъэфІ теурэт егъэджакІуэхэм фахуэсакъ. Абыхэм тхьэлъэІупІэ унэхэми Іэнэ къыщаІэт щІыпІэхэми тхьэмадэ тІысыпІэр щаубыдыну яфІэфІщ. 47 Фызабэхэм я мылъкур фІашх абыхэм, ауэ тхьэ щелъэІукІэ, цІыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкІэ, я лъэІур кІыхьу яукъуэдий я хабзэщ. Апхуэдэхэм тезыр ткІий къапоплъэ.
21Фызабэм и жумартыгъэр
1 Хьисэ плъэри, Тхьэм и Унэр зыдэт пщІантІэм щаІыгъ ахъшалъэм къулеижь гуэрхэм ахъшэ ирадзэу къилъэгъуащ. 2 ЩакІэлъыплъым, гу лъитащ фызабэ тхьэмыщкІэ гуэрми гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитІ ахъшалъэм зэрыридзэм.
3 – Пэжыр нывжызоІэ, – жиІащ Хьисэ, – мы фызабэ тхьэмыщкІэм псоми нэхърэ нэхъыбэ иридзащ; 4 сыту жыпІэмэ мы къулеижьхэм къадэхуэм щыщщ Тхьэм тыгъэ хуащІыр, ауэ мы фызабэм иІэу хъуар иридзащ ахъшалъэм, къулейсыз пэтрэ.
Тхьэм и Унэм къыщыщІынур Хьисэ къызэрыжиІар
5 Тхьэм и Унэр мывэ дахэкІэ, цІыхухэм къахьа тыгъэхэмкІэ гъэщІэрэщІауэ зэрыщытым цІыхухэр зэрытепсэлъыхьыр щызэхихым, Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ:
6 – Мы флъагъум щыщу мывитІ къызэтрамынэу щызэтракъутэну махуэхэр къэсынущ.
7 – УщиякІуэ, а зи гугъу пщІы зэманыр къыщысынур дапщэщ? Дауэ ар къызэрысар къызэрытщІэнур? Сыт хуэдэ нэщэнэ къыдэкІуэнур? – упщІэ къратащ Хьисэ.
8 – Фысакъ, зыми зыкъевмыгъэгъапцІэ, – жиІащ Хьисэ. – Сыту жыпІэмэ си цІэр зыфІащурэ куэд къыфхуэкІуэнущ, «Мэсихьыр сэращ!», «Зэманыр къэсащ» жаІэурэ. Абыхэм я ужь фимыувэ. 9 Зауэхэм, зэрыхьзэрийхэм я хъыбар зэхэфхмэ, фымышынэ. А тхьэмыщкІагъэхэр къэхъун хуейщ япэщІыкІэ, ауэ абы щыгъуэкъым дунейм и къэкъутэжыгъуэр.
10 Зы лъэпкъыр нэгъуэщІ лъэпкъым езэуэну къызэщІэтэджэнущ, зы къэралыр нэгъуэщІ къэралым езэуэну зыкъаІэтынущ. 11 ЩІыпІэ-щІыпІэкІэрэ щІыр ину щыхъеинущ, уз зэрыцІалэхэм зыщаубгъунущ, гъаблэ къыщыхъунущ. Уафэм нэщэнэ инхэр къыщылъэгъуэнущ, къэхъукъащІэ шынагъуэхэр къэхъунущ. 12 Ауэ а Іуэхугъуэхэр къэхъуным и пэ къихуэу, цІыхухэм фаубыдурэ гугъу фрагъэхьынущ си Іумэтым фызэритым щхьэкІэ. ТхьэлъэІупІэ унэхэм хьэкум къыщыфтращІыхьынущ, лъэхъуэщхэм фыщІадзэнущ, пащтыхьхэм, унафэщІхэм я пащхьэм фрашэнущ. 13 Мис абы щыгъуэ щыхьэт фыкъыстехъуэну Іэмал вгъуэтынущ.
14 Ауэ апхуэдэу къытщыщІынущ жыфІэу, зэрызывгъэхеину Іэмал къэвмыгупсыс. Ар фи гум быдэу ивубыдэ. 15 Фи жагъуэгъухэр къывэмыныкъуэкъуфын, къыфпэрымыуэфын папщІэ, Сэ губзыгъагъэ фхэслъхьэнущ, псалъэ Іущ фІурыслъхьэнущ. 16 Фыкъэзылъхуа фи адэ-анэхэр, фи къуэшхэр, фи Іыхьлыхэр, фи ныбжьэгъухэр къывэпцІыжынурэ, тепщэхэм фыІэщІагъэхьэнущ икІи языныкъуэхэр а тепщэхэм фаукІынущ. 17 Си цІэр зэрывгъэлъапІэм щхьэкІэ псори къыфтеплъэ мыхъуу щытынущ. 18 Ауэ зы налъэ фи щхьэцым хэкІуэдыкІынукъым. 19 ШыІэныгъэ зизыгъэІэм и псэр къригъэлынущ.
Хьисэ Ерусэлим къыщыщІынур къызэрыжиІар
20 – Ерусэлим дзэхэм къаухъуреихьауэ флъагъумэ, абы лъапсэрыхыр къыщыхуэкІуэну зэманыр къызэрыблэгъар зэвгъащІэ. 21 Ехьудей хэкум ис цІыхухэм бгы щІыпІэхэм зыщрагъэпщкІу абы щыгъуэ, Ерусэлим дэсхэр къалэм дрекІ, губгъуэм итхэр къалэм дремыхьэ. 22 Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Тхьэм мы лъэпкъым хуэфащэр ирищІэнущ а махуэхэм, Тхыгъэ ЛъапІэм ит псори къэхъун щхьэкІэ.
