Инус бегъымбарым и хъыбар

Инус Тхьэм и псалъэр къыщыхуехыу щиІуэтар ди эрэр къэмыунэху щІыкІэ еянэ лІэщІыгъуэращ. А зэманым Израилым и къэрал гъунапкъэхэм фІыуэ заубгъуат, куэд щІауэ журтхэм къеныкъуэкъу Ассирием и лъэкІыныгъэр къэтІэсхъат. Ассирием и къалащхьэ Нинуй дэсхэм Зиусхьэну Тхьэшхуэм и тезырыр къазэрыхуэблэгъар кІуэуэ яхуиІуэтэныр и жагъуэ дыдэт Инус, и лъэпкъым куэд щІауэ къебийхэм Тхьэр яхуэгумэщІэнкІэ шынэрти.

Тхьэм узэрыІэщІэкІыфын Іэмал зэрыщымыІэр, Абы и къарур зэрыиныр, итІани Ар зэрыгущІэгъулыр тхылъым къыдегъащІэ. Езым къыхиха лъэпкъым щыщ бегъымбар ерыщым и закъуэкъым Тхьэр зыхуэгумащІэр, зи гуэныхьхэр зыхуигъэгъур, атІэ цІыху мин куэд зыдэс мажусий къалэшхуэми игу щІэгъуащ Тхьэм, къалэдэсхэм тобэ къызэрахьыжу, ящІам зэрыхущІегъуэжу.

Тхьэм и гур сыт хуэдэ цІыхуми хуэхуабэу, хуэгумащІэу зэрыщытыр, жагъуэгъухэм хуэгущІэгъуншэу, щхьэхуещэу щыт Инусым зэремыщхьыр хъыбарым нэрылъагъу ещІ.

1

Инус Тхьэм и унафэр имыгъэзэщІэну мурад зэрищІар

1 Амыт и къуэ Инус Зиусхьэным и псалъэ къыхуехащ:

2 – Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кІуэи, абы дэс цІыхухэм си тезыр къазэрытепсыхэнур яжеІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я щІэпхъаджагъэхэм я хъыбар си деж къэсащ, – жиІащ Тхьэм.

3 Инус тэджщ, Зиусхьэным ІэщІэкІыну мурад ищІри, ТаршишкІэ зэджэ щІыпІэ пхыдзам кІуэну ежьащ. Хы Іуфэм Іус Яфэ къалэм щынэсым, Таршиш кІуэ кхъухь къигъуэтщ, гъуэгупщІэ яритри итІысхьащ. Апхуэдэу, Инус Зиусхьэным ІэщІэкІыну мурад зэрищІам тету, Таршиш кІуэну ежьащ.

4 Ауэ Зиусхьэным жьышхуэ къригъапщэщ, тенджызым и гущІыІум толъкъун лъагэхэм закъыщригъэІэтри, кхъухьыр щІилъэфэн гъунэгъу хъуащ. 5 ХылІхэр гужьеящи, щхьэж и тхьэ йолъэІу, хьэпшып хьэлъэхэр ирадз, кхъухьыр нэхъ псынщІагъуэ ящІын щхьэкІэ.

Инус кхъухьым и лъабжьэм ехауэ ІэфІу жейрт абы щыгъуэ.

6 Кхъухьым и тетыр Инус деж ехщ, къигъэушри:

– Щхьэ ужейрэ? Тэджи, уи тхьэм елъэІу; хэт ищІэрэ, игу дыкъэкІыжмэ, псым дримыгъэтхьэлэу дыкъригъэлынкІэ хъунщ, – жриІащ.

7 ХылІхэм жаІащ:

– Пхъэидзэ дывгъэщІи, мы дызыхэхуа гузэвэгъуэр зи лажьэр къэдывгъащІэ.

Пхъэидзэ ящІри, Инус и пхъэр къикІащ.

8 Апхуэдэу щыхъум, ахэр Инус еупщІащ:

– Мы дызыхэт гузэвэгъуэр зи лажьэр хэтми къыджеІэ. Уи ІэщІагъэр сыт? Дэнэ укъикІрэ, дэнэ ущыщ, сыт хуэдэ лъэпкъ укъызыхэкІар? – жаІэри.

9 – Сэ сыжуртщ, щІылъэмрэ тенджызымрэ къэзыгъэщІауэ, уафэм щыІэ Тхьэуэ Зиусхьэныр зылъытэхэм сащыщщ, – жэуап яритыжащ абыхэм Инус.

10 Инус Зиусхьэным ІэщІэкІын мурад зэриІэр кхъухьым исхэм щажриІэм, я гур кІуэдыпауэ къехъурджэуащ ахэр:

– Апхуэдэу щхьэ пщІа? – жаІэри.