23 Фыз лъэщыджэхэми сабий быдзафэ зиІэхэми я дунейр мыгъуэ хъунущ а махуэхэм. Мы щІыпІэм ис цІыхухэм тхьэмыщкІагъэшхуэ къатепсыхэнущ икІи Тхьэм и ней къащыхуэнущ. 24 Языныкъуэхэр джатэкІэ яукІынущ, адрейхэр мажусий къэралхэм гъэру яхунущ. Ерусэлим и уэрамхэр мажусийхэм яутэу щытынущ, я пІалъэр икІыху.
Хьисэ къызэригъэзэжыным зэрытепсэлъыхьар
25 – Дунейм тет лъэпкъхэр тенджызым и толъкъун ябгэ къэукъубияхэм я макъ шынагъуэхэм икІи дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм къыщылъэгъуэну нэщэнэхэм ягъэгужьеярэ ящІэнур ямыщІэу къагъэнэнущ. 26 Дунейм къыщхьэщыхьэну тхьэмыщкІагъэм пэплъэ цІыхухэм шынэ къащтарэ пІейтеигъэм игъэмэхыу щытынущ, уафэм щыІэ къарухэр зэщІэсысэнущи. 27 ЦІыхум и Къуэм и къарур бгъэдэлърэ и щІыхьыр Іэтауэ пшэм хэту къакІуэу ялъагъунущ абы щыгъуэ. 28 Аращи, а Іуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, фи гур къызэрывгъэгъуэтыжи, фи щхьэр фІэт, Тхьэм щхьэхуит фыщищІыжыну зэманыр къэблэгъащи.
29 ЩІагъыбзэ къригъэжьащ Хьисэ итІанэ:
– Хъурмейм феплъ, адрей жыгхэми феплъ. 30 Жыгыр къэтІэпІу щыфлъагъум деж гъэмахуэр къызэрыблэгъар зыми къывжимыІэуи фощІэ. 31 Абы ещхьу, зи гугъу фхуэсщІа Іуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къызэрыблэгъар зэвгъащІэ. 32 Пэжыр нывжызоІэ, мы щІэблэр кІуэдыжынукъым, а псори къэмыхъуауэ. 33 Уафэмрэ щІылъэмрэ кІуэдыжынущ, ауэ си псалъэр кІуэдыжынукъым.
Мы дунейм епха Іуэхугъуэхэм фи псэр евмыгъэтхьэкъу
34 – Ефэ-ешхэным, фадэм, мы дунейм епха Іуэхугъуэхэм фи псэр евмыгъэтхьэкъу, а махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу къыфтемыпсыхэн щхьэкІэ. 35 Сыту жыпІэмэ а махуэр дунейм тету хъуам къапхъэн яхуэхъунущ. 36 Фи гумрэ фи псэмрэ жеипІэ евмыт, сыт щыгъуи тхьэ фелъэІу, а къэхъуну псоми фыкъызэрелын икІи ЦІыхум и Къуэм и пащхьэм фызэрихьэфын къару фиІэн щхьэкІэ.
37 Хьисэ Тхьэм и Унэм цІыхухэр щиущийрт махуэкІэ, ауэ пщыхьэщхьэ зэрыхъуу къалэм дэкІырти, Зейтун Іуащхьэм жэщыр щигъакІуэрт. 38 ЦІыхубэр жьыуэ къызэщІэтаджэрти, Тхьэм и Унэм къекІуалІэрт, Хьисэ жиІэм едэІуэн папщІэ.
22Лъэпкъ Хасэм хэтхэм Хьисэ зэраукІынІэмал къызэралъыхъуар
1 Пщагъэ зыхэмылъ щІакхъуэ щагъажьэ махуэ лъапІэхэу ІутІыжкІэ зэджэр къэблэгъат. 2 Дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ Хьисэ щэхуу зэраукІын Іэмал къалъыхъуэрт, нахуэу зыгуэр иращІэну цІыхубэм щышынэрти.
3 Хьисэ и гъэсэн пщыкІутІым ящыщ Ехьудэ ИшкІэриуэт и гур Іиблисым итхьэкъуащ абы щыгъуэ. 4 Ар дин гъуазэ нэхъыщхьэхэм, Тхьэм и Унэр зыхъумэхэм я унафэщІхэм деж кІуэри, Хьисэ абыхэм зэраІэщІигъэхьэну щІыкІэр ядиубзыхуащ. 5 Абыхэм ар я гуапэ дыдэ хъуащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ. 6 Ехьудэ абыхэм акъылэгъу ядэхъури, цІыхухэм ямыщІэу Хьисэ абыхэм зэраІэщІигъэхьэн Іэмал лъыхъуэн щІидзащ.
Хьисэ и гъэсэнхэм ІутІыж щынэр зэрадишхар
7 Пщагъэ зыхэмылъ щІакхъуэ щагъажьэ махуэ лъапІэхэм щыгъуэ ІутІыж щынэр щаукІ махуэри къэсащ. 8 Хьисэ Питрэсрэ Яхьярэ иригъэжьащ, мыпхуэдэу яжриІэри:
– ФыкІуи, ІутІыж щынэр тшхын папщІэ, Іэнэ къытхузэтевгъэувэ.
9 – Дэнэ къыщызэтедгъэувэну узыхуейр? – къеупщІащ ахэр Хьисэ.
10 – Къалэм фыдыхьа нэужь, кхъуэщынкІэ псы ихьу цІыхухъу гуэр фыІущІэнущ, – жиІащ Хьисэ. – Абы и ужь фиуви, ар зыдыхьэ пщІантІэм фэри фыдыхьэ. 11 Унэр зейм мыпхуэдэу жефІэ: «УщиякІуэр къоупщІыжащ: „Сэрэ си гъэсэнхэмрэ ІутІыж щынэр дэнэ щытшх хъунур“, жиІэри». 12 Абы фигъэлъагъунущ етІуанэ къатым тещІыхьа пэш Іэхуитлъэхуит зэлъыІухауэ. Мис а пэшым Іэнэ къыщытхузэтевгъэувэ.
13 Арати, ахэр кІуэри, Хьисэ къазэрыжриІа дыдэм хуэдэу псори къагъуэтащ. ІутІыж щынэр абы щагъэхьэзыращ.
14 Зэманыр къыщысым, Хьисэ къыхиха лІыкІуэ пщыкІутІыр и гъусэу Іэнэм пэрытІысхьащ.
15 – Згъэвын хуейуэ къыспэщылъ хьэзабым и пэ къихуэу мы ІутІыж щынэр вдэсшхыну хуабжьу сыхуеящ, – яжриІащ абыхэм Хьисэ. – 16 НывжызоІэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къэсрэ ІутІыжым и мыхьэнэ нэсыр зэщІа мыхъуауэ, Сэ ар афІэкІ сшхынукъым.
17 Хьисэ фалъэр къищтэщ, Тхьэм фІыщІэ хуищІри, жиІащ:
– Мы фалъэр къафщти, мыбы итым чэзууэ фефэ. 18 НывжызоІэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр къэсыху, Сэ санэ афІэкІ сефэжынукъым.
19 Хьисэ щІакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фІыщІэ хуищІщ, щІакхъуэр зэгуищІыкІри, и гъэсэнхэм яритащ, мыпхуэдэуи яжриІащ:
– Мы щІакхъуэр фэр папщІэ сты си пкъыращ. Фигу сыкъэвгъэкІыжын папщІэ, мы щІакхъуэр щыфшх махуэхэр хабзэу зивгъэІэ.
20 Шха нэужь, щІакхъуэ къызэрищтам хуэдэу, санэ зэрыт фалъэр къищтэри, и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ Хьисэ:
– Мы фалъэм итыр си лъырщ, фэр щхьэкІэ сщІэкІырщ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ ЗэухылІэныгъэщІэ Тхьэм цІыхухэм ярещІылІэ. 21 АрщхьэкІэ си бийхэм саІэщІэзыгъэхьэнур си гъусэу Іэнэм пэрысщ. 22 Пэжщ, Тхьэм иухауэ ЦІыхум и Къуэм къыщыщІын хуейр къыщыщІынущ, ауэ унэхъуащ ар тепщэхэм яІэщІэзыгъэхьэнур.
23 Хьисэ ар щыжиІэм, и гъэсэнхэр зэупщІыжащ, ар зыщІэфынур къахуэмыщІэу.
Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ІуэхутхьэбзащІэ ирехъу
24 Нэхъ ин дыдэу ябжын хуейм щхьэкІэ зэдауэрт а пщыхьэщхьэм Хьисэ и гъэсэнхэр.
25 – Мы дунейм тет пащтыхьхэр я цІыхухэм йопэгэкІ. Къэрал лІыщхьэхэр «ПсапащІэкІэ» зоджэж, – къригъэжьащ Хьисэ. 26 – Ауэ апхуэдэ зэхущытыкІэ фэ фяку дремылъ. ПщІэшхуэ зыхуащІу фэ къыфхэтыр пщІэ зимыІэм хуэдэу щрет. Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ІуэхутхьэбзащІэ ирехъу. 27 Хэт нэхъыщхьэр: Іэнэм пэрысыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Іэнэм пэрысыракъэ? АтІэ Сэ щхьэгъэрытым хуэдэу фэ сыфхэтщ.
28 Сыт хуэдэ гугъуехь згъэвами, фэращ си гъусар. 29 Си Адэм тепщэныгъэ къызэрызитам хуэдэу, фэри фызот, 30 си Тепщэныгъэр къэса нэужь, абы къыщаІэтыну гуфІэгъуэм фыхэту фыкъыздефэу, фыкъыздэшхэу си Іэнэм фыпэрысын щхьэкІэ. Тахътэхэм фытесу, израил лъэпкъым и къуэпс пщыкІутІым хьэкум ятефщІыхьынущ.
Симэн къыщыщІынур Хьисэ къызэрыжиІар
31 – Симэн, Симэн, – жиІащ Хьисэ. – МэкъумэшыщІэм гуэдзыр щІигъэпщурэ хьэуазэм къызэрыхигъэщхьэхукІым хуэдэу, фигъэунэхуну хуит къищІын щхьэкІэ Іиблисыр Тхьэм елъэІуащ. 32 Ауэ Сэ тхьэ сыпхуелъэІуащ уи фІэщхъуныгъэр пфІэмыкІуэдыну. Си гъуэгум укъытехьэжа нэужь, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.
33 – Зи щІыхьыр ин, уи гъусэу лъэхъуэщым сынэкІуэнуи си псэр стынуи сыхьэзырщ, – жиІащ Питрэс.
34 – Питрэс, ныбжызоІэ, пщэдджыжь адакъэ Іуэху сыкъыумыцІыхуу щэнейрэ жыпІэнущ.
ИтІанэ и гъэсэнхэм еупщІащ Хьисэ:
35 – Бохъшэншэу, хъуржыныншэу, вакъэншэу фыщезгъэжьам фэ зыгуэр фыщыщІа?
– ДыщыщІакъым, – жаІащ абыхэм.
36 – АтІэ дяпэкІэ ахъшэ зиІэм ахъшэ здрещтэ, хъуржын зиІэм хъуржын здрещтэ. Джатэ зимыІэм и щыгъын щІыІутелъыр ирещэжи, джатэ кърырещэху. 37 НывжызоІэ, сэ стеухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит мы псалъэхэр къэхъун хуейщ: «ЩІэпхъаджащІэхэм хабжащ». Сэ стеухуауэ бегъымбархэм жаІа псори куэд мыщІэу къэхъунущ.
38 – Зи щІыхьыр ин, мис, джатитІ диІэщ, – жаІащ абыхэм.
– Куэдщ а тІур.