11 Толъкъунхэр нэхъ ябгэ хъууэ щалъагъум, ахэр Инус еупщІащ:

– Тенджызыр сабырыжын щхьэкІэ сыт уэтщІэн хуейр? – жаІэри.

12 – Псым сыхэвдзи, сабырыжынущ. Сэ сощІэ толъкъунхэр си зэранкІэ къызэрыфтегуплІар, – яритыжащ жэуап Инус.

13 АрщхьэкІэ цІыхухэм кхъухьбэлагъхэмкІэ нэхъ хуабжьыжу псыр щІатхъун щІадзащ, псы Іуфэм есылІэн я гугъэу, ауэ къайхъулІэртэкъым, толъкъунхэр нэхъ ябгэжу къэукъубияти. 14 Зыри щымыхъужым, Зиусхьэным елъэІуащ ахэр:

– ДынолъэІу, Зиусхьэн, мы лІым и псэм дызэреІэм щхьэкІэ думыгъэкІуэд, псым зэрыхэддзэр гуэныхь тщумыщІ, лажьэ имыІэу къыщІэкІмэ. Зиусхьэныр Уэращ, узыхуейр къыбогъэхъу, – жаІэри.

15 Абдежым Инус псым хадзащ, зэрыхадзэуи, псыр сабырыжащ. 16 ХылІхэр хуабжьу щышынащ Зиусхьэным, къурмэн хуаукІащ, псалъи ятащ Ар иджыри ягъэлъэпІэну.

2

Инус Тхьэм зэрелъэІуар

1 Зиусхьэным и ІэмыркІэ Инус бдзэжьеишхуэм иригъэлъэтэхри, абы и кІуэцІым жэщищрэ махуищкІэ исащ.

2 Бдзэжьейм и кІуэцІым здисым, Зиусхьэну и Тхьэм елъэІуащ Инус:

3 – Гузэвэгъуэшхуэм сыхэту сынолъэІуати,

дэІэпыкъуэгъуншэу сыкъэбгъэнакъым.

Хьэдрыхэм и гущІэм силъу сыноджати сызэхэпхащ.

4 Хым и кууупІэм сыхэбдзэри,

псы уэрхэр къыстебгъэджэлат,

Уи толъкъун ябгэхэр си щхьэщыгум щызекІуэт.

5 СигукІэ жысІащ абы щыгъуэ:

«Уи щІыб къысхуэбгъэзауэ гу къыслъыптэжкъым,

ИтІанэми уи Унэ лъапІэр иджыри слъагъунущ».

6 Псым сыщІилъафэри,

кууупІэ щІэншэм сыщІэтІысыкІат,

псыхэкІэ удзхэм си щхьэм зыкърашэкІат.

7 Бгым и лъабжьэм сыщІэхуэри,

игъащІэкІэ сыкъыщІэмыкІыфыну

щІым сыщІихъумат.

Ауэ Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ,

а псэзэпылъхьэпІэм псэууэ сыкъыхэпшащ!

8 Зиусхьэн, си псэр пыт къудейуэ,

сигу укъэкІыжри,

зыныщыпхуэзгъазэм, си лъэІур зэхэпхащ,

уи Унэ лъапІэм нэсащ.

9 Тхьэ нэпцІхэр зыгъэлъапІэхэм къыпхуаІэн хуей пэжыгъэр ІэщІыб ящІащ.

10 Ауэ сэ, фІыщІэ пхуэсщІыурэ,

къурмэн пхуэзукІынущ,

узэрызгъэгугъар згъэзэщІэнущ.

Зиусхьэныращ дыкъезыгъэлыр!

11 Абы иужькІэ, Зиусхьэным бдзэжьейр къигъэжьыкхъури, Инус ныджэм къытрыригъэдзэжащ.

3

Инус Тхьэм и унафэр зэригъэзэщІар

1 Зиусхьэным и псалъэ етІуанэу къыхуехащ Инус:

2 – Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кІуэи, бжесІар абы дэс цІыхухэм яхуэІуатэ.

3 Инус тэджри Зиусхьэным къызэрыжриІам тету Нинуй къалэ кІуащ. Нинуй къалэр апхуэдизкІэ инти, махуищ нэхъ мащІэкІэ пхузэпычынутэкъым. 4 Арати, Инус къалэм дыхьащ. МахуэкІэ кІуа нэужь, къэувыІэри, цІыхухэм мыпхуэдэ псалъэкІэ захуигъэзащ:

– Махуэ плІыщІ дэкІмэ, Тхьэм Нинуй зэтрикъутэнущ, – жиІэри.