Зейтун Іуащхьэм тету, Хьисэ и Адэм зэрелъэІуар
39 Хьисэ къалэм къыдэкІри, зэрихабзэу, Зейтун Іуащхьэм дэкІащ. И гъэсэнхэри кІэлъыдэкІащ. 40 ЗдэкІуэм щынэсым, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ:
– Гуэныхьым фимытхьэкъун щхьэкІэ, тхьэ фелъэІу.
41 Езыр лъэбакъуэ щэ ныкъуэ хуэдизкІэ ІукІщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, тхьэ елъэІун щІидзащ:
42 – Си Адэ, ухуеймэ, къыспэщылъ хьэзабым сыкъыІэщІэх. Ауэ Сэ сызэрыхуейуэ мыхъуу, Уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
43 Хьисэ зы мелыІыч уафэм къыхуехащ тригъэгушхуэну. 44 Хьисэ, и псэм телъ гузэвэгъуэшхуэм игъэхыщІэу, нэхъ гуащІэжу тхьэ елъэІурт. И пщІэнтІэпсыр лъым хуэдэу щІым теткІуэрт. 45 Тхьэ елъэІуа нэужь, Хьисэ и гъэсэнхэм къабгъэдыхьэжащ. Къащыбгъэдыхьэжым, гупсысейм игъэжеяуэ къарихьэлІэжащ.
46 – Щхьэ фыжейрэ? – жиІащ Хьисэ. – Фыкъэтэджи, тхьэ фелъэІу, гуэныхьым фимытхьэкъун щхьэкІэ.
Хьисэ зэраубыдар
47 Хьисэ псалъэу щытт иджыри, и гъэсэнхэм ящыщ зы, Ехьудэ зи цІэр, я пашэу цІыху гупышхуэ къыщыкІуам. Ехьудэ Хьисэ къыбгъэдыхьащ, ба къыхуищІын и мураду.
48 – Ехьудэ, ЦІыхум и Къуэр и бийхэм бакІэ яІэщІэбгъэхьэу ара? – жиІащ Хьисэ.
49 Хьисэ къеувэкІауэ щыт и гъэсэнхэм къэхъунур щалъагъум, мыпхуэдэу жаІащ:
– Зи щІыхьыр ин, джатэкІэ дахэуэн?
50 Хьисэ и гъэсэнхэм ящыщ зыр дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэм и унэІутым еуэри, и тхьэкІумэ ижьыр къыгуиупщІыкІащ.
51 – Щывгъэт! ФувыІэ! – яжриІащ абыхэм Хьисэ. Ар унэІутым и тхьэкІумэм теІэбэри, игъэхъужащ. 52 Зубыдыну къэкІуа дин гъуазэ нэхъыщхьэхэм, Тхьэм и Унэр зыхъумэхэм я унафэщІхэм, лъэпкъ тхьэмадэхэм мыпхуэдэу яжриІащ итІанэ:
– ХъунщІакІуэ фубыдыну фыкІуэ нэхъей фыкъысхуэкІуаи, джатэрэ башрэ фІыгъыу. 53 Тхьэм и Унэм фи гъусэу махуэ къэс сыщыщІэтым, сывубыдакъым. Иджы фи пІалъэр къэсащ. Іиблисыр хуит хъуащ.
Питрэс Хьисэ имыцІыхуу зэрыжиІар
54 Арати, Хьисэ яубыдри, дин гъуазэ нэхъыщхьэ дыдэм и унэм яшащ. Питрэс абыхэм жыжьэу якІэлъыкІуэрт. 55 ПщІантІэкум мафІэ иращІыхьу цІыхухэр щызэхэтІысхьэм, Питрэси абыхэм яхэтІысхьащ. 56 МафІэм и нэхур къытридзэу здэщысым, унэІут фыз гуэр набдзэгубдзаплъэу Питрэс къеплъри, жиІащ:
– Мыри Хьисэ и гъусащ.
57 – Сэ Ар сцІыхуркъым, цІыхубз, – жиІащ Питрэс.
58 Куэд дэмыкІыу нэгъуэщІ гуэрми гу къылъитэри, мыпхуэдэу къыжриІащ Питрэс:
– Уэри абыхэм уащыщщ.
– Хьэуэ, сащыщкъым, – идакъым Питрэс.
59 Зы сыхьэт хуэдиз дэкІауэ, аргуэру зыгуэрым къыхигъэзыхьу къыжриІащ:
– Пэж дыдэу, мыри Абы и гъусащ, Гэлилейм щыщщи.
60 – КъэдаІуэ зэ, – жиІащ Питрэс, – уэ зи гугъу пщІыр сэ къызгурыІуэркъым. – Питрэс ар щыжиІэм ирихьэлІэу адакъэ Іуащ. 61 Зиусхьэным зыкъригъэзэкІри, Питрэс къеплъащ. Къыщеплъым, Питрэс Хьисэ къыжриІауэ щыта мы псалъэхэр игу къэкІыжащ: «Пщэдджыжь адакъэ Іуэху, сыкъыумыцІыхуу щэнейрэ жыпІэнущ».
62 Апхуэдэу щыхъум, Питрэс пщІантІэм къыдэкІри, гухэщІу гъащ.
Хьисэ зыхъумэхэм зэрагъэпудар
63 Хьисэ зыхъумэхэр къыщыдыхьэшхырт, къеуэрт. 64 И нэр щапхыкІауэ къеупщІырт:
– Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеІэ, – жаІэурэ.
65 НэгъуэщІ мыхъумыщІагъэ Іэджи ирапэсащ абыхэм Хьисэ.
Хьисэ Лъэпкъ Хасэм хэтхэм я пащхьэм зэрырагъэувар
66 Лъэпкъ Хасэм* хэт тхьэмадэхэри, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, теурэт егъэджакІуэхэри пщэдджыжьым жьыуэ зэхуэсащ. Щызэхуэсым, Хьисэ яшэри, абыхэм я пащхьэ ирагъэуващ.
67 – Мэсихьыр уэрамэ, къыджеІэ, – къыпаубыдащ абыхэм Хьисэ.
– ВжесІэми, фи фІэщ хъунукъым, 68 сынывэупщІми, жэуап къызэфтынукъым, – жиІащ Хьисэ. – 69 Ауэ ЦІыхум и Къуэр Тхьэшхуэу зи къарур иным ижьырабгъумкІэ къыщысынущ дяпэкІэ.
70 – АтІэ Тхьэм ури-Къуэу жыбоІэ? – къеупщІащ Хьисэ ахэр.
– Фэри жыфІакъэ Тхьэм сри-Къуэу, – яритыжащ жэуап Хьисэ.
71 – Сыт хуэдэ щыхьэт дэ иджыри дызыхуейр? – жаІащ абыхэм. – Езым и жьэкІэ псори къыджиІащ!
23Хьисэ унафэщІ Пилат деж зэрашар
1 Псори къызэщІэтаджэри, Хьисэ Пилат деж яшащ итІанэ. 2 Абыхэм Хьисэ мыпхуэдэу ягъэкъуаншэрт:
– Мыбы ди лъэпкъыр егъэщхьэрыуэ. Къайсэрым еттын хуей тезыр ахъшэр «евмыт» яжреІэ цІыхухэм, Мэсихьу, пащтыхьу зигъэІуу дубыдащ.
3 – Уэ журтхэм урапащтыхьу ара? – еупщІащ абы Пилат.
– Уэращ жызыІэр, – жиІащ Хьисэ.
4 – Мы цІыхум къуаншагъэ кІэрыслъагъуэркъым, – яжриІащ Пилат дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ цІыху зэхэтхэмрэ.
5 – Ехьудейм дэнэкІи лъэпкъыр щызэІещІэ и ущиехэмкІэ. Гэлилейм къыщыщІидзэри, мыбы къэсащ, – жаІэурэ, хагъэзыхьырт абыхэм Пилат.
Хьисэ лІыщхьэ Хьирэд деж зэрашар
6 Пилат «Гэлилей» псалъэр щызэхихым, мыпхуэдэу жиІащ:
– Мыр Гэлилейм щыщу ара?
7 Хьирэд щытепщэ щІыпІэм Хьисэ зэрыщыщыр Пилат къыщищІэм, Ар Хьирэд деж иригъэшащ, Хьирэд а махуэхэм Ерусэлим къэкІуауэ щыІэти. 8 Хьисэ щилъагъум, Хьирэд хуабжьу гуфІащ, Абы и хъыбар зэхиххэм щхьэкІэ илъагъуну куэд щІауэ хуейти. Хьисэ и нэщэнэ телъыджэхэм щыщ илъагъунырт нэхъри и нэ къызыхуикІыр. 9 УпщІэ куэд иритащ абы Хьисэ, ауэ Хьисэ жэуап къритыжакъым. 10 Дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ теурэт егъэджакІуэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт. 11 Хьирэдрэ абы и зауэлІхэмрэ Хьисэ къыщыдыхьэшхщ, ауан къащІщ, Хьирэд Ар щыгъын лъапІэкІэ къихуапэри, Пилат деж къригъэшэжащ. 12 Хьирэдрэ Пилатрэ зэбийуэ щытат, ауэ а махуэм зэфІ хъужащ.
Хьисэ укІ зэрытралъхьар
13 Пилат дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, лъэпкъ унафэщІхэри, цІыхубэри зэхуишэсри, 14 мыпхуэдэу яжриІащ:
– Мы цІыхум лъэпкъыр зэІищІэу жыфІэри, си деж къэфшащ. Сэ Абы фи пащхьэм сыщеупщІащ, ауэ фэ Ар зэрывгъэкъуаншэ щІэпхъаджагъэхэр сэ Абы дэслъагъуркъым. 15 Хьирэди Абы къуаншагъэ дилъэгъуакъым, аращ къыщІригъэшэжари. Зэрыфлъагъущи, мы лІым укІ щІытетлъхьэн къуаншагъэ ищІакъым. 16 Аращи, удын трезгъэдзэнщи, сутІыпщыжынщ.
17 (Хабзэ хъуауэ, ІутІыж махуэшхуэм ирихьэлІэу, Пилат лъэхъуэщым щІэсхэм ящыщ зы журтхэм къахуиутІыпщыжын хуейт.)
18 ЦІыхухэр зэрыгъэкІиящ:
– Хьисэ укІ телъхьи, Бэрыбэ къытхуэутІыпщыж! – жаІэри. 19 Къалэдэсхэр къызэрызэщІиІэтам икІи цІыху зэриукІам щхьэкІэ лъэхъуэщым щІадзауэ щІэст Бэрыбэр.
20 Пилат цІыхухэм захуигъэзащ аргуэру, Хьисэ иутІыпщыжын и мураду. 21 АрщхьэкІэ абыхэм хьэргъэшыргъэ къаІэтауэ:
– Жорым еІулІ ар! Жорым еІулІ! – жаІэрт.
22 – Сыт хуэдэ щІэпхъаджагъэ Мыбы илэжьар? – жиІэри Пилат цІыхухэм ещанэу еупщІащ. – УкІ щІытеслъхьэн къуаншагъэ сэ Мыбы кІэрылъу слъагъуркъым. Удын трезгъэдзэнщи, сутІыпщыжынщ.
23 Ауэ цІыхухэр нэхъ иныжу зэрыгъэкІийурэ, Пилатыр къыхагъэзыхьырт Хьисэ жорым ирырагъэІулІыну. 24 Щымыхъужым, Пилат цІыхухэр зыхуейр игъэзэщІэну мурад ищІащ. 25 ЦІыхубэр къызэщІэзыІэтэу цІыху зыукІар лъэхъуэщым къахущІигъэкІыжри – арат икІи цІыхухэр зыщІэлъэІур – къызэхуэсахэр зыхуейр Хьисэ ирищІэну триубыдащ.