5 Нинуйдэсхэм ар щызэхахым, Тхьэм и псалъэр я фІэщ хъуащ, нэщІ ихьащ, цІыкІуи ини, зыри къэмынэу псоми чэтэн джанэ кІыхь зыщатІэгъащ .

6 Нинуй къалэм и пащтыхьым деж а хъыбарыр щынэсым, и тахътэм къытекІщ, и пащтыхь щыгъыныр зыщихщ, абы ипІэкІэ чэтэн джанэ зыщитІагъэри, сахуэм хэтІысхьащ. 7 Пащтыхьым къыбгъэдэкІыу къалэм мыпхуэдэу щагъэІуащ:

– Пащтыхьымрэ и блыгущІэтхэмрэ я унафэкІэ цІыхуми, Іэщ пІащэми, Іэщ цІыкІуми зыри яшхи ирафи хъунукъыми, Іэщыр хъуакІуэ дэвмыгъэкІ. 8 ЦІыхум имызакъуэу Іэщми чэтэн щэкІ тефпхъуи, Тхьэм фыхудэкъугъей, дэтхэнэ зыми щІэпхъаджагъэ лэжьыныр, лей зехьэныр щырырегъэт. 9 Хэт ищІэрэ, Тхьэр хущІегъуэжмэ, и губжьыр къыттримыкъутэу дыкъелынкІэ хъунщ.

10 Тхьэм къалэдэсхэм ящІар, лей зехьэныр зэрыщагъэтар щилъагъум, хущІегъуэжри, насыпыншагъэу къахуигъэкІуэну жыхуиІар къахуигъэкІуакъым.

4

Тхьэм и гущІэгъум Инус къызэригъэгубжьар

1 Инус хуабжьу и жагъуэ хъуащ ар икІи къэгубжьащ. 2 Зиусхьэным зыхуигъазэри жриІащ:

– Зиусхьэн, Іуэхур апхуэдэу зэрыхъунур си унэ сыщІэсу жысІатэкъэ? СыщІэпхъуэу Таршиш сыщІежьари аращ. Уи гум цІыхухэм фІы зэрахуилъыр, гущІэгъу зэрахууиІэр, узэрытэмакъкІыхьыр, уи гур цІыхум яхуэхуабэ зэпыту зэрыщытыр, уи тезырым ухущІегъуэжыну узэрыхьэзырыр сщІэрт. 3 Иджы, Зиусхьэн, си гъащІэр сІыхыж, сыпсэу нэхърэ сылІэмэ нэхъыфІщ.

4 – Абы щхьэкІэ укъэгубжь хъурэ-тІэ? – жиІэри, Зиусхьэныр Инус къеупщІащ.

5 Инус къалэм дэкІри, абы и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ къэтІысащ. ПщыІэ игъэуври, жьауапІэм щІэтІысхьащ, къалэм къыщыщІынур илъагъун щхьэкІэ.

6 Зиусхьэну Тхьэм къэкІыгъэ къигъэкІри Инус нэхърэ нэхъ лъагэу зригъэІэтащ, абы и щІагъ жьауэм щІигъэсын, и гур дахэ хуищІыжын щхьэкІэ. Инус хуабжьу щыгуфІыкІащ къэкІыгъэм.

7 Тхьэм и ІэмыркІэ, етІуанэ махуэм, нэхулъэ къищІа къудейуэ, хьэпІацІэм къэкІыгъэм и лъабжьэр щІишхыкІри, къэкІыгъэр гъужащ. 8 Дыгъэм зиІэта нэужь, къуэкІыпІэмкІэ къикІыу жьы хуабей къригъэпщащ Тхьэм. Инус дыгъэ бзий гуащІэм апхуэдизкІэ къыхигъэзыхьат, и къарур щІихати, ажал къыхуигъэкІуэну елъэІуащ.

– Сыпсэу нэхърэ сылІэмэ нэхъыфІщ, – жиІэри.

9 Тхьэр Инус еупщІащ:

– КъэкІыгъэр зэрыгъужам щхьэкІэ угубжь хъурэ-тІэ?

– Хъунущ, – жиІащ Инус. – Сызэгуэудыным хуэдэущ сызэрыгубжьар!

10 Зиусхьэным къыпищащ итІанэ:

– Гугъу узыдемыхьа, къыумыгъэкІа, жэщым къэкІыу етІуанэ махуэм гъужа къэкІыгъэм уигу щІэгъуащ уэ. 11 АтІэ Сэ дауэ сигу щІэмыгъунрэ Іэ ижьымрэ сэмэгумрэ зэхэзмыгъэкІыфу цІыху минищэрэ тІощІым щІигъу зыдэс Нинуй къалэшхуэм, абы я Іэщ хъушэхэм дауэ сащымысхьынрэ?