Хьисэ жорым зэрыраІулІар
26 Хьисэ укІыпІэм щашэм, Курэн къалэм щыщ лІы гуэр, Симэн и цІэу, зауэлІхэм яубыдщ, жорыр и плІэм иралъхьэри, Хьисэ и ужьым иту ихьыну ирахулІащ. Симэн губгъуэм къикІыжу арат. 27 Хьисэ и ужьым иту цІыху куэд кІуэрт. ЦІыхухэм бзылъхугъи яхэтт, пыхьэрэ Ар ягъейуэ. 28 Хьисэ, абыхэм захуригъэзэкІри, жиІащ:
– Еууей, Ерусэлим ипхъухэ, Сэ сывмыгъейуэ, фи бынхэмрэ фи щхьэмрэ вгъеямэ, нэхъыфІт; 29 сыту жыпІэмэ «Фыз мылъхуэхэр, сабий зимыІахэр, быдзышэкІэ сабий зымыгъэшхахэр насыпыфІэщ» щыжаІэну махуэхэр къыфхуэкІуэнущ. 30 ЦІыхухэр бгыхэм елъэІунущ абы щыгъуэ: «Фыкъыттеджалэ!» – жаІэурэ, Іуащхьэхэм елъэІунущ: «ДыщІэвуфэ!» – жаІэурэ. 31 Сыту жыпІэмэ псыкІэ гъэнщІа жыгым мыпхуэдэу щращІэкІэ, жыг гъуар дауэ къелын?
32 Хьисэ и гъусэу жорым ираІулІыну бзаджащІитІ яшэрт. 33 Ахэр ЩхьэкъупщхьэкІэ зэджэ щІыпІэм нэсри, Хьисэ жорым ираІулІащ. БзаджащІитІри, зыр ижьырабгъумкІэ, адрейр сэмэгурабгъумкІэ къыщыту, ираІулІащ.
34 – Си Адэ, мыбыхэм ящІэр къагурыІуэркъыми, къахуэбгъэгъуну сынолъэІу, – жиІащ Хьисэ.
ЗауэлІхэм пхъэидзэ ящІри, Хьисэ и щыгъыныр зэхуагуэшащ. 35 ЦІыхубэр Хьисэ еплъу зэхэтт. Лъэпкъ унафэщІхэм мыпхуэдэу жаІэрт, Хьисэ ауан ящІурэ:
– НэгъуэщІ цІыхухэр къригъэлу щытащ, иджы Езым зыкърырегъэлыф, Ар Тхьэм къыхиха Мэсихьу щытмэ.
36 ЗауэлІхэми Хьисэ ауан ящІырт. Бгъэдыхьэрти, гуащІэ хъуа санэ и Іупэм ирахьэлІэрт, 37 мыпхуэдэу жаІэурэ:
– Журтхэм урапащтыхьыр пэжмэ, зыкъегъэлыфыт.
38 Хьисэ и щхьэщыгум хуэзэу пхъэбгъу пІащІэ кІапэ кІэраукІащ, «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» жиІэу тетхауэ.
39 Хьисэ и гъусэу ираІулІа бзаджащІитІым я зыр Абы къехъурджауэрт:
– Мэсихьыр Уэракъэ? Уэрамэ, дыкъегъэл, Уэри зыкъегъэл! – жиІэурэ.
40 Ауэ адрей бзаджащІэр мыдрейм и жьэр зэтригъэпІэну хэтт:
– Тхьэм ущышынэркъэ? Абы тралъхьар уэри птелъкъэ? 41 Дэ ттелъыр захуэу къыттралъхьащ икІи тщІам хуэфащэр дагъэпшыныж. Мыр пщІэ мыхъун лъэпкъ имыщІауэ жорым ираІулІауэ кІэрылъщ, – жиІэурэ.
42 А бзаджащІэр Хьисэ къелъэІуащ итІанэ:
– Хьисэ, пащтыхь ухъуауэ къыщыбгъэзэжкІэ, уигу сыкъэгъэкІыж.
43 – Пэжыр ныбжызоІэ, – жриІащ абы Хьисэ. – Нобэ си гъусэу жэнэтым ущыІэнущ.
Хьисэ зэрылІар
44 Шэджагъуэ щыхъум, дыгъэр иубыдри, а щІыпІэр дэнэкІи кІыфІыгъэм щІиуфащ, сыхьэтищ хъуху. Тхьэм и Унэм и кІуэцІым фІэлъ Іупхъуэшхуэр тІууэ зэгуэтхъащ. 46 И макъым ину зригъэІэтри:
– Си Адэ, си псэр пІэщІызолъхьэ, – жиІащ Хьисэ. Ар жиІэри, и псэр хэкІащ.
47 А псори щилъагъум, Тхьэм щІыхь хуищІри, зауэлІхэм я пашэм мыпхуэдэу жиІащ:
– Мы лІыр, пэж дыдэу, цІыху щыпкъэу щытащ.
48 Хьисэ жорым зэрыраІулІым еплъыну къызэхуэса цІыхубэм къэхъуар щалъагъум, гуауэ ящыхъуарэ я бгъэгум иуэжу зэбгрыкІыжащ. 49 Хьисэ зыцІыхухэр нэхъ пыІукІуэтауэ къаплъэу зэхэтт, Хьисэ и гъусэу Гэлилейм къикІа бзылъхугъэхэри абыхэм ящІыгъуу.
Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщІалъхьар
50 Исуф и цІэу лІы гуэр Лъэпкъ Хасэм хэтт. Ар цІыхуфІт, цІыху щыпкъэт. 51 Лъэпкъ Хасэм Хьисэ укІ хуигъэфащэу унафэ къыщищтам, Исуф а унафэр Хасэм ядищтатэкъым. Ар езыр Ехьудейм хиубыдэ Хьэримэтей жылэм щыщт, Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщыкІуэнум пэплъэрт. 52 Арати, ар Пилат деж кІуэри, Хьисэ и хьэдэр къаритыжыну елъэІуащ. 53 ИтІанэ Хьисэ и хьэдэр жорым къыкІэрихыжщ, джэбын къришэкІри, къыр бгъуэщІым къыхэІущІыкІа кхъэлэгъунэм щІилъхьащ. А кхъэлэгъунэм зэи хьэдэ щІэлъатэкъым. 54 Мэрем пщыхьэщхьэт, щэбэтыр къэблэгъат.
55 Хьисэ и гъусэу Гэлилейм къикІа бзылъхугъэхэр Исуф и ужьым иту кІуэри, кхъэлэгъунэр здэщытыр зрагъэщІащ, хьэдэр зэрыщІалъхьэми еплъащ. 56 ИтІанэ къагъэзэжри, мэ дахэ къызыхих дагъэрэ щІыфэщыхуэрэ къагъэхьэзыращ, хьэдэм щахуэну. Теурэт хабзэм зэрыжиІэмкІэ, щэбэт махуэм зыри ящІэ хъунутэкъыми, а махуэм загъэпсэхуащ.
24Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар
1 Тхьэмахуэ махуиблым и япэ махуэм , нэхулъэ къищІа къудейуэ, бзылъхугъэхэр кхъэлэгъунэм кІуащ, ягъэхьэзырауэ щыта дагъэхэр яІыгъыу. 2 Щынэсым, кхъэлэгъунэм ІугъэукІурияуэ Іулъа мывэшхуэр Іумылъыжу ирихьэлІащ. 3 Кхъэлэгъунэм щыщІыхьэм, Зиусхьэн Хьисэ и хьэдэр абы щІэлъу ягъуэтакъым. 4 Къэхъуар къагурымыІуэу здэщытым, я пащхьэм цІыхухъуитІ напІэзыпэм къиуващ, зэщІэлыдэ щыгъынкІэ хуэпауэ. 5 Бзылъхугъэхэр шынауэ, я щхьэхэр щрагъэзыхым, цІыхухъуитІым мыпхуэдэу жаІащ:
– Сыт псэур лІахэм я деж къыщІыщыфлъыхъуэр? 6 Ар мыбы щІэлъыжкъым, лІахэм къахэтэджыкІыжащ. Гэлилейм щыщыІам Абы къывжиІауэ щытакъэ 7 ЦІыхум и Къуэр гуэныхьлыхэм ІэщІалъхьэн, жорым ираІулІын зэрыхуейр икІи ещанэ махуэм лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур?
8 Хьисэ апхуэдэу жиІауэ зэрыщытар абыхэм ягу къэкІыжащ. 9 Арати, абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъэсэн пщыкІузми абыхэм я гъусэхэми псори хуаІуэтэжащ. 10 А бзылъхугъэхэм я цІэхэр мыращ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрям, Иухьанэ, Екъуб и анэ Мэрям, нэгъуэщІхэри. Ахэращ Хьисэ и лІыкІуэхэм къэхъуар яхуэзыІуэтэжар. 11 АрщхьэкІэ абыхэм я псалъэм къикІ щымыІэу къалъытащ мыдрейхэм, я фІэщи хъуакъым. 12 Ауэ Питрэс къэтэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу щыщІэплъэм, джэбын фІэкІа зыри илъэгъуакъым. ИтІанэ къэхъуар игъэщІагъуэу, къыІукІыжащ.
Хьисэ и гъэсэнитІым къазэрыІущІар
13 Хьисэ и гъэсэнхэм ящыщ цІыхуитІ Ерусэлим километр пщыкІузкІэ пэжыжьэ Емэус жылэм кІуэрт а махуэм. 14 Иужьрей махуэ зыбжанэм я нэгу щІэкІарат зытепсэлъыхьыр ахэр. 15 Зэпсалъэрэ зэдауэу здэкІуэм, Хьисэ абыхэм ябгъэдыхьэри гъусэ захуищІащ. 16 АрщхьэкІэ абыхэм Хьисэ къацІыхужакъым, я нэхэм тепхъуэ телъ хуэдэти.
17 – Гъуэгуанэ фытету фызытепсэлъыхьыр сыт? – еупщІащ абыхэм Хьисэ.
ТІуми я нэгур зэхэуауэ, къэувыІащ.
18 – Ерусэлим къэкІуахэм уэ зым уи закъуэу къыщІэкІынщ мы махуэхэм абы къыщыхъуар зымыщІэр, – жиІащ зым, Клеопэ зи цІэм.
19 – АтІэ сыт Ерусэлим къыщыхъуауэ жыхуэфІэр? – еупщІащ абы Хьисэ.
– Нэзэрэт щыщ Хьисэ иращІаращ зи гугъу тщІыр, – жаІащ абыхэм. – Ар и ІуэхущІафэкІи и ущиекІи бегъымбар лъэщу Тхьэми цІыхухэми я пащхьэм итащ. 20 Ауэ Абы дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ ди лъэпкъ унафэщІхэмрэ укІ тралъхьэри, жорым ирырагъэІулІащ. 21 Ара ди гугъэрт израил лъэпкъыр щхьэхуит дызыщІыжынур. АрщхьэкІэ нобэ махуищ мэхъу Ар зэраукІрэ. 22 Ауэ дэ къытхэт бзылъхугъэхэм Іуэху телъыджэ къыджаІащ. Ахэр нышэдибэ жьыуэ кхъэлэгъунэм кІуат, 23 ауэ Хьисэ и хьэдэр ямыгъуэту къагъэзэжри, мелыІычитІ ялъэгъуауэ къыджаІащ. МелыІычхэм Хьисэ псэууэ жаІащ. 24 Дэ тщыщ гуэрхэри кІуати, бзылъхугъэхэм зэрыжаІам хуэдабзэу ирихьэлІащ. Ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым.
25 – Сыту жьажьэ фи акъылыр, – жиІащ Хьисэ. – Бегъымбархэм жаІар фи фІэщ фхуэмыщІу ара? 26 Мэсихьым, щІыхьышхуэ игъуэтын и пэ къихуэу, а псори игъэвын хуейуэ щытакъэ?
27 Хьисэ Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэм щригъажьэри, Езым теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм иту хъуар ягуригъэІуащ итІанэ.
28 ЗдэкІуэ жылэм пэгъунэгъу щыхъум, Хьисэ къэмыувыІэу и гъуэгу адэкІэ пищэну мурад зэриІэр яригъэщІащ. 29 Ауэ мыдрей тІур Хьисэ хуабжьу къелъэІуащ:
– Ди гъусэу къанэ. Махуэр егъэзыхыгъуэ хъуащ, пшапэ зэхэуэгъуэщ, – жаІэри.
КъыщелъэІум, Хьисэ акъылэгъу хъури, абыхэм я гъусэу къэнащ.
30 Хьисэ абыхэм Іэнэм ядэтІысри, щІакхъуэ къищтащ. Тхьэм фІыщІэ хуищІщ, щІакхъуэр зэгуищІыкІри, мо тІум яхуишиящ. 31 Абдежым абыхэм я нэр къэплъэжри, Хьисэ къацІыхужащ, ауэ езы Хьисэ бзэхыжащ.
32 – Гъуэгум къыщыдэпсалъэу, Тхыгъэ ЛъапІэр щытхузэпкърихым, ди гур хигъахъуэртэкъэ, дигъэгушхуэртэкъэ Абы? – ягъэщІэгъуащ абыхэм.
33 Арати, ахэр занщІэу къэтэджри, Ерусэлим ягъэзэжащ. Щынэсыжым, Хьисэ и гъэсэн пщыкІузым, нэгъуэщІхэри я гъусэу зэхэсу, ярихьэлІэжащ.
34 – Зиусхьэныр, пэж дыдэу, лІахэм къахэтэджыкІыжащ, Ар Симэн къыхуэкІуащ! – жаІащ зрихьэлІэжахэм.
35 Мыдрей тІуми Хьисэ гъуэгу къазэрыдытетари щІакхъуэ зэгуищІыкІа нэужь къызэрацІыхужари яІуэтэжащ.
Хьисэ и гъэсэнхэм къазэрыхуэкІуар
36 Ар щаІуэтэж дыдэм, Хьисэ езыр абыхэм къахыхьэри:
– Тхьэм и сэлам фызох, – жиІащ.
37 Мыдрейхэм хьэдрыхэпсэ ялъагъу къафІэщІри, хуабжьу къэщтащ, гужьеящ.
38 – Щхьэ фыгужьея? – жиІэри еупщІащ абыхэм Хьисэ. – Щхьэ шэч къэфхьрэ? 39 Си Іэми си лъакъуэми фыкъеплъ – ар Сэращ! ФыкъызэІуси, феплъ, хьэдрыхэпсэм Сэ сызэрыту флъагъу Іэпкълъэпкъым хуэдэ иІэкъым.
40 Ар жиІэри, и Іэмрэ и лъакъуэмрэ яригъэлъэгъуащ. 41 Ахэр апхуэдизкІэ къэгуфІати, ар зэры-Хьисэр я фІэщ яхуэмыщІу ягъэщІагъуэрт. Хьисэ абыхэм еупщІащ:
– Шхыныгъуэ гуэр мыбдежым фыщиІэ? – жиІэри.
42 Зы бдзэжьей Іыхьэ гъэжьауэ хуашиящ. 43 Щыхуашийм, къаІихри, я пащхьэм щишхащ.
44 ИтІанэ захуигъазэри, мыпхуэдэу яжриІащ:
– Сыщывигъусам вжесІауэ щытатэкъэ Мусэ и Теурэтми, бегъымбархэм я тхылъхэми, Забурми Сэ стеухуауэ ит псори къэхъун зэрыхуейр.
45 Хьисэ ар жиІэщ, и гъэсэнхэм Тхыгъэ ЛъапІэр къагурыІуэн папщІэ, зэхэщІыкІыныгъэ яритри, 46 къыпищащ:
– Мэсихьым хьэзаб зэришэчынури, зэрылІэнури, махуэ ещанэм лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынури Тхыгъэ ЛъапІэм итщ. 47 Мыпхуэдэуи итщ: Ерусэлим щыщІэдзауэ дунейм цІыхуу тету хъуам я гуэныхьхэр Тхьэм къахуигъэгъун папщІэ, псоми Мэсихь и цІэкІэ тобэ къахьыжын зэрыхуейр дэнэкІи щагъэІунущ. 48 Фэ а Іуэхугъуэ псоми щыхьэт фытехъуэнущ. 49 Си Адэм къывитыну фыкъызэригъэгугъар Сэ къыфхуэзгъэкІуэнщ, ауэ къалэм зэкІэ фыдэмыкІ, уафэм къикІыу къару къыфхуемыхауэ.
Хьисэ уафэм зэрыдэкІуеижар
50 Хьисэ ахэр къалэм къыдишри, БэтэІин жылэм нэс здишащ. И ІитІыр иІэтри, и гъэсэнхэм Тхьэм и цІэкІэ яхуэхъуэхъуащ. 51 Здэхъуахъуэм, и гъэсэнхэм нэхъ я пэІэщІэ хъуурэ, уафэм дэкІуеижащ. 52 И гъэсэнхэм я щхьэр щІым еІусэу, Абы щхьэщэ хуащІщ, гуфІэгъуэшхуэр яІэу Ерусэлим ягъэзэжри, 53 Тхьэм и Унэм Тхьэм щІыхь щыхуащІ зэпыту щытащ